ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Гугъэхэр, мурадхэр, зэфIэкIхэр

2022-08-23

  • Акъылымрэ щIэныгъэмрэ мылъкуу щыIэм япэ ирагъэувэу адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ къогъуэгурыкIуэ. Апхуэдэ лъэпкъ нэщэнэр къыхощ абы и псалъэжьхэм, жыIэгъуэхэм, хъыбархэм. Хэхауэ щIэныгъэм тещIыхьа зэгухьэныгъэ щамыIэми, ипэкIи адыгэхэм Iэмал куэд къагъэсэбэпырт, лъэпкъ зэхэщIыкIым нэхъри зрагъэужьын папщIэ. Иджы адыгэхэр дроин икIи дрогушхуэ лъэпкъ щIэныгъэм и купсэр, и фIыпIэр «щызэхуэхьэса» апхуэдэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ — ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академие — дызэриIэм. ШыщхьэуIум и 23-м илъэс 30 ирокъу ар къызэрызэрагъэпэщрэ.

  • Тхыдэ гъуэгуанэ кIыхь икIи гугъу къэзыкIуа ди лъэпкъыр ЩIДАА-м хуэзыша лъагъуэр тыншу щытакъым. Ар кIуэцIрыкIащ гукъеуэ инхэм, нэщIэбжьэ куэди къаIэщIэлъэгъуащ. А псор зи нэгу щIэкIа ди лъэпкъ уар-дэр зыми лъэгущIэт яхуэщIакъым, лIэщIыгъуэкIэрэ абы къыкIуэцIрихащ икIи къэкIуэну щIэблэхэм яхуихъумэфащ и щэнхабзэр, акъылыр, Iущыгъэр. Апхуэдэу лъэпкъыр игъащIэ лъандэрэ зэрыгушхуэу щыта хъугъуэфIыгъуэ псори зы щIыжыным, я гукъеуэмрэ гурылъымрэ къэIуэтэным, адыгэхэм я гум жьы дегъэхужыным хуэунэтIат 1991 гъэм накъыгъэм и 19-м къызэрагъэпэщауэ щыта Дунейпсо Адыгэ Хасэр. ЩIы хъурейм щикъухьа адыгэ хасэ цIыкIухэр къызэщIэзыкъуэжа ДАХ-м ди лъэпкъэгъу куэд зэригъэцIыхужащ, я гурылъхэмрэ мурадхэмкIэ зэдэгуэшэну Iэмал яритащ. ИкIи зы илъэс нэхъ дэмыкIыу, 1992 гъэм шыщхьэуIум и 23-м, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академиер къызэрагъэпэщащ.
  • ЩIДАА-р ди лъэпкъым зиужьыным, ефIэкIуэным хуэлажьэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ инхэм ящыщщ. А зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэр епхащ щIэныгъэлI щэджащэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, УФ-м, КъБР-м, КъШР-м, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, профессор Нэхущ Iэдэм Мэрем и къуэм (1938 — 2018) и цIэм. Илъэс 25-кIэ аращ академием и президенту щытар. 2018 гъэм и фокIадэм ЩIДАА-м и Президиумым Налшык щригъэкIуэкIа зэхуэсым академием и унафэщIым и къалэнхэр игъэзэщIэну хахащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ Советым Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу щыIэ сенатор, а Советым Хамэ къэрал зэпыщIэныгъэхэмкIэ и комите-тым и унафэщIым и къуэдзэ, КъБР-м и Президенту щыта, меценат цIэрыIуэ, хэкупсэ нэс Къанокъуэ Арсен Башир къуэр. ИужькIэ ар хахащ ЩIДАА-м и Президенту.
  • Лъэпкъым и цIыху пэрыт псори зэхуэзышэсыфа къару лъэщ хъуащ нобэ Адыгэ Академиер. Физикхэм, филологхэм, тхыдэджхэм, медицинэм и лэжьакIуэхэм,     н. къ. IэщIагъэлIхэм я закъуэкIэ пхузэфIэмыхын Iуэху куэд иIэщ ди лъэпкъым, ауэ щIэныгъэлIхэм я акъыл зэхэдзэкIэ жыжьэ унэсыфынущ, адыгэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэри блэжьыфынущ. А гупсысэхэрщ гъуэгугъэлъагъуэу яIар, а щIэныгъэ зэгухьэныгъэр къыщызэрагъэпэщым.
  • Къэзанокъуэ Жэбагъы, Нэгумэ Шорэ, Хъан-Джэрий, Къаз-Джэрий, Бырсей Умар, Черкасскэ пщыхэр, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, КIашэ Адэлджэрий, Къудащ Елбэздыкъуэ, Цей Ибрэхьим, Къатхъэн Назир, ЩоджэнцIыкIу Алий, Кубэ Шэбан, КIэрашэ Тембот, Уэхъутэ Абдулыхь сымэ, адыгэм и цIэр жыжьэ зыгъэIуа нэгъуэщI еджагъэшхуэхэмкIэ, тхакIуэхэмкIэ, жылагъуэ, къэрал, политикэ лэжьакIуэшхуэхэмкIэ къулей лъэпкъым Iэмалыншэу иIэн хуейт щIэныгъэ зэгухьэныгъэ.
  • ЩIДАА-м и япэ зэIущIэм къыщагъэнэIуащ Академи-ер зи щхьэ хущытыж жылагъуэ зэгухьэныгъэу зэрыщытыр.
  • 1992 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм къащтащ ЩIДАА-м и Уставри Положенэри. Абыхэм нэхъ шэщIауэ икIи зэпкърыхауэ къыщыгъэлъэгъуат Академиер зищIысыр, абы и мурадхэр, къалэнхэр. ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и Хабзэм зэритымкIэ, зэгухьэныгъэм и къалэнхэр псори тещIыхьащ адыгэ лъэпкъым адэкIи зегъэужьыным, ар егъэфIэкIуэным, и цIэр фIыкIэ дуней псом щыгъэIуным. Зэгухьэныгъэм Iэмал къитащ къэралым и нэгъуэщI щIыпIэхэм, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм щIэныгъэ IуэхукIэ запытщIэну, зэлэжьхэмкIэ, я мурадхэмкIэ зэдэгуэшэну. Псом ящхьэр адыгэхэр дяпэкIэ зыр адрейм щIэгъэкъуэн хуэхъуфу, ди лъэпкъ хьэл-щэн дахэхэр ефIакIуэу, лъэпкъ узыншэу дыкъэгъуэгурыкIуэнымкIэ академиер сэбэпышхуэ зэрыхъунырт.
  • ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием япэу хыхьахэм ящыщщ географие щIэныгъэхэмкIэ докторхэу Болэ Владиславрэ Борей Рауфрэ, техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Быгуэ Хьэзрэталий, филологие щIэныгъэхэмкIэ докторхэу Габуние Зинаидэрэ ХьэкIуащэ Андрейрэ, физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ докторхэу Гварамие Алекэрэ ХъуэкIуэн Хьэзрэталийрэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ докторхэу Гугу Рашадрэ Къумыкъу Тыгъуэнрэ, биологие щIэныгъэхэмкIэ докторхэу Тембот Аслъэнбийрэ ФиIэпщэ Борисрэ, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ докторхэу Нэгъуей Беслъэнрэ Шыгъушэ Хьэсэнрэ, юридическэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Шамбэ Тарас, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэу Москва, Санкт-Петербург къалэшхуэхэм щылажьэ ди лъэп-къэгъу-щIэныгъэлIхэу Къалмыкъ Юрэ, Къумахуэхэ Мухьэдин, Мурадин, Тимофеев Адыл, МэкIэтIей Абдулыхь, Тыркум щыщ адыгэ математик Урдым Мустэфа, Голландием щыпсэу Хьэткъуэ Фатхьи сымэ хъуащ ЩIДАА-м и япэ академик. А псоми я пашэт физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Нэхущ Iэдэм.
  • 90 гъэхэм я пэщIэдзэм зэгухьэныгъэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэр къытрадзэу щытащ Академием и япэ газету «Насып» цIэр зыфIащам. ИпэжыпIэкIэ адыгэ-хэм ди дежкIэ насыпышхуэт куэдкIэ узыщыгугъ хъуну апхуэдэ щIэныгъэ зэгухьэныгъэ диIэ зэрыхъуар.
  • Абы лъандэрэ блэкIа илъэсхэм къриубыдэу Академием лъэпкъ мыхьэнэ зиIэ лэжьыгъэ куэд зэфIихащ. Псом япэращи, абы хузэфIэкIащ лъэпкъ гупсысэр, щIэныгъэр зы ищIын. Ар лъэпкъым ифI куэд къызыдэкIуэ Iуэхушхуэщ. ЩIэныгъэм и лъагапIэхэм нэсыфа ди цIыху щэджащэхэр, зыщыпсэу щIыпIэ емылъытауэ, зэрыцIыхуащ, я Iуэху зэбгъэдалъхьащ. Демократиемрэ интернационализмэмрэ зи лъабжьэ щIэныгъэ зэгухьэныгъэр и цIэкIэ адыгэми, абы хэтщ мыадыгэ еджагъэшхуэхэр. Академием и мащIэкъым урыс, нэмыцэ, франджы, испан, инджылыз, хьэрып, журт, дагъыстэн, балъкъэр, къэрэшей, Академием и Уставыр къэзыщтэ нэгъуэщI лъэпкъхэми къахэкIа щIэныгъэлIхэр.
  • Хэкужьым сыт щыгъуи псэкIэ щIыгъуа ди лъэпкъэгъухэм я гугъэхэри, я мурадхэри, я зэфIэкIхэри зы зэращIыжам нэмыщI, адыгэ щIэныгъэлIхэм я ехъулIэныгъэхэр лъэпкъ щхьэхуэм и хъугъуэфIыгъуэ мыхъуу, дунейпсо щIэныгъэ мылъку хъуащ. А псоми хуэлэжьащ, ноби хуолажьэ ЩIДАА-м и къудамэхэр. Ахэр 9 мэхъу икIи дэтхэнэри щIэныгъэм и унэтIыныгъэ щхьэхуэм йолэжь. Апхуэдэхэщ тхыдэ-филологие, химие, медико-биологие, физикэ къудамэхэр, энергетикэмрэ механикэм-кIэ къудамэр, математикэмрэ нано-хъыбарегъащIэ технологиехэмкIэ, къызэрабж IэмалхэмкIэ къудамэр, щIымрэ щIыуэпсымрэ ехьэлIа щIэныгъэ къудамэр, биомеханикэмкIэ къудамэр, жылагъуэ щIэныгъэхэмкIэ къудамэр.
  • ЩIДАА-м и щIэныгъэ центрхэр щолажьэ Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Москва къалэм. Апхуэдэу Академием и къудамэ щхьэхуэхэр къыщызэрагъэпэщащ хамэ къэралхэми. Математикэмрэ нано-хъыбарегъащIэ технологиехэмкIэ дунейпсо институтым щолажьэ Урысейм, Абхъазым, Болгарием, Къэзахъстаным, США-м, Таджикистаным, Тыркум, Узбекистаным щыщ щIэныгъэлIхэр. 2011 гъэм абыхэм я жэрдэмкIэ екIуэкIащ ЕтIуанэ дунейпсо урысей-къэзахъстан симпозиумыр, ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я ебгъуанэ дунейпсо зэхуэсыр. Апхуэдэ зэIущIэхэр даIыгъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэзахъстаным я Правительствэхэм, Фундаментальнэ къэхутэныгъэхэмкIэ Урысей фондым.
  • БлэкIа илъэсхэм ЩIДАА-м къызэригъэпэщащ щIэныгъэ зэхыхьэ куэд. Ахэр ятеухуащ лъэпкъ тхыдэм, щэнхабзэм, щIэныгъэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Академием хэтхэм къыдагъэкIащ я лэжьыгъэхэр зэрыт тхылъ щхьэхуэхэри. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Щоджэн Iэсхьэд и «Агробиогеохимия», ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и «Адыгэ Прометей», БакIуу Хъанджэрий и «IутIыж Борис: усакIуэ, тхакIуэ, драматург» тхылъхэр, нэгъуэщIхэри.
  • ЩIДАА-м и пщIэр жылагъуэм нэхъ ин щохъу, зэфIих лэжьыгъэхэми хохъуэ. Апхуэдэу лъэпкъ щIэныгъэм и лъагапIэхэр щIыпIэ куэдым щызэлъагъэIэс Академием, абы и президиумым къыдигъэкI журналхэм, тхылъхэм, тхыгъэ щхьэхуэхэм. Академикхэм, лъэпкъ щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр къытрадзэ «ЩIДАА-м и докладхэр» журналым. Академием и къудамэу Армавир щылажьэм къыдегъэкI «Егъэджэныгъэ. ЩIэныгъэ. Творчествэ» журналыр.
  • Зеужь, йофIакIуэ адыгэ щIэныгъэ зэгухьэныгъэр икIи дунейпсо цIэрыIуагъ зиIэ еджагъэшхуэхэмкIэ къулейщ. Ар къыщызэрагъэпэщагъащIэм псори зэгъусэу хэтар цIыху 25-рэ къудеймэ, иджыпсту ЩIДАА-м щIэныгъэлI 400-м нэс хэтщ. Абыхэм я нэхъыбапIэр академием и действительнэ членщ, адрейхэр и член-корреспондентщ. ЩыIэщ ЩIДАА-м щIыхь зиIэ и академикхэри. Апхуэдэхэр куэд мэхъу.
  • ЖыпIэнурамэ, и мурадхэр къехъулIэу, къалэнхэм пэлъэщу къогъуэгурыкIуэ ЩIДАА-р. Абы къегъэлъагъуэ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академиер зи къэкIуэнур ин, купщIафIэ, дахэ зэгухьэныгъэу зэрыщытыр.
  • Адыгэ Iуэхум дапщэщи игъэпIейтей щIэныгъэ зэгухьэныгъэм хэтхэм я илъэс зэIущIэхэр щекIуэкI хабзэщ Налшык, Черкесск, Мейкъуапэ къалэхэм. Академиер къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 зэрырикъур ягъэлъапIэу, ЩIДАА-м и гуфIэгъуэ зэхуэсхэр мы гъэми екIуэкIынущ. Лъэпкъым и къэкIуэну дахэм хуэлажьэ щIэныгъэ зэгухьэныгъэ иныр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 щрикъу и гуфIэгъуэр адыгэ псоми махуэ тхуэхъуну Тхьэм жиIэ!
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ,
  • «Адыгэ псалъэ» газетым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI.