ЩIэблэмрэ хабзэхэмрэ
2014-05-14
- Ди республикэм и курыт еджапIэхэм профсоюз егъэджэныгъэхэм ехьэлIа сыхьэтхэм щыпащэ.
- «Илъэс етхуанэ хъуауэ класс нэхъыщхьэхэм щеджэ ныбжьыщIэхэм ядедгъэкIуэкI дерсхэм кърикIуэ IэужьыфIхэр нэрылъагъу къэхъуу хуежьащ», — жиIащ Налшык къалэм дэт курыт еджапIэхэм щылажьэ егъэджакIуэхэм я профсоюз комитетым и унафэщI Уэлджыр Татьянэ. Дерсхэр егъэкIуэкIынымкIэ къежьапIэ хуэхъуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ профсоюз зэгухьэныгъэхэм ягъэзащIэ къалэным и мыхьэнэр къэщIэрэщIэжу зэрыхуежьамрэ нобэ ди къэралым абы ирит мыхьэнэ инымрэ.
- — КъБР-м и къалащхьэм щыIэ еджапIэ IэнатIэхэм мы зэманым щрагъэкIуэкI егъэджэныгъэхэр теухуащ профсоюз зэщIэхъееныгъэхэм я тхыдэмрэ иджырей ди гъащIэмрэ зэхуаIэ зэпыщIэныгъэхэм. Къапщтэмэ, профсоюзхэр кIыхьу зыщIэныкъуэкъуа Iуэхугъуэхэм къагъэзэж. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ сыхьэтий махуэ лэжьыгъэр, цIыхухэм я лэжьыгъэ IэнатIэхэр хъума хъун папщIэ ящIапхъэхэр, нэгъуэщIхэри. Дерсхэр нэхъыбэу щрагъэкIуэкIыр 9 — 11-нэ классхэрщ. Пщэдей а ныбжьыщIэхэр еджапIэ щIэтIысхьэнурэ, студентхэм я профсоюзым хыхьэнущ. Абдежым лъэныкъуэ куэдкIэ абыхэм къахуэсэбэпыжынущ ди чэнджэщхэр. Аращ профсоюз зэщIэхъееныгъэм теухуа дерсхэр, конференцхэр, класс сыхьэт мардэхэм тет зэIущIэхэр щIедгъэкIуэкIыр, — къыхигъэщащ унафэщIым. Апхуэдэу абы фIыкIэ я цIэ къриIуащ егъэджэныгъэхэр купщIафIэу къызэзыгъэпэщ егъэджакIуэхэу Хъубий Анджелэ ( СОШ №25), Атабиевэ Светланэ (СОШ №7), Джаппуевэ Джамилэ (СОШ №12) сымэ я цIэхэр. Псом нэхъыщхьэращи, цIыхубэ гъащIэр егъэфIэкIуэнымрэ цIыхум я хуитыныгъэмрэ сыт щыгъуи щIэбэну къэгъуэгурыкIуэ профсоюзхэм я мыхьэнэм хохъуэ икIи ар къыдэкIуэтей щIэблэм фIыуэ къагуроIуэ. Мы дерсхэм щIапIыкIа щIалэгъуалэм хуитыныгъэ хабзэхэр къызэпаудынукъым.
- ТекIуэныгъэм и махуэр щагъэлъэпIа ныкъыгъэм и 9-м иджыри мы Iуэхур къыпащащ, «Фронтымрэ текIуэныгъэмрэ папщIэ» фIэщыгъэм щIэту.
- Жанхъуэт Зузэ.