ХабзэщIэм и гугъу щащIащ
2017-12-07
- КъБР-м ЛэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм дыгъэгъазэм и 4-м ще-кIуэкIащ Афганистаным щызэуахэм я Урысейпсо зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и правленэм и зи чэзу зэIущIэ.
- «ХьэрычэтыщIэу щымыт къызэгъэпэщыныгъэхэм (НКО) ящыщу жылагъуэм хуэщхьэпэ, социальнэ и лъэныкъуэкIэ мыхьэ-нэ ин зиIэ IуэхущIафэхэр зылэжьхэр» фIэщыгъэм щIэту къызэрагъэпэща зэхыхьэр ирырагъэхьэлIащ Ныкъуэдыкъуэхэм я дунейпсо махуэмрэ Сэлэт мыцIыхум и махуэмрэ. ЗэIущIэм хэтащ Iуэхум къегъэщIылIа IуэхущIапIэхэмрэ министерствэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ я лIыкIуэхэр.
- — НКО-хэм ятеухуа хабзэр (законыр), ди лъэкIыныгъэхэмрэ ди пщэрылъхэм-рэ хэзыгъахъуэр, къызэращтэрэ куэд щIакъым, мы зэкIэ и гъэзэщIэкIэ псори, зэрыщытыпхъэу, зэрымыубзыхуари къыдгуро-Iуэ. АтIэми, дыхуейт властым и гъэзэщIакIуэ органхэмрэ министерствэхэмрэ я лIыкIуэхэр хабзэщIэм нэхъ зэхэщIыкIыгъуэу фытхутепсэлъыхьыну, — жиIащ КъБР-м и Парламентым и депутат, Афганистаным щызэуахэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и правленэм и унафэщI Тхьэгъэлэдж Тимур, къахуеблэгъахэм защыхуигъазэм. — Социальнэ и лъэныкъуэкIэ дгъэзащIэ Iуэхутхьэбзэхэр пщалъэ хэгъэунэхукIам хуэдгъэкIуэнымкIэ длэжьыпхъэхэр къыщыгъэлъэгъуа тхылъхэми дахуэныкъуэнущ.
- Зэхыхьэм хэтахэр апхуэ-дэу тепсэлъыхьащ ны-къуэдыкъуэхэр, зауэ зэжьэхэуэныгъэхэм я ветеранхэр, абыхэм я унагъуэхэр зыхуей-зыхуэныкъуэхэм хуэгъэзэным, я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ щыIэ Iэмалхэр егъэфIэкIуэнымкIэ хабзэщIэр къызэрагъэсэбэп хъуну щIыкIэхэм, нэгъуэщIхэми.
- Афганистаным щызэуахэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэм деж куэд дэмыкIыу къыщызэIуахынущ «Доминанта» зыфIаща щIыналъэ екIуэлIапIэр (офис). Ар дэлэжьэнущ Урысейм и пенсионнэ фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм, республикэм и министерст-вэхэмрэ властым и гъэзэщIакIуэ органхэмрэ. АбыкIэ хъыбар ирагъэщIащ зэIущIэм къыщызэхуэса-хэм.
- Зэхыхьэм и кIэухым ирырагъэхьэлIэри, социальнэ проектыр пхыгъэкIыным жыджэру хэлэжьыхьа къулыкъущIэхэм зэгухьэныгъэм и цIэкIэ медалхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ иратащ.
- Ныкъуэдыкъуэхэм я махуэм и щIыхькIэ, КъБР-м ЛэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкIыу, тыгъэ цIыкIухэр ветеранхэм хуагуэшащ.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.