Гуп къыхэхам хагъэхьэнухэр
2017-08-08
- Дзэлыкъуэкъуажэ дэт «Юность» стадионым иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказым ис лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ спортымрэ я фестивалым и щIыналъэ Iыхьэр. Абы хэтащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ жылагъуэхэм къикIа командэ къыхэхахэр. Гупхэр зэпеуащ мини-футболымкIэ, IэпщэкIэ зэпекъунымкIэ, кIапсэкIэ зэпеIэнымкIэ, бгырыпх бэнэкIэмкIэ, кIапсэм дэпщеинымкIэ, хьэлъэ гъэIэпхъуэнымкIэ, хьэлъэ къэIэтынымкIэ, троеборьемкIэ, двоеборьемкIэ.
- ЩIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Джатэ Руслан зэхьэзэхуэхэр щыщIидзэм спортсменхэр къыхуриджащ гукъыдэж яIэу, пэжу зэпеуэну. КъищынэмыщIауэ, къыхигъэщащ шыщхьэуIум и 12-м Налшык къалэм щекIуэкIыну фестивалым и республикэ Iыхьэм ехъулIэныгъэ иIэу Дзэлыкъуэ щIыналъэм и командэм зыкъыщигъэлъэгъуэну зэрыщыгугъыр.
- Спортым къыдэкIуэу, а махуэр гъэнщIауэ щытащ щэнхабзэ программэкIи. КъекIуэлIахэм я пащхьэм зыкъыщагъэлъэгъуащ КъБР-м, КъШР-м, Адыгейм щIыхь зиIэ я артисткэ Тхьэгъэлэдж Светланэ, Къуэдзокъуэ Алим, Къущхьэ Светланэ, щIыналъэм и къэфакIуэ ансамблхэм.
- Зэхьэзэхуэхэр удэзыхьэхыу екIуэкIащ. Мини-футболымрэ 4х200 эстафетэмрэ нэхъ лъэщу къыщыщIэкIащ Сэрмакъ къуажэм и гуп къыхэхар. Зыхэта хьэлъагъхэм IэпщэкIэ зэпекъуным-кIэ пашэ щыхъуащ Жырыкъ Рустам (кг 65-рэ, Шордакъ), Къардэн Ислъам (кг 80, Дзэлыкъуэдэс), Къэрэгъул Хьэутий (кг 80-м щIигъу, Приречное). ПхъэлъакъуэхэмкIэ псом нэхърэ нэхъ псынщIэу гъуэгуанэр къызэпичащ Къамылыкъуэ къикIа Къанкъул Ислъам. Приречнэдэс Абыдэ Руслан хьэлъэр нэхъ жыджэру игъэIэпхъуащ. КIапсэшхуэм дэпщеинымкIэ зэпеуэм нэхъ Iэзэу къыщыщIэкIащ Дзэлыкъуэдэс щыщ КIуэкIуэ Аслъэн. Двоеборьем пашэныгъэр щиубыдащ Шордакъ къуажэм къикIа Жырыкъ Азрэт. Къанкъул Аскэр, Къамылыкъуэ къикIам, хьэлъэ къэIэтынымкIэ къыпэхъун зэпеуахэм яхэтакъым. Бгырыпх бэнэкIэмкIэ зэпеуа гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Къаскъул Азэмэт (кг 65-рэ, Совхознэ), Теувэжыкъуэ Iэуес (кг 85-м нэблагъэхэм я деж, ЯтIэкъуэ), БжэныкIэ Расул (кг 85-м щIигъу гупым, Дзэлыкъуэкъуажэ) сымэ. КIапсэшхуэмкIэ зэпекъуныр сытым дежи хуэдэу нэхъ удэзыхьэх хъуащ. Абыи пашэ щыхъуащ сэрмакъдэсхэр.
- ТекIуахэм район администрацэм и Iэтащхьэм къыбгъэдэкIыу иратащ кубокхэр, щIыхь тхылъ-хэр, медалхэр. Фестивалым и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр хагъэхъуэнущ республикэ зэхьэзэхуэм кIуэну командэ къыхэхам.
- Къэхъун Бэч