УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Белавенцев Олег КурортологиемкIэ Пятигорск дэт къэрал щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым Iэ щиIэтащ
2018-03-20
- Бюллетеныр щридзэм абы къызэхуэсахэм ягу къигъэ-кIыжащ Кърымыр Урысейм щыщ зэрыхъужрэ илъэсиплI зэрырикъуар икIи а гуфIэгъуэри къыхыхьэжауэ, гукъыдэж иIэу Iэ иIэтыну къызэрыкIуар.
- «Сыхуейщ ди япэ итахэр зэрыгушхуэу щыта хабзэфIхэр ди бынхэм яхъумэну икIи ахэр ягъэбэгъуэну. Апхуэдэу сэ шэч къытесхьэркъым илъэс гъунэгъухэм къриубыдэу зэрыщыту ди къэралми, абы и Iыхьэ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэми хуабжьу зэрызаужьынум» — жиIащ Белавенцев Олег.
- Президентым и лIыкIуэм къигъэлъэгъуащ хэхыныгъэхэр Кавказ Ищхъэрэм тэмэму зэрыщекIуэкIыр, псом хуэмы-дэу, а махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и хэхакIуэхэм жыджэрагъышхуэ къызэрагъэлъагъуэр.
- УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым
- щыIэм и аппаратым и пресс-IуэхущIапIэ.