Тхыдэр зи лъабжьэ cурэтхэр
2014-05-14
- Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэрым сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ и музейм гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэIуахащ. Ар теухуащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщахьрэ илъэс 69-рэ зэрырикъум.
- Выставкэм хагъэхьащ республикэм и сурэтыщIхэу Яснов Владимир, Пащты Герман, Ахматов Лиуан, Острякин Александр, Колкутин Андрей, КIыщ Мухьэдин, Глуховцев Александр, Трындык Николай, Сындыку Тобий, Акъсырэ Михаил, Плотников Василий, Ваннах Михаил, нэгъуэщIхэми тхыдэм, Хэку зауэшхуэм траухуа я лэжьыгъэхэр. Къыхэгъэщыпхъэщ зи цIэкъитIуахэм ящыщ зыбжанэ Хэку зауэшхуэм зэрыхэтар.
- Утыку кърахьа сурэтхэм къыщыгъэлъэгъуащ Хэкум хуаIа лъагъуныгъэ, пэжыгъэ иным я фIыгъэкIэ къэралыр бийм щахъумэныр цIыхухэм къазэрехъулIар, ТекIуэныгъэр къытхуэзыхьахэм щхьэхуитыныгъэмрэ я лъахэмрэ япэ ирагъэщ зэрыщымыIар. Зи лэжьыгъэхэр ягъэлъагъуэ сурэтыщI Iэзэхэм ящыщ зыбжанэ дунейм ехыжами, абыхэм гъащIэм лъэужь дахэ къыщагъэнащ икIи я Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэм щIэблэр еплъыху езыхэри ящыгъупщэнукъым.
- Лэжьыгъэхэм ящыщ зыбжанэм къищыр гур хэзыгъэщIщ. Апхуэдэщ, КIыщ Мухьэдин «ИгъащIэкIи поплъэ» зыфIища и сурэтыр. Абы къыщыгъэлъэгъуащ зи ныбжь хэкIуэта, зи щхьэц къетхъуха анэр зауэм хэкIуэда къуэм зэрыпэплъэр, абы къигъэзэжыным и гугъэр зэрыхимыхыжыр. Пащты Герман и лэжьыгъэм ухегъэгъуазэ 115-нэ шуудзэм хэтахэм я щхьэ кърикIуа гузэвэгъуэм, абы зауэлI минхэр зэрыхэкIуэдам. Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьа лэжьыгъэхэм я гуIэфIтещIэжу жыпIэ хъунущ Колкутин Андрей и сурэтыр. Гукъыдэж къозыт лэжьыгъэм щыболъагъу ТекIуэныгъэ Иныр, псори зыпэплъа гуфIэгъуэр зэрагъэлъапIэр.
- Гъэлъэгъуэныгъэм ирагъэблэгъащ зи сурэтхэр выставкэм хагъэхьа, Хэку зауэшхуэм и ветеран, сурэтыщI Плотников Василий.
- КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин жиIащ зауэм хэтахэмрэ абы зи сабиигъуэр хиубыдахэмрэ цIыхухэм хуаIэ лъагъуныгъэр зэрымыкIуэщIар гуапэ зэрыщыхъур, сыт хуэдэ гузэвэгъуэ къэхъуми цIыхухэм цIыхугъэ яхэлъу къэнэжын зэрыхуейм и щапхъэ куэд нэхъыжьхэм зэрыдагъэлъэгъуар. Ар къытеувыIащ Хэку зауэшхуэм хэта сурэтыщIхэм я дэтхэнэ лэжьыгъэми цIыхухэм яку лъагъуныгъэ, гуапагъэ, пщIэ зэрыдэлъар къызэрыщыгъэлъэгъуам. Къумахуэр зэхуэсахэм ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ мамырыгъэ, гуфIэгъуэ, ехъулIэныгъэ яIэну.
- КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм жэуап зыхь и секретарь Сындыку Нелли къыхигъэщащ гъэлъэгъуэныгъэм ныбжьыщIэ, щIалэгъуалэ куэд къызэрекIуэлIар гуапэ зэрыщыхъуар. Абы жиIащ республикэм и усакIуэхэм, тхакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэм щIэблэр зэрыщIапIыкIым хуэдэу, мы лэжьыгъэхэри зэрылъапIэр, абыхэм гъэсэныгъэ мыхьэнэ ин зэраIэр, къэралым и блэкIар, и тхыдэр ныбжьыщIэхэм егъэщIэнымкIэ зэрыщхьэпэр.
- Ягъэлъагъуэ сурэтхэр къазэрыщыхъуам теухуауэ зэхыхьэм къыщыпсэлъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и фондым и тхьэмадэ Вэрокъуэ Владимир, КъБР-м и Сурэ-тыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Темыр-къан Геннадий, нэгъуэщIхэри.
- Зэхыхьэм зауэ уэрэдхэр щыжаIащ Музыкэ театрым и артист Абэнокъуэ Рустам, КъБКъУ-м и хорым хэт пщащэхэм. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист Хьэмырзэ Ахьмэд Хэку зауэшхуэм теухуа усэ къеджащ. Налшык къалэм и школ №32-м и еджакIуэхэу Батыр Алиярэ Джэрыджэ Фабианэрэ хъуэхъу усэхэр жаIащ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.