2018-03-20
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий Iэ щиIэтащ Налшык къалэм дэт гимназие №14-м
- къыщызэрагъэпэща хэхыпIэ участкэ №107-м
- ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр зыщIэупщIахэм жэуап щритым абы къыхигъэщхьэхукIащ: «Шэч хэмылъу, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэр нобэрей хэхыныгъэхэм жыджэру хэтынущ икIи абыхэм ящIыгъуу сэ Iэ соIэт ди къэкIуэнум, къэралыр лъэщ щIы-ным, ди хэку иным, ди Къэбэрдей-Балъкъэр дахащэм папщIэ».
- Гъатхэпэм и 18-м Къэбэрдей-Балъкъэрым хэхыпIэ участкэу 354-рэ щылэжьащ. Абыхэм кIэлъыплъакIуэу 700-м щIигъу щыIащ. Дэтхэнэ участкэми видеокамерэхэр щылэжьащ, хэхыныгъэр зэрекIуэкIым Интернетым ущыкIэлъыплъ хъууэ. Урысей Федерацэм и Президентыр хэхы- ным хэтащ республикэм щыIэ туристу мини 5-м щIигъу.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
- КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ: «КъэкIуэнум папщIэ Iэ доIэт»
- КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ Урысей Федерацэм и Президентыр щыхах махуэм Iэ щиIэтащ КъБКъУ-м и щIыхьэпIэ нэхъыщхьэм къыщызэрагъэпэща хэхыпIэ участкэ №147-м. Зэрихабзэу, ар хэхыныгъэм къекIуэлIащ зэрыщыту и унагъуэр щIыгъуу. Бюллетеныр щридзэм Егоровэ Татьянэ зыдигъэIэпыкъуащ и къуэрылъху цIыкIухэр. Абы къызэрилъытэмкIэ, дэтхэнэри щысабийм щегъэжьауэ граждан жэуаплыныгъэм хуэгъэсэн хуейщ. ИужькIэ журналистхэм щепсалъэм КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым жиIащ Урысейм дяпэкIи зиужьын папщIэ нэхъ сэбэп хъуфыну къилъытэ кандидатым папщIэ Iэ зэриIэтар.
- — Нобэ и пэжыпIэкIэ махуэшхуэщ. Хэхыныгъэрщ къэралыр зехьэным дэтхэнэ зы цIыхури хэтын папщIэ нэхъ Iэмал тэмэм дыдэр. Гъатхэпэм и 18-р абы и лъэныкъуэкIэ зыми яхуэбгъадэ мыхъун махуэщ. Сыту жыпIэмэ дэ ди къэралым и Президентыр хыдох, икIи ди къэкIуэнур, ди бынхэм, абыхэм я быныжхэм я къэкIуэнур къыхэтхыу жыпIэ хъунущ.
- Пщэдерей махуэр зэрыщытынур къызыфIэмыIуэху цIыху щыIэу къыщIэкIынкъым. Абы къыхэкIыу къанэ щымыIэу ди лъахэгъухэр хэхыпIэ участкэхэм къекIуэлIэну согугъэ. АтIэми Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм сы-тым дежи граждан жыджэрагъышхуэ яхэлъщ икIи ноби Iэ зэраIэт щIыкIэмкIэ апхуэдэ жыджэрагъыр аргуэру зэ абыхэм къагъэлъэгъуэну къыщIэкIынщ, — жиIащ Егоровэ Татьянэ.
- КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.