ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

УсакIуэ щэджащэр ягъэлъапIэ

2017-10-25

  • Жэпуэгъуэм и 20-м КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ балъкъэр усакIуэ Кулиев Къайсын къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум теухуауэ республикэм щрагъэкIуэкIы-ну дауэдапщэхэм зэрыхуэхьэзырым щытепсэлъыхьа зэIущIэ.
  •  
  • Абы къыщыпсэлъащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдинрэ Шэджэм щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ ТекIушэ Артуррэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, усакIуэ щэджащэр къызэралъхурэ мы гъэм илъэси 100 зэрырикъум иращIэкIы-       ну дауэдапщэхэр зыубзыхуну, кIэлъыплъыну комиссэр 2017 гъэм и пэм зэрызэхашар, ирагъэкIуэкIа, иджыри къапэщылъ Iуэхугъуэхэр абы и нэIэ зэрыщIэтыр.
  • УсакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса, Iыхьи 8-уэ зэхэт тхылъыр къызэрыдагъэкIыжам тепсэлъыхьащ Къумахуэр:
  • — Кулиев Къайсын щыпсэуа, музей ящIыжа унэм къыщызэрагъэпэщащ усакIуэшхуэм и тхылъ гъэлъэгъуэныгъэ, абы и щIыхькIэ Iуащхьэмахуэ тIэу дэкIащ ди гъунэгъу республикэхэм я лIыкIуэхэр зыхэта гуп. Чувашым, Тэтэрстаным, Кавказ Ищхъэ-рэм хиубыдэ щIыналъэхэм Кулиевым и фэеплъу щрагъэкIуэкIащ зэIущIэ, гъэлъэгъуэныгъэ зыбжанэ. Иджыпс-ту Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ зыхуагъэхьэзыр щэкIуэгъуэм щыIэну дауэдапщэхэм, — жиIащ министрым.
  • Шэджэм щIыналъэм и унафэщIыр тепсэлъыхьащ бэнэкIэ хуитымкIэ, сурэт щIынымкIэ, нэгъуэщIхэми теухуауэ ирагъэкIуэкIыну зэпеуэхэм.
  • Фырэ  Анфисэ.