«Мэшыкъуэ-2013» зэхыхьэм зыхуагъэхьэзыр
2013-06-18
- КъБР-м и Правительствэм унафэ къищтащ Кавказ Ищхъэрэм и щIалэгъуалэр щIэныгъэкIэ щызэхъуэжэну «Мэшыкъуэ-2013» лагерым республикэм и лIыкIуэхэр гъэкIуэным теухуауэ.
- КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Семэн Пщыкъан зэрыжиIамкIэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и субъектхэм ящыщ щIалэрэ хъыджэбзу политикэм, экономикэм, инновацэхэм, жылагъуэ Iуэхухэм, граждан жэрдэмхэм, гъуазджэм, творчествэм дихьэххэр щызэхуэсыну зэIущIэм хэтын папщIэ нобэм ирихьэлIэу проекти 120-рэ къыхалъхьащ. Министрым къигъэлъэгъуащ «Мэшыкъуэ-2013» лагерым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и махуэ, КъБР-м и щIэныгъэм, литературэмрэ гъуазджэмрэ, спортым щаIэ ехъулIэныгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ зэрыщыIэнур, ди артистхэм махуэшхуэ концерт зэратынур.
- Мы Iуэхугъуэхэм трагъэкIуэдэн папщIэ республикэм и бюджетым и ахъшэу сом 1 мелуаным щIигъу хухахащ. КъБР-м и Правительствэм къищтащ республикэм и щIалэгъуалэр «Мэшыкъуэ-2013» лагерым зэрыкIуэнум хуэгъэхьэзырынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитет. Абы и унафэщIщ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Портэ Галинэ.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ
- я пресс-IуэхущIапIэ.