ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэпкъхэр зэпэгъунэгъу ещI

2017-08-08

  • Ди газетым зэрытетащи, Тырку Республикэм и Къайсэр къалэм къепха адыгэ жылэжьхэм, Узун-Яйла щIыналъэкIэ зэджэм, Адыгэ щэнхабзэм и дунейпсо фестиваль щекIуэкIащ. МахуитIым къриубыдэу цIыху мин 20-м нэблагъэ щызэхуэса зэхыхьэр икъукIэ Iэтауэ икIи гукъинэжу зэхэтащ.
  •  
  • Нэхъапэм адыгэ нэхъыбэ щыпсэууэ щыта щIыпIэм исахэр зэхуэшэсыжын, лъэпкъ щIэинхэр къэгъэщIэрэщIэжын, къыдэкIуэтей щIэблэм адыгэм и зэхэтыкIэм-рэ щэнхабзэ лъагэмрэ егъэлъагъун, дэнэ къэрали щыпсэу ди шэрджэсхэр къешэлIэн мурад яIэу зэхашат фестивалыр. Ар фIы дыдэу къайхъулIащ къызэгъэпэщакIуэхэм, къищынэмыщIауэ, дигу хигъэхъуащ Тырку Правительствэм, Къайсэр вилайетым я тхьэмадэхэр Iуэхум зэрыхэтар, ди къуэш-шыпхъухэм зэрызыщIагъэкъуар, псалъэ дахэ куэд къызэрыхужаIар.
  • Дызэрыс къэралхэм я зэпыщIэныгъэхэр нэхъ быдэ ящIын, хэхэс адыгэхэмрэ хэкурысхэмрэ я зэкъуэшыныгъэр ирагъэфIэкIуэн мурадкIэ фестивалым ирагъэблэгъат Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм щыщ къэрал лэжьакIуэхэмрэ хасэхэм я лIыкIуэхэмрэ. Ди республикэм икIа гупым я пашэу щытащ КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзор. Ахэр Къайсэр вилайетым, къалэм я Iэтащхьэхэм зэрахуэзар, фестивалыр зэрекIуэкIар, абы кърихьэлIахэм я гурыгъу-гурыщIэхэр, ди лъэпкъэгъухэм ядэтлъэгъуахэмрэ къызэрыддэгуэшахэмрэ ятеухуа хъыбархэм яхухэтхащ нобэрей къыдэкIыгъуэм и 2-3-нэ напэкIуэцIхэр.