ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ящымыгъупщэ ТIыхъужь Алий

2022-10-11

  • Нартан къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм жэпуэгъуэм и 6-м щекIуэкIащ УФ-ми КъБР-ми я цIыхубэ артист, театрымрэ киномрэ я актёр ТIыхъужь Алий (1917 — 1995 гъгъ.) теухуа гукъэкIыж пшыхь гуапэ, ар къызэралъхурэ илъэси 105-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.

  • Лъэпкъым и набдзэ ТIыхъужь Алий къэзыцIыхуу, фIыуэ къэзылъагъуу щытахэр зэрымымащIэм и щыхьэту, пшыхьым цIыхушхуэ къекIуэлIащ. Абы и гъащIэмрэ гуащIэмрэ ягу къагъэкIыжащ къызэхуэсахэм. Псалъэм папщIэ, куэдым ямыщIэнкIэ мэхъу ар Хэку зауэшхуэм псэемыблэжу зэрыхэтар. Курскэ, Орловскэ щIыналъэхэр щхьэхуит къыщащIыжым, плIэнейрэ уIэ-гъэ хъуащ, орденхэмрэ медалхэмрэ къыхуагъэфэщащ, лIыгъэрэ хахуагъэрэ зэрызэрихьам папщIэ.
  • Къэбэрдей къэрал драмэ театрым къигъэзэжу ар зыгъэбжьыфIа ТIыхъужьым и джэгукIэр, и утыку итыкIэр, театрми киноми къыщигъэщIа роль хьэлэмэтхэр цIыхубэм гукъинэж ящыхъуащ. Ящыгъупщакъым Алий щыпсэуа хьэблэм, къалэм щекIуэкI жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру хэлэжьыхьу, къыхуэныкъуэхэм я чэнджэщэгъуу зэрыщытар. ГъащIэр фIыуэ зылъагъуу щыта ТIыхъужь Алий и цIыхугъэри, и макъри, и дуней тетыкIэри, и гушыIэкIэри, и джэгукIэри — псори зэкIужт, телъыджэт.
  • — ПщIэ зыхуэтщI къуажэдэсхэ, ди хьэщIэ лъапIэхэ, жылэр дызэрыгушхуэ ТIыхъужь Алий теухуа ныщхьэбэрей пшыхьым фыкъызэрытхуеблэгъар ди гуапэщ! — жиIащ Нартан къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Урыс Eлдар пшыхьыр къыщызэIуихым. Республикэм и театр гъуазджэм зи цIэр къыхэна, цIыхубэм ящымыгъупщэ ТIыхъужь Алий и цIэр ЩэнхабзэмкIэ унэм хуэфащэу зэрехьэ. ДяпэкIи пшыхь гуапэхэр етщIэкIыу, абы хуэдэ цIыху щэджащэхэр дигу къэдгъэкIыжыну, дгъэлъэпIэну си гуапэщ!
  • — Шэджэм щIыналъэм къыдитащ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я цIыху цIэрыIуэ куэд. Абыхэм я пашэщ ТIыхъужь Алий. Республикэм и цIэр фIыкIэ зыгъэIун апхуэ-дэ цIыху куэд фи щIыналъэм дяпэкIи къихъуэну, дунейр мамыру дыпсэуну Тхьэм жиIэ, — захуигъэзащ пшыхьым кърихьэлIахэм КъБР-м и Парламентым и Президиумым хэт, КПРФ-м ди республикэм щиIэ къудамэм и тхьэмадэ Пащты Борис. Коммунистхэм къабгъэдэкIыу, Алий ипхъу Эммэ абы тыгъэ хуищIащ «СССР-р илъэси 100 ирокъу» фэеплъ медалыр.
  • — Нартан къуажэм сыкъэкIуэну сыт щыгъуи сфIэфIщ. ГушыIэр зи щIасэ, театрым къыхуигъэщIа ТIыхъужь Алий куэдрэ сыбгъэдэсыну къызэрысхуихуар IэфIу сигу къинэжащ. Мы жылэм узэрыгушхуэ хъун цIыху куэд къыдэкIащи, иджыру зывузэщIыну, апхуэдэ цIыхухэр къыфхэхъуэну си гуапэщ, — жиIащ КъБР-м и Парламентым и комитетым и тхьэмадэ ТекIушэ Артур.
  • УФ-м щIыхь зиIэ и артист, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и художественнэ унафэщI икIи и режиссёр Шыбзыхъуэ Басир къызэхуэсахэм фIэхъус гуапэ ярихри, республикэ псор зэрыгушхуэ, и зэфIэкIымкIэ зыпэпщI хъун щымыIэ ТIы-хъужь Алий хуэдэ цIыху щэджащэ я жылэм къызэрыдэкIамкIэ зэрехъуапсэр жиIащ. И лэжьэгъум теухуа и гукъэкIыжхэм къытеувыIащ Басир. Абы жиIащ Алий и унагъуэм нэхърэ адыгэ театрым зэман нэхъыбэ щигъакIуэу зэрыщытар, щылажьэм и мызакъуэу, шахмат щыджэгуу, зыхилъхьэ щымыIэу фIэфIу щыта адыгэ уэрэдыжьхэр щыжиIэу, зыщигъэпсэхуу зэрыщытар, гуфIэгъуэ Iэнэхэр екIуу иригъэкIуэкIыу къызэрыгъуэгурыкIуар.
