Лъэпкъыу зытхъумэжынумэ…
2022-07-21
- Тыркум щекIуэкIащ Ещанэ Дунейпсо адыгэ щIэнIуатэ (конференцэ). «Адыгэ лъэпкъым и къэкIуэнур фIы хъун щхьэкIэ, дызэгъусэу дылэжьэн хуейщ» псалъащхьэм щIэту Истамбыл хиубыдэ Ускюдар куейм махуищкIэ щызэхэта Iуэхум къызэхуишэсащ къэрал куэдым: Тыркум, Германием, Канадэм, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Урысейм, Нидерландхэм, Израилым, Иорданием, ОАЭ-м, Инджылызым къикIа адыгэхэр.
- Япэ, етIуанэ щIэнIуатэхэр Германием (Нюрнберг) щызэхэтауэ щытащ 2017, 2018 гъэхэм. ЩIэнIуатэм и къызэгъэпэщакIуэхэщ Нюрнберг Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, гум еIэзэ дохутыр (кардиолог), медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Фай-ди Мэхьмуд (Германие), медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, гум еIэзэ дохутыр, жылагъуэ лэжьакIуэ Шурдым Гюнсель (Тырку), «Хэкум гъэзэжынымкIэ» Канадэм щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Стащ Орфан. ЩIэнIуатэр екIуэкIыным хэлэжьыхьащ Истамбыл щызэхэт Бзылъхугъэ Хасэм и гуащэ Щоджэн Эминэ, КАФФЕД-м и тхьэмадэ Щоджэн Iумит, Тыркум щыIэ демократическэ политикэ партым и пашэ Щоджэн Фарукъ сымэ.
- — Адыгэхэр къэрал куэдым щопсэу. Хамэ къэралхэм щикъухьа адыгэ лъэпкъыпсэхэм зэтехуэу яIэщ зы хъуэпсапIэ — ар зэгуэр Хэкужьым гъэзэжынырщ. Дыхуейщ Хэкум хуэныкъуэхэм ар ягъуэтыжыну, ди зэгухьэныгъэм и мурадри аращ, — жиIащ Стащ Орфан къыщыпсалъэм.
- — Нюрнберг щекIуэкIа япэ, етIуанэ щIэнIуатэхэр бзэмрэ лъэпкъымрэ я Iуэхум теухуауэ щытми, хуиту щхьэж зыхуей тепсэлъыхьащ. Мы ещанэр нэгъуэщIу зэтедублащ. Зытепсэлъыхьынухэр дгъэбелджылыри, хьэщIэхэр абы тету къедгъэблэгъащ, — къыхигъэщащ Щоджэн Фарукъ.
- КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, кинорежиссёр цIэрыIуэ Къандур Мухьэдин къыщыпсалъэм нэхъ къызытеувыIар анэдэлъхубзэм и Iуэхур зытетырщ.
- — Илъэс 20 хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, зэIущIэ гуэрым сыкъыщыпсалъэу, жысIауэ щытащ адыгэбзэр тфIокIуэд, илъэс 70 хуэдиз иджыри дэкIмэ, абы и Iуэхур нэхъри хэплъэгъуэ хъунущ, жысIэри. Сытыт ар къызыхэсхар жыпIэмэ, хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм я унагъуэм деж адыгэбзэкIэ щыпсалъэ пэтми, IуэхущIапIэхэм, уэрамхэм ар къыщагъэсэбэпыркъым. АтIэ бзэр зэпымыууэ бгъэлэжьэн хуейщ, щыIэн щхьэкIэ. ЩIалэгъуалэм ядыболъагъу анэдэлъхубзэр зэраIэщIэхум щыхьэт техъуэ Iуэхугъуэхэр. Зы щапхъэ къэзгъэлъэгъуэнут… Иджыблагъэ Франджым сыкIуат IуэхукIэ. СызыщIэс хьэщIэщым и шхапIэм къыщызихьэлIащ зы щIалэ. Си франджыбзэр зэрещIэкъуауэм гу щылъитэм, сызыщы-щым щIэупщIащ. Иорданием сыщыщщ щыжысIэм, «уэ ухьэрыпкъым» жиIащ, фIыуэ сызэпиплъыхьурэ. «Сыхьэрыпкъым, — жызоIэ, — сэ сыадыгэщ, Кавказым сыкъикIащ!» «Пэжуи?! Сэри сыадыгэщ», — къыщылъэтащ щIалэр, и нэхэр къилыдыкIыу. Иджы зэпызыплъыхьыр сэращ. «АдыгэбзэкIэ упсалъэрэ?» — жысIэу сыщеупщIкIэ, къызжеIэ зэрымыпсалъэри къызэрыгурымыIуэри. «Сыт атIэ адыгэ узыщIыр?» — щыжысIэкIэ, «сыкъофэ» жи. Укъафэурэ адыгэ ухъунукъым, фимыгугъэ.
- Махуэ щхьэхуэ хухахащ Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Абхъазым, Осетие Ищхъэрэм, Осетие Ипщэм, Ингушым, Шэшэным, Дагъыстэным щыщхэм. Сэ сыкъэпсэлъащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и IуэхукIэ. Республикэм и зэхэтыкIэм, щыпсэу лъэпкъхэм, абыхэм я щэнхабзэхэм, щIыуэпсым и телъыджагъэм, адыгэхэр нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэзыгъэщхьэхукI хьэл-щэнхэм я гугъу сщIащ.
- ЩIэнIуатэм къыщыпсэлъащ, проект щIэщыгъуэхэр къыщагъэлъэгъуащ илъэс 16 — 30 зи ныбжь щIалэгъуалэм. Гур хагъахъуэрт абыхэм я гупсысэ бзыгъэхэм. ЗэкIужхэт, дахэу псалъэхэрт, щIэныгъэ ябгъэдэлът, мурадыфIхэр яIэт. Гур хэзыгъэщIыр ахэр адыгэбзэкIэ зэрымыпсалъэрт.
- ЩIэнIуатэм Илъэсым и цIыху цIэр щыфIащащ Жырыщты (Беркок) Исмэхьил, Уджыху Мариет, Нэгъуей Яшар сымэ. Жырыщты Исмэхьил тырку генералщ, Тырку Парламентым и депутатщ, Кавказым щыщ лъэпкъхэм я зэгухьэныгъэхэм жыджэру хэтщ. Уджыху Мариет Адыгэ Республикэм, УФ-м щIыхь зиIэ я артисткэщ, Адыгэ Республикэм и Лъэпкъ театрым и артисткэщ. Нэгъуей Яшар жылагъуэ лэжьакIуэщ, хьэрычэтыщIэщ, лъэпкъ Iуэхум и гуащIи и мылъкуи зэпымыууэ хелъхьэ.
- ЩIэнIуатэм къыщыпсэлъащ цIыху 70-м щIигъу. Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр къыщаIэтащ. Куэдым утыку кърахьащ дуней псом щикъухьа адыгэхэр зэпызыщIэну проектхэр. Ахэр теу-хуат бзэм, щэнхабзэм, спортым, медицинэм, хьэрычэт Iуэхум, нэгъуэщI куэдми. ЩIэнIуатэм къыщыпсалъэ щIэныгъэлIхэм ягъэшэрыуэрт бзэ зыбжанэ, инджылызыбзэм е нэмыцэбзэм къытекIыурэ тыркубзэмрэ хьэрыпыбзэмрэ тыншу техьэфырт. Ауэ адыгэбзэр ирикъуу зыIурылъыр мащIэт хамэ къэралхэм щыпсэухэм ящыщу. Арат къызэхуэсахэр зыгъэпIейтейр. Бзэуэ пщIэм хуэдиз гъащIэу къэбгъащIэу жаIэми, абыхэм я дунейм фIыгъуэ гуэр зэрыхуримыкъур зыхэпщIэрт. Егъэлеяуэ гугъущ уи Хэкум упэIэщIэу анэдэлъхубзэр пхъумэну, бгъэшэрыуэну, къыпщIэхъуэм Iурыплъхьэну. ИтIани, хэкIыпIэу щыIэхэр къэлъыхъуэн, къэгъэсэбэпын хуейщ.
- ЩIэнIуатэм къеблэгъахэр Босфор и гущIыIум тет «Валиде Султан» кхъухьым щагъэхьэщIащ. КъекIуэлIахэр ирагъэплъащ адыгэ макъамэтх, пшынауэ ныбжьыщIэ Джэмыкъуэ Тамбий, «АдыгэлI уэрэджыIакIуэхