ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нэхъ тынш мэхъу

2017-06-07

  • Урысейм и ХъумапIэ банкым КъБР-м щиIэ и къудамэм щекIуэкIащ псэупIэ ухуэныгъэхэм ипотекэ программэхэр зэрыщагъэзащIэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ. Абы хэтащ ухуакIуэ фирмэхэм я унафэщIхэр, республикэм Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм, Росреестрым, Налшык къалэм и администрацэм я лIыкIуэхэр.
  •  
  • Къудамэм и унафэщI Урысбий Хьэмидбий къыхигъэщащ ипотекэр псэупIэ ухуэныгъэхэр куэду ухуэнымкIэ щIэгъэкъуэнышхуэу зэрыщытыр. Абы жиIащ зи Iэтащхьэ IуэхущIапIэм псэупIэ кредиту итар    сом меларди 5-м зэрыщIигъур. Ар псори зэхэ ту Къэбэрдей-Балъкъэрым апхуэдэ ипотекэ кредиту щатам и процент 75-м щIегъу. А бжыгъэхэм зэрыхагъэхъуэну хэкIыпIэхэр щыIэщ. Абы папщIэ банкым лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI, ахъшэр зэрыхуаутIыпщ, зэрыIах хабзэхэр нэхъ тынш щIыным хуэгъэзауэ.
  • Къызэхуэсахэм я пащхьэм къыщыпсэлъащ УФ-м и хъумапIэ банкым и Ипщэ-КуэхьэпIэ IуэхущIапIэм и къудамэм и унафэщI Горбенкэ Дмитрий. IэщIагъэлIым и          гугъу ищIащ IэнатIэм и лэжьыгъэм электрон Iэмэпсымэхэр куууэ зэрыхыхьам. Лъэныкъуэхэр зэчэнджэщащ я зэ-дэлэжьэныгъэм зегъэубгъунымкIэ щыIэ Iэмалхэм теухуауэ.
  • ЗэIущIэм и кIэухым Урысбий Хьэмидбий банкым нэхъ жыджэру къыдэлажьэ ухуакIуэ фирмэхэм я унафэщIхэм фIыщIэ тхылъхэр яритащ.
  • Зэхыхьэм хэтахэм къыхагъэщхьэхукIащ екIуэкIа псалъэмакъыр хуабжьу къазэрыхуэщхьэпэнур, апхуэдэ зэIущIэхэр нэхъыбэрэ ирагъэкIуэкIыну зэрафIэкъабылыр.
  •  
  • МАХЪШОКЪУЭ
  • Мухьэмэд.