УнэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэу бгъу
2013-08-28
- «Мэшыкъуэ 2013» кавказпсо зэхыхьэм ныбжьыщIэ 2500-м щIигъу хэтщ. Мэшыкъуэ Iуащхьэм и лъапэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъуэгу псоми къикIа щIалэгъуалэр, апхуэдэуи Красноярск, Краснодар крайхэм, Волгоград, Ленинград, Киров, Тверь областхэм, Азербайджаным, Армением, Украинэм, Чехием, Эстонием, Осетие Ипщэм щыщ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ щызэхуашэсащ. ЗэIущIэм ипкъ иткIэ, унэтIыныгъэ нэхъыщхьэу бгъу яубзыхуащ: студент гупхэр, щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр, политикэ, гъащIэ узыншэм и телъхьэхэр, информационнэ технологиехэр, псапащIэ, си Iуэху: къуажэ, предприятэхэр, туризм, творчествэмрэ щэнхабзэмрэ, ТекIуэны- гъэ-70.
- НыбжьыщIэхэр зыщIэдэIуну дерсхэр къыхахыу едэIуэн хуейуэ аращ. Абыхэм къищынэмыщIауэ, Мэшыкъуэ хьэщIэ лъапIэхэр, къэралым щыцIэрыIуэ цIыхухэр къеблагъэурэ щIалэгъуалэм йопсалъэ.
- «Мэшыкъуэ 2013»-м нэхъыбэу зи гугъу щащIар Кавказ Ищхъэрэм исхэр лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынырщ, абы ехьэлIауэ щыIэ хэкIыпIэхэр къэлъыхъуэнырщ.
- ХьэрычэтыщIэмрэ бизнес цIыкIумрэ Кавказ Ищхъэрэм зыщегъэубгъуныр къэралым гулъытэ зыхуищIхэм ящыщщ. ХьэрычэтыщIэ щIалэхэм я жэрдэмыр даIыгъын, абыхэм зыщIагъэкъуэн папщIэ, ди щIыналъэм программэ зыбжанэ щолажьэ, ар хуабжьу сэбэп мэхъу ныбжьыщIэхэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэща хъунымкIэ.
- ЩIалэгъуалэм лэжьыгъэ ягъуэтын папщIэ къэралым IэнатIэщIэхэр къызэрызэIуихым къищынэмыщIауэ, ди цIыхухэр хамэ къэрал лэжьакIуэ гъэкIуэным, апхуэдэ щIыкIэкIэ я къэухьым зегъэубгъуным иужьрей зэманым зыужьыныгъэ егъуэт. Абы теухуат «Мэшыкъуэ 2013»-м и етIуанэ Iыхьэр къыщызэIуахым ЩIыналъэ зэхуаку IуэхущIапIэм и унафэщI Мельников Олег ныбжьыщIэхэм ядригъэкIуэкIа зэIущIэр.
- IэнатIэ лъыхъуэу ди щIыналъэм икIхэр нэхъыбэу зыщIэупщIэр пIалъэкIэ щылэжьэнщ, дунейм и пIалъэ къащIауэ къагъэзэжын хуэдэу.
- Поликаренковэ Ольгэ.