2017-06-24
- Щэнхабзэ
- Усыгъэм и аллеем зеубгъу
- ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ит усыгъэм и аллеер тхакIуихкIэ нэхъыбэ хъуащ. УсакIуэ цIэрыIуэ Отаров Керим къызэралъхурэ илъэси 105-рэ щрикъум ирихьэлIэу къызэрагъэпэща Iуэхум цIыху куэд зэхуишэсат. ЗыгъэпсэхупIэ хадэм иджы къыщыппожьэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Отаров Керим, Мокаев Магомед, КIуащ БетIал, Къэшэж Иннэ, Бабаев Ибрэхьим сымэ я IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэр тету мывэ къырым къы-хэщIыкIа «тхылъхэр».
- — Усыгъэм и аллеем цIыхубэ аллеекIэ деджэ хъуну къызолъытэ. ЗыгъэпсэхупIэ хадэм щыдгъэува тхылъ дэлъхьапIэм цIыхухэр куэду къызэрекIуалIэр тхылъым щIэупщIэ зэриIэм и щыхьэтщ. Аллеем нобэ зэрыхэдгъахъуэр ди республикэм а унэтIыныгъэм щиIэ пщIэмрэ усыгъэм и къарур зэрыинымрэ къегъэлъагъуэ. Абы усакIуэщIэхэр хэгъэхьэжыныр зи жэрдэмыр Котляровэ Мариерэ Отаровэ Риммэрэщ. Къыргъызым, Къэзахъстаным, Тэтэрстаным, Алтайм, Къалмыкъым къикIа ди хьэщIэхэм фIыщIэ яхуэсщIы- ну сыхуейщ. Апхуэдэ щхьэусыгъуэфIкIэ иджыри куэдрэ ди республикэм фыкъытхуеблэгъэну ди гуапэщ, — жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин зэхыхьэр къыщызэIуихым.
- КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Беппаев МутIэлиб къыщыпсалъэм республикэм и усакIуэ нэхъыфIхэм яхуэфащэ дыдэу зыгъэпсэхупIэ хадэм и лъагъупIэм я усэхэр тратхауэ къызэралъытэр къыхигъэщащ.
- — Усыгъэр — лъагъуныгъэм и бзэщ. УсакIуэ цIэрыIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр къыщыхэтхым куэдрэ дыгупсысащ, нэхъыфIыр къэтлъыхъуэу. Усэхэм я дэтхэнэ сатырри гум лъоIэс, абыхэм гъащIэр нэхъ IэфIу зыхыуагъащIэ. Мывэ къырым тхылъхэр къыхэзыбзыкIыу абы усэхэр тезытхэжахэр пщэдджыжьым жьыуэ къакIуэри, дэ зыри хэдмыщIыкIыу, усэхэм я япэ сатыр къэс дыщэпскIэ ятхыжащ, а усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIым и мыхьэнэр зэрылъагэр иджыри зэ къагъэлъагъуэу. Алеем трагъэкIуэда мылъкум и ныкъуэр Отаров Керим и фондым къыдитащ, адрей уасэ ныкъуэр къыхэзылъхьам и цIэр хэIущIыIу имыщIмэ нэхъ къищтащ, — жиIащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Котляровэ Марие.
- Фэеплъым тратха усэхэм къыщеджащ зэхыхьэм.
- Щомахуэ Залинэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
- Лъэпкъ Iуэху
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм щIалэгъуалэ къудамэ зэрегъэпэщ
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм и зэхуэс иджыблагъэ Налшык щекIуэкIащ. Абы къыщаIэта Iуэхугъуэ нэхъыщхьэм тепсэлъыхьыну, я жэрдэм къыхалъхьэну кърихьэлIат КъБР-м экстремизмэмрэ щIалэгъуалэ политикэмрэ япыщIа лэжьыгъэхэр щIыпIэхэм щызэгъэуIуэнымкIэ и министр Къуэшырокъуэ Залым, КъБР-м и Парламентым и депутат Iэпщэ Заур, Джылахъстэней, Дзэлыкъуэ, Аруан, Шэджэм, Бахъсэн щIыналъэхэм щыIэ хасэхэм я тхьэмадэхэр.
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ КъАХ-м и щIалэгъуалэ къудамэм хыхьэну хуейуэ зэгухьэныгъэ зыбжанэм лъэIу тхылъ къызэратхам икIи абыхэм я лIыкIуэхэр зэIущIэм къызэрырихьэлIар. Къызэхуэсахэр зрагъэцIыхуа нэужь, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд щIалэгъуалэм ехъуэхъуащ лъэпкъым къыхуэсэбэпын IуэхугъуэфIхэр ялэжьу, «Узэкъуэтмэ, улъэщщ» псалъэжьым и мыхьэнэр къагурыIуэу, я мурадым хущIемыгъуэжу хэкурылажьэ нэс дэтхэнэри хъуну. Апхуэдэу тхьэмадэм ныб-жьыщIэхэм яжриIащ къата тхылъхэм махуэ 20-м къриубыдэу хэп-лъэу, къыкIэлъыкIуэу зэхуэсыну Хасащхьэм унафэ къызэрыщащтэнур. А зэманым къриубыдэу абыхэм я къалэнщ анкетэхэр зэрагъэпэщыну, КъАХ-м и Уставым щыгъуазэ защIыну.
- Хасэм и пщэ къыдэхуэ къалэнхэр, лъэпкъым теухуауэ абы и мыхьэнэм и куэдагъыр ягу къигъэкIыжащ Хъуажь Фахъри. Тыркум къыщыхъуа, и хэкужь къэзыгъэзэжа ди лъэпкъэгъур къэзымыцIыху щIагъуэ адыгэм яхэткъым. Тырку къэралыгъуэм япэ дыдэу Адыгэ Хасэ къыщызэзыгъэпэщахэм ящыщщ Фахъри. Абы къызэхуэсахэм яжриIащ Тыркум щыпсэу адыгэхэм я гъащIэм хасэм мыхьэнэшхуэ щиIэу къызэрыгъуэгурыкIуэр.
- — Хасэм и къалэн нэхъыщхьэу сэ къэслъытэр — лъэпкъыр имыгъэбэлэрыгъыныр аращ, — жиIащ Фахъри. ЦIыхубэр къызэригъэушын Iуэху хасэм зэрихуэн хуейщ. Узэхуэсрэ тхылъымпIэ гуэрхэр птхырэ узэбгрыкIыжми мэхъу, ауэ абыкIэ лъэпкъым и пкъыр псыхьа хъуркъым. Тыркум щыIа хабзэхэмкIэ, къэралым дэмылажьэ хасэхэм ялъэкIыр нэхъ мащIэт, ауэ къэралым и унафэм щIэтхэм хуитыныгъэ яIэт федерацэ къызэрагъэпэщыну. Ауэрэ къалэ къэс зэхуашэсу щIадзащ хасэ, абыхэм я зэхуэсыпIэ унэ дэгъуэхэр яухуэу хуежьащ. Тыркум мы зэманым Адыгэ Хасэу 100-м нэблагъэ щыIэщ. Абыхэм ящыщу 58-р КАФФЕД-м и жьауэм щIэтщ. Адыгэу Тыркум щыпсэур я лъэпкъ IуэхукIэ зэкIуалIэр а хасэхэращ.
- Апхуэдэу Фахъри кIэщIу къытеувыIащ а хасэхэм ялэжьхэмрэ абыхэм хэкум хуэгъэзауэ яIэ гупсысэхэмрэ. Мелуан бжыгъэкIэ дуней псом щикъухьа ди лъэпкъэгъухэр я хэкумкIэ нэфIкIэ къэплъэн папщIэ, мыбдежым ди лъапсэр дгъэбыдэныр ди къалэн нэхъыщхьэу зэрыщытыр, хэкум къызэрагъэзэжыну гупсысэр я гум илъын папщIэ ахэр зыгъэгушхуэн Iуэхугъуэхэр егъэкIуэкIыпхъэу зэрыщытыр къыхигъэщащ абы.
- — Ди адэшхуэхэм яIэу щыта Хасэ хабзэр къэдвгъэщтэжи, аращ дэ хэкIыпIэу диIэр. Дэтхэнэ зы унагъуэми щыщу зы лIыкIуэ хэту хасэ зэхуэдвгъэшэси, псоми я гупсысэ жыдвгъэIэ, итIанэ ахэр зэхуэдвгъэхьэсыжи Хасащхьэм зы унафэ къэдвгъащтэ. АбыкIэ пажэ хъуну къэслъытэр Къэбэрдей Адыгэ Хасэращ, бжьыпэр зыIыгъынури аращ, абы и тхьэмадэрщ, тхьэм иригъэфIакIуэ, — къыщIигъуащ Хъуажь Фахъри.
- Министр Къуэшырокъуэ Залым къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIащ лъэпкъым ифI къызэрыкIын Iуэхухэр къызэрыхалъхьэм папщIэ икIи щIалэгъуалэм захуигъэзащ мы псалъэхэмкIэ:
- — Иужьрей зэманым къэралым щекIуэкIхэм щыщ куэд лъэпкъ Iуэхум игъэпIейтей щIалэгъуалэм пхэнжу къыщыгурыIуэ щыIэщ къемызэгъхэр. Абы къыхэкIыу къыхуеджэныгъэ къагъэсэбэп, Конституцэмрэ хабзэмрэ къимытIасэхэр зылэжьхэми, ди жагъуэ зэрыхъунщи, уарохьэлIэ. Апхуэдэхэр къыхыхьэн хуейкъым лъэпкъ Iуэхум. Ди нэхъыжьхэм яхэлъа адыгагъэмрэ цIыхугъэмрэ ди гъуазэу мы зызыхъуэж дунейм зэрызыщытхъумэжыным яужь дитмэ нэхъыфIщ. Терроризмэмрэ диныр пхэнжу къызыгурыIуэхэмрэ зыдрамыгъэхьэхыу, лъэпкъ Iуэхум теухуауэ фIэгъэнапIэ къамылъыхъуэу, зэгурыIуэу, лъэпкъым сэбэп хуэхъуну Iуэхугъуэхэр зэдалэжьу ди щIалэгъуалэр зэдэпсэумэ ар нэхъ къекIущ. КъэкIуэнур зейр фэращ! Къэралыр, республикэр тхъумэжмэ, лъэпкъри хъума хъунущ, ди акъылыр зэтехуэу абы иужь дитын хуейщ. Мы зэманым щIалэгъуалэмрэ властымрэ нэхъыбэу зэрощIэ, зэдолажьэ. Гугъуехьхэр здэщымыIэм къыщывмылъыхъуэу, мыхъумыщIагъэхэм къыхуезыджэу интернетым фы-зыщрихьэлIэхэм зыдевмыгъэхьэхыу къэралым, лъэпкъым фазэрыхуэлэжьэным фыхущIэкъу.
- Ди гупсысэр дыгъуасэрей махуэу, дызыхуейр пщэдейуэ, дызыхэпсэукIыр нобэу — ар къекIуркъым. Ди гупсысэм зегъэужьын хуейщ. Лъэпкъым теухуауэ дызыхуей псори зы махуэкIэ зыIэрыдгъэхьэфынукъым. НобэкIэ тхузэфIэкIыр тщIэуэ, къэкIуэнуми дегупсысу дызэдэлажьэмэ, абы кърикIуэнур нэхъыфIщ.
- ЖаIэхэм едаIуэ къудей мыхъуу, псалъэмакъым жыджэру хэтащ Хасэм къекIуэлIа щIалэгъуалэри. Ахэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм тепсэлъыхьащ, адэкIэ я лэжьыгъэр зэрызэтраублэну щIыкIэхэм я гугъу ящIащ.
- НафIэдз Мухьэмэд къыхилъхьащ интернетым сайт къыщызэIуахмэ, Хасэм хэтхэр нэхъ тыншу зэпыщIа зэрыхъунур, абы я лэжьыгъэр нэхъ псынщIэ зэрищIынур. Абы и жэуапу ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къажриIащ Адыгэ Хасэм и сайт къызэгъэпэщыным мы зэманым иужь зэритыр икIи мыгувэу абы лэжьэн зэрыщIидзэнур.
- Гууз-лыуз иIэу лъэпкъ Iуэхум сыт щыгъуи жыджэру хэт Жэмыхъуэ Заури и гукъеуэхэр къыщипсэлъащ зэхуэсым:
- — Лъэпкъым узыфэ куэд къыдэуэлIащ, жылагъуэм щызекIуэ мыхъумыщIагъэхэм ди лъэпкъэгъухэри япэIэщIэ хъуакъым, ди жагъуэ зэрыхъунщи. Мыбдежым къызолъытэ ди щIэблэр щIыкIей мыхъуу, щэн дахэ яхэлъу къэхъун папщIэ Хасэм гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр. «ДаIуэкIейм дэгу уещIри, плъэкIейм нэф уещI», — жаIэ. Гууз-лыуз иIэу хасэм хэлэжьыхьын ди мащIэкъым. Мыбдежым къекIуэлIа дэтхэнэ ныбжьыщIэри IуэхуфI гуэрхэр зэфIахыфу, лъэпкъ Iуэхур быдэу я гъащIэм хэпщауэ псэууэ апхуэдэщ. Ахэр зэзышэлIэн, зэзыгъэуIун къарууэ Хасэм дыщогугъри, ар къыдэхъулIэмэ ди гуапэщ.
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд кърихьэлIа псоми фIыщIэ яхуищIащ икIи тхылъ къэзытхахэр Хасащхьэм и зэхуэ-сым мыгувэу къызэрыраджэнумкIэ хъыбар яригъэщIащ.
- ЩОДЖЭН Iэминат.
- ТхылъыщIэ
- Нартхэр — Натэрхэр — Ануннакхэр
- Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщ Балъкъэр Селджук дунейпсо политикэмрэ социологиемкIэ щрегъаджэ Ван къалэм дэт къэрал университетым.
- Иджыблагъэ абы Налшык къыщыдигъэкIащ («Принт Центр» тхылъ тедзапIэм) «Нартхэр — Натэрхэр — Ануннакхэр» тхылъыр. Абы пэублэ псалъэ хуэзытха Къалмыкъ Аднан зэрыжиIэмкIэ, ар 4000 хъууэ япэIуэкIэ тыркубзэкIэ къыдэкIри зэбграхащ.
- Аднан къыхегъэщ Мысырым, Алыджым, Индым, Нартхэм я IуэрыIуатэхэр зэбгъэпщэн папщIэ а зэбгъапщэхэм я бзэри я тхыдэри пщIэн зэрыхуейр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ар зыхузэфIэкIынур щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъращ.
- «Пасэрей алыджхэм я IуэрыIуатэмрэ Нарт IуэрыIуатэмрэ нобэр къэсыхукIэ зыми зэригъэпщакъым. Ещхьыркъабзэу, Нарт IуэрыIуатэр ирагъэпщакъым Шумер IуэрыIуатэмрэ пасэрей Мысыр IуэрыIуатэмрэ», — жеIэ Селджук. Абы къызэрыхигъэщымкIэ, и гуапэу ятопсэлъыхь япэ адыгэ щIэныгъэлI-къэхутакIуэхэу Мэт Чэнэтыкъуэ, Намитокъуэ Айтэч, Фэтджэри Мэхьмэт Шоену, нэгъуэщIхэми я IэдакъэщIэкIхэм.
- — Япэ адыгэ тхыдэтххэм ящыщу Мэт Чэнэтыкъуэ шэрджэсхэм я пасэрей тхыдэр, псэукIэр, IуэрыIуатэр щIэныгъэ нэсым тету къихутащ, нэгъуэщI лъэпкъыжьхэу алыджхэм, пеласгхэм, теракесхэм, хьэтхэм, кIэмырхэм я тхыдэм, IуэрыIуатэхэм иригъапщэурэ. Абы и «Кавказым и тхыдэ» (Истамбыл, 1913 гъэ) тхылъитIым дытемыпсэлъыхьыну Iэмал иIэкъым, — жеIэ Балъкъэрым, тхылъыр зытеухуам и гугъу зди- щIым.
- Къалмыкъ Аднан мы щIэныгъэлIым теухуауэ гу зылъыдигъатэм фыщызгъэгъуэзэнут: «Балъкъэр Селджук и адыгэбзэр зыщIы- пIи щимыджа адыгэбзэщ. Ар къабзэщ, и псалъэ гъэпсыкIэр жьэгу мафIэм и хуабагъыр зыхэмыкIащ».
- КIэщIу жыпIэмэ, мы тхылъыр гъэщIэгъуэн зыщIыр мащIэкъым. Къыт-хуэнэжыр щIэныгъэлIымрэ абы и лэжьыгъэр дунейм къытехьэнымкIэ сэбэп хъуа «БУМ-БАНК» коммерцэ банкым и унафэщIымрэ фIы-щIэ яхуэтщIынырщ.
- Ширдий Маринэ.
- «Дыщэ микрофоныр» Лашынкъей щат
- Кавказым макъамэмкIэ и саугъэт нэхъыщхьэу къалъытэ «Дыщэ микрофоныр» зыхуагъэфэщахэм щратыжащ Лашынкъей къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ уардэунэм. Илъэс 12 хъуауэ музыкэм щыпэрытхэр ирагъэпажэу къызэрагъэпэщ а Iуэхур нэхъапэIуэкIэ Москва, Санкт-Петербург, Владикавказ, Налшык, Истамбыл, Сочэ къалэхэм щекIуэкIащ. «Лашынкъей — Кавказым и макъамэм и къалащхьэщ-2017» фIэщыгъэм щIэту а Iуэхур иджы япэу къуажэм щрагъэкIуэкIащ. Къыхэгъэщыпхъэщ ар Лашынкъейр жылэу зэрытIысрэ илъэс 600 щрикъум зэрырагъэхьэлIар.
- Дунейпсо Арт комитетым и вице-президент, Кавказым творчествэмкIэ и академием и унафэщI, академик Бетыгъуэн Iэуес гуфIэгъуэ зэхыхьэр къыщызэIуихым Дунейпсо Арт комитетым и Iэтащхьэ Тарбоков Валерий и хъуэхъу тхыгъэм къеджащ.
- Бетыгъуэным жиIащ ди щIыналъэм и щIыпIэ дахэхэмрэ щIыуэпс къабзэмрэ и мызакъуэу, тхыдэм и Iэужь зытелъ щIыпIэхэмкIэ, зэфIэкI ин зыбгъэдэлъ цIыхухэмкIэ, щэнхабзэ бейкIэ куэдым къызэрацIыхур.
- Къызэхуэсахэм хъуэхъу псалъэкIэ зыхуагъэзащ Шэджэм муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ самоуправленэм и советым и унафэщI Уэдыжь Хьэсанш, КъБР-м и Парламентым и комитетым и Iэтащхьэ Пащты Борис, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ комис-сэм и унафэщIым и къуэдзэ Бажэ Дотий, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и къудамэм и унафэщI Дзасэжь Анзор сымэ.
- Республикэм и Парламентым и щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ, Лашынкъей къуажэм и Бзылъхугъэхэм я советым и гуащэ, «Сердце отдаю детям» дунейпсо орденыр зыхуагъэ-фэща ДыщэкI Мариерэ зэзауэ зэхэтымкIэ Урысейм спортымкIэ и мастер, УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Бетыгъуэн Русланрэ. КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и щIыхь тхылъхэр иратащ Лашынкъей дэт япэ, етIуанэ курыт еджапIэхэм я унафэщIхэу, УФ-м цIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ и отличникхэу Къуэныкъуей Мадинэрэ КIэбышэ Заремэрэ.
- Лашынкъей къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Хьэгъэжей Хьэсэн, муслъымэн дин лэжьакIуэ Ды-щэкI Лиуан, къуажэм дэт сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и унафэщI Тыгъуэн Мухьэмэд, жылагъуэ лэжьакIуэ Хьэгъэжей Мурат сымэ КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ.
- «Дыщэ микрофонрэ» дипломрэ мы гъэм цIыху 12-м иратащ. Абыхэм ящыщщ «Голос. Дети» зэпеуэм къыщыхэжаныкIа Хекилаевэ Денизэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Мамбэт Мадинэ, Дагъыстэн Республикэм и цIыхубэ артисткэ Гаджиевэ Ларисэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ГъущIо Ритэ, дунейпсо зэпеуэхэм я лауреат Бий Аслъэн сымэ, нэгъуэщIхэри.
- ГуфIэгъуэ зэхыхьэм хэтахэм Нэгумэ Шорэ и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ. ИужькIэ къуажэм и тхыдэм, республикэм и зыужьыныгъэм зи гуащIэ хэзылъхьа цIыху щэджащэхэм тепсэлъыхьащ.
- Нурыбэ Идар.
- Бжыгъэхэм къаIуатэ
- Дунейм адыгэу мелуани 10 тетщ
- Хьэтхэм къатехъукIыжауэ, адыгэ лъэпкъ уардэр тенджыз ФIыцIэ Iуфэмрэ Джылахъстэнеймрэ я зэхуакум дэлъ щIыналъэм къэралыгъуэшхуэу щыпсэуащ илъэс мин бжыгъэкIэ. Адыгэ лъэпкъым и процент 95-р Урыс-Кавказ зауэжьым ихьауэ щытащ, зэтраукIами псэууэ къэнахэм ящыщ куэд дыдэ Хэкум залымыгъэкIэ ирашами. Урыс-Кавказ зауэм и пэ къихуэу Адыгэ Хэкум цIыху мелуани 2 щыпсэуащ. 1763 — 1864 гъэхэм къриубыдэу адыгэ мелуан 1,5-рэ яукIащ, ирашащ, е емынэмрэ таломрэ яхьащ. Гуауэ зэрытщыхъущи, ираша адыгэр псори Тыркум нэсакъым: гъуэгу тету уз зэрыцIалэхэр къахыхьэри, абы илIыкIащ, тенджызым щIилъэфа кхъухьхэм иса адыгэхэри минкIэрэщ къызэрабжыр.
- Нобэ ди лъэпкъэгъуу дунейм тетым я бжыгъэм ущIэупщIэмэ, къэпщытэныгъэхэм къагъэлъагъуэр зэхуэдэкъым, ауэ нэхъыбэм жаIэр цIыху мелуани 3,5-рэщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, цIыху мелуани 3,5-рэ фIэкIа дымыхъур пцIыщ, Тыркум и закъуэ адыгэу мелуани 7 зэрыщыпсэур къэплъытэмэ.
- Адыгэу дунейм текъухьахэр зыхуэдизыр зэгъэщIэным теухуауэ 2010 — 2017 гъэхэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэм мыпхуэдэ бжыгъэхэр къагъэлъагъуэ:
- Тыркум — мелуан 1,5-рэ
- Урысейм — 718727-рэ (2010 гъэ)
- Абы щыщу:
- Къэбэрдей-Балъкъэрым — 493467-рэ (2010 гъэ)
- Адыгэ Республикэм — 110229-рэ (2010 гъэ)
- Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм — 57427-рэ (2010 гъэ)
- Краснодар крайм — 24061-рэ (2010 гъэ)
- Ставрополь крайм — 10574-рэ (2010 гъэ)
- Москва къалэм — 5374-рэ (2010 гъэ)
- Осетие Ищхъэрэ — Аланием — 2961-рэ (2010 гъэ)
- Иорданием — 165000-рэ
- Сирием — 60000
- Иракым — 37000-рэ
- Ливием — 35000-рэ
- Сауд Хьэрыпым — 26000-рэ
- Германием — 16000
- Мысырым — 13000
- США-м — 7100-рэ
- Палестинэм — 4300-рэ
- Израилым — 3100-рэ
- Сербием — 2100-рэ
- Узбекистаным — 1400-рэ
- Украинэм — 1000
- Австралием — 1000
- Болгарием — 500
- Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм зи Хэкум ираша мухьэжырхэмрэ Мысырым 1390 — 1517 гъэхэм тепщэгъуэр щызыIыгъа адыгэ мамлюкхэм я щIэблэхэмрэ «адыгэ» (черкес) хужаIэу щыIэщ хамэ къэралхэм. Урысейм и щIыналъи 6-м нэхъ зэуIуу щопсэу адыгэ- хэр: Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Осетие Ищхъэрэ — Аланием (Мэздэгу щIыналъэм).
- ЩIэныгъэлIхэм къраIуэ бжыгъэхэм дзыхь хуамыщIу, езыр-езыру къэпщытэныгъэхэр езыгъэкIуэкI щIалэгъуалэ жыджэрхэр диIэщ, ди гуапэ зэрыхъунщи. Абыхэм къахутари ищхьэкIэ къэдгъэлъэгъуахэм фIыуэ къыщхьэщIокI.
- Пшахъуэр къигъэсэбэпурэ сурэт зыщI ГъукIэпщокъуэ Щауэмыр илъэс зыбжанэ хъуауэ къызэхекIухь ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу хамэ къэралхэр икIи Европэм, Африкэм, КъухьэпIэмкIэ щыIэ адыгэхэм яIуощIэ. «Си лъэпкъым и бжыгъэр зэрагъэмащIэр, адыгэр лъэпкъ мащIэхэм дызэрыхабжэр си гум идэркъым. ЩIэныгъэр зи гъуазэхэм я пщIыхь къыхэхуэххэркъым дэ мелуани 10 дызэрыхъур!», — жеIэ Щауэмыр.
- Адыгэу дунейм тетыр зы щIыналъэ щыпсэуну зэхуэсыжауэ ди нэгу къыщIэдгъэхьэнщ зы дакъикъэкIи, Европэм и къэралыгъуэ куэдым исым нэхърэ нэхъыбэ дыхъуу дыпсэунут. Псалъэм папщIэ, Швейцарием цIыху мелуани 8,3-рэ щыIэу аращ. Болгарием, цIыху мелуани 7,2-рэ, Сербием — мелуани 7,1-рэ, Латвием, Литвам, Эстонием зэхэту — мелуани 6,2-рэ, Данием — мелуани 5,7-рэ, Финляндием — мелуани 5,5-рэ, Норвегием — мелуани 5,2-рэ, Ирландием — мелуани 4,6-рэ, Монголием — мелуани 2,9-рэ. ЗэрытщIэщи, абыхэм ящыщ дэтхэнэри зыми емылъытауэ, экономикэ щхьэхуэ яIэу, заужьауэ апхуэдэщ. Уеблэмэ, къалъхур щыкуэд Таджикистаным, Къыргъызым, Тыркумэным, языныкъуэ хьэрып къэралыгъуэхэм щыпсэуркъым апхуэдиз.
- «Мелуани 10 хъу лъэпкъым нэмыплъ ептыныр тэмэмкъым. А мелуани 10-м сыт хуэдиз политик, дзэпщ, щэнхабзэмрэ бзэмрэ я лэжьакIуэ, щIэныгъэлI, IэщIагъэлI яхэт?! Адыгэм Иордание Пащтыхьыгъуэм къыщыхуащI пщIэм-рэ щIыхьымрэ сыт и уасэ!» — пещэ ГъукIэпщокъуэм.
- Тыркум щыпсэу адыгэхэм зэрыжаIэмкIэ, я деж мухьэжырхэр мелуани 7-м щыщIегъу. Сирием адыгэу мини 130-рэ, Иорданием мин 90, Европэм мини 150-рэ, Иракым мини 40, Ливием мин 350-рэ, КъухьэпIэмкIэ мин 30 щопсэу нобэ. Иджыри адыгэ мин бжыгъэхэр къэралыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм мащIэ-мащIэурэ хэсу дыщыгъуазэщ.
- Фырэ Анфисэ.