ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Анэшхуэхэр зэпоуэ

2022-09-24

  • Бахъсэн районым и къуажэхэм щызэхэтащ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэхэр утыку къихьэным хуэгъэпса пшыхьхэр, зэIущIэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр. Абыхэм ящыщ зыт Кыщпэк къуажэ клубым щрагъэкIуэкIа «А, ну-ка, бабушки!» зэпеуэр. Абы и къызэгъэпэщакIуэхэм анэшхуэхэм гъэщIэгъуэну хузэхалъхьат ахэр зэрызэхьэзэхуэну щIыкIэр.

  • ХьэгъуэлIыгъуэм и егъэкIуэкIыкIэм, абы къызэрырагъэблагъэ псалъэхэм, щыжаIэ хъуэхъухэм хухэха Iыхьэхэр хэтт къэпщытэныгъэхэм. Апхуэдэуи бзылъхугъэхэр зэпеуащ гущэкъу уэрэдхэр, Iуэтэжхэр, псалъэжьхэр, адыгэ уэрэдыжьхэр жыIэнымкIэ. Абыхэм къагъэлъэгъуащ жьакIуэу зэрыпсэлъэфыр, лъэпкъ хабзэм фIыуэ зэрыхащIыкIыр.
  • ЗэIущIэм и зы Iыхьэт адыгэ шхыныгъуэ гъэхьэзырынри, абыи зыкърагъэлыжакъым. Ахэр зэрапщэфIым и щэхухэр къызэхуэсахэм жраIащ, лъэпкъым и дежкIэ абыхэм мыхьэнэуи яIэри дыщIагъуу.
  • Зэхьэзэхуэм хэтахэм я зэфIэкIыр къапщытащ Бахъсэн районым щэнхабзэмкIэ и лэжьакIуэхэм. Абыхэм къыхагъэщащ Кыщпэк щыщ бзылъхугъэхэм зэчий зэрабгъэдэлъыр. «Нанэ пэрыт» Iыхьэм щытекIуащ Гъуэщокъуэ Тае, «Нанэ Iущ»-щ БжэныкIэ Людэ, «Нанэ хабзафIэр» БжэныкIэ Светэщ. Бахъсэн район администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Тхьэмадокъуэ Зерэ фIыщIэ яхуищIащ нанэ Iумахуэхэм икIи къалэ- жьа щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ яритыжащ.
  • ЧЫЛАР Аринэ,
  • Бахъсэн район администрацэм  и пресс-IуэхущIапIэ.