  • — Хьэдрыхэ хабзэ гуэр щыIэмэ, Алий и псэр ныщхьэбэ къыддэгуфIэу Тхьэм къыщIигъэкI! Мы жылэжьым ПащIэ Бэчмырзэрэ ТIыхъужь Алийрэ фIэкIа къыдэмыкIа-ми, къуажэм и пщIэр зыIэта, щIэгушхуэн цIыхухэщ. Нобэрей зэман гугъум къыхэхутами, Алий гушыIэ дахэ къызэригъуэтыфынум шэч хэлътэкъым. ЗэрытщIэщи, гушыIэр Тхьэм и щIасэщ, цIыхум гукъыдэж кърет. Алий сымэ къакIэлъыкIуащ нэхъыжьхэм пщIэ хуэзыщI, нэхъыщIэхэм щапхъэ яхуэхъу къуажэ унафэщIхэр, щIалэ жанхэр. Тхыдэм уриплъэжмэ, блэкIар гурыгъуазэщи, пщIэрэ нэмысрэ фиIэу адэкIи щIэблэр здэвгъэсэн, жылэр здевгъэфIэкIуэн Тхьэм фищI! ТIыхъужь Алий и ужь къина, утыкур зыгъэбжьыфIэ ар-тист щыпкъэхэм нэхъыжьыфIым и фэеплъыр ящымыгъупщэу заузэщIыну, зауэ IэнатIэм Iут ди щIалэхэри узыншэу Тхьэм къытхуихьыжыну! Адыгэ лъэпкъ узыншэ Тхьэм дищI! — жиIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
  • ТIыхъужь Алий щыджэгуа спектаклхэр, абыхэм я фэеплъ сурэтхэр, и лэжьэгъухэм, и Iыхьлыхэм, къэзыцIыхуу щытахэм иджыри ягу къызэринэжар нэрылъагъуу, пшыхьым гукъэкIыж гуапэхэр ебэкIырт. Къэпсэлъахэм къыхагъэщащ Алий и сурэт къудейм ущеплъкIэ, гъащIэр зыхилъхьэ щымыIэу, цIыхур фIыуэ илъагъуу, егуэпэкIыу, пщIэ хуищIу зэрыщытар и нэгум къызэрищыр.
  • УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, республикэм и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, композитор цIэрыIуэ, усакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил Алий теухуа и гукъэкIыж гуапэхэм иужькIэ, зэIущIэм хэтхэм захуигъэзащ къэкIуэнур зей, ди пщэдейр зэлъы-та сабийхэм гулъытэ нэхъы-бэ хуащIыну, цIыкIухэм я акъылым зезыгъэужь, зыгъэгупсысэ зэIущIэхэр нэхъыбэу къызэрагъэпэщыну.
  • Пшыхьым къыщыпсэлъащ Шэджэм районым щIыпIэ самоуправленэмкIэ и Советым и унафэщI Уэдыжь Хьэсанш, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къегъэщIылIауэ лажьэ ЦIыхубэ творчествэмкIэ щэнхабзэ центрым и унафэщI, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм хэт Жылэ Анатолэ, КъБР-м и цIыхубэ артистхэу Къуныжь Алимрэ Думэн Мурэдинрэ, Джылахъстэней Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ КIэрэф Мурэдинрэ щэнхабзэм и лэжьакIуэ Накуэ Сослъэнрэ, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым и артист Жангуразов Мэжид сымэ, нэгъуэщIхэри.
  • ТIыхъужьхэ я лъэпкъыр утыкум ирагъэблэгъащ. Алий ипхъу Эммэ пшыхьыр къызэзыгъэпэщахэмрэ абы кърихьэлIахэмрэ фIыщIэ яхуищIащ, пшыхьыр зыгъэдэха «Вагъуэ цIыкIухэр» ансамблым адыгэ фащэ фэилъхьэгъуитIрэ тхылъхэмрэ тыгъэ яхуищIащ. Апхуэдэу ТIыхъужь лъэпкъым я нэхъыжьыфIхэу Мухьэмэд, Iэуес, Руслан, МуIэед, Асир, Лиуан, Инал сымэ пшыхьым зыкърезыгъэхьэлIахэм фIыщIэ къыхуащIащ, зэхыхьэм зэман хухахыу къызэрекIуэлIам, лъэпкъым и Iуэхур зэрыдаIыгъам папщIэ.
  • Пшыхьыр ягъэдэхащ Къурашэ Едыдж зи художественнэ унафэщI, щапхъэу къалъыта «Вагъуэ цIыкIухэр» сабий ансамблым, «Нартан», «Шэджэм псыкъелъэхэр», «Терчанка» ансамблхэм, Сэхъу Хьэсэн и гъэсэн пшынауэ ныбжьыщIэхэм, уэрэджыIакIуэхэу Даур Иринэ, Аслъэн Iэсият, Хьэкъул Оксанэ, Дэгу Каринэ, Уэзрокъуэ Чэрим, Нэгумэ ФатIимэ сымэ, нэгъуэщIхэми. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артистхэм къагъэлъэгъуащ ТIыхъужь Алий джэгу хуэдэу ящIа теплъэгъуэ. Уэтэбей Руслан абы хуитха «Алий и деж» усэм пшыхьым къыщеджащ Мэкъуауэ Анетэ.
  • Тхыгъэри сурэтхэри ТЕКIУЖЬ Заретэ ейщ.