Щэнхабзэ-тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр ягъэбелджылы
2016-01-23
- Налшык и щIыпIэ самоуправленэм и Советыр хэплъащ къалэ округым и Уставым халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм, мы зэманым къигъэув нэгъуэщI Iуэхухэм.
- Къалэ округым и Iэтащхьэ — Советым и унафэщI Муравьёв Игорь иригъэкIуэкIа зэIущIэм хэта депутатхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, къалэдэс къызэрыгуэкIхэр арэзы техъуащ хэхыныгъэхэр зы махуэм зэрекIуэкIынум и фIыщIэкIэ бюджет ахъшэр нэхъ зэгъэзэхуа зэрыхъунум. ЩIыпIэ самоуправленэм и Советым и тхьэмадэм и къуэдзэ Нэзрэн Владимир къызэрыхигъэщамкIэ, апхуэдэ ахъшэу къыдагъэхуэнур сом мелуани 7-м нызэрохьэс икIи ди щыхьэрымкIэ ар мылъку мащIэкъым.
- ЩIыпIэ самоуправленэм и Советым Налшык къалэ округым и Уставым хилъхьэну игъэхьэзыра зэхъуэкIыныгъэхэм арэзы техъуэу Iэ яIэтащ зэIущIэм хэтахэм я нэхъыбэм.
- Ахэр хэплъащ Налшык къегъэщIылIа щIыр къызэрагъэсэбэпынум, щыхьэрым ухуэныгъэ зэрыщрагъэкIуэкIынум щIэуэ халъхьэм. Къалэм и картэм щагъэбелджылащ щэнхабзэ-тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр. Мыпхуэдэ щIыпIэхэр щхьэхуещагъэкIэ зыIэрагъэхьэу, ухуэныгъэ щхьэхуэхэр щрагъэкIуэкIыну иужь ихьэхэр административнэ жэуап ткIийм ирашэлIэнущ, — къет Налшык къалэ и хъыбарегъащIэ IэнатIэм.
- Шэрэдж Дисэ.