Кавказ Ищхъэрэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я ассоциацэм
2018-04-17
- Урысей Федерацэм и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и хэщIапIэу Псыхуабэ дэтым махуэку кIуам щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и хъы-барегъащIэ IэнатIэхэм я ассоциацэм (АСМИ) и правленэм и зэIущIэ. Абы щыхэплъэжащ нэгъабэ яхузэфIэкIахэмрэ мы гъэм къапэщылъ къалэнхэмрэ.
- ЗэIущIэр къызэIуихащ Урысей Федерацэм и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и къуэдзэ Галактионов Андрей. Абы и къэпсэлъэныгъэм гулъытэ хэха щыхуищIащ Кавказ Ищхъэрэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я ассоциацэм иригъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм икIи къыхигъэщащ щIыналъэм щыпсэухэм я гупсысэ тэмэмыр зэфIэгъэувэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр.
- Кавказ Ищхъэрэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я ассоциацэм и унафэщI Баканов Вадим къызэхуэсахэм фIэхъус ярихри, яригъэцIыхуащ АСМИ-м и гъэзэщIа-кIуэ директору иджыблагъэ ягъэува Якушев Александр. АдэкIэ утыку кърихьащ 2018 гъэм ассоциацэр зэрылэжьэну планыр.
- Къызэхуэсахэр къыкIэлъыкIуэу тепсэлъыхьащ журналист IэзагъымкIэ щызэпеуэну «Медиа Кавказ» конкурсыр къызэгъэпэща зэрыхъуну щIыкIэм. Жылагъуэ жэрдэмхэмкIэ щIыналъэхэм зэдай «Кавказ Ищхъэрэ» центрым и гъэзэщIакIуэ директор Магомедовэ Залмэ и къэпсэлъэныгъэм къыщыхигъэщащ «Медиа Кавказ» саугъэтым щIэбэныным мыхьэнэшхуэ зэриIэр икIи къыхуриджащ конкурсым хэтыну материалхэр и чэзум тэмэму къагъэхьыну. КъищынэмыщIауэ, зэIущIэм кърихьэлIахэр абы щигъэгъуэзащ Кавказ Ищхъэрэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я ассоциацэм нэгъабэ иригъэкIуэкIа зэпеуэм кърикIуахэм. Щхьэхуэу тепсэлъыхьащ АСМИ-м 2018 гъэм конкурсым къыхилъ-хьа жэрдэмхэмрэ жюрим и лэжьыгъэр егъэфIэкIуэ-нымкIэ чэнджэщхэмрэ.
- И къэпсэлъэныгъэм и етIуанэ Iыхьэм Магомедовэ Залмэ хэIущIыIу ищIащ Кавказ Ищхъэрэм и хъыбар- егъащIэ IэнатIэхэм я V зэхуэсыр къэгъэлъэгъуэнымкIэ КИФЩI и АСМИ-м хэтхэм ялэжьам икIи утыку кърихьащ Грознэм щызэхэтыну Кавказ Ищхъэрэм я СМИ-м я VI Дунейпсо форумыр гъэхьэзырынымрэ егъэкIуэкIынымкIэ лэжьыпхъэхэр.
- Къаудыгъу Заур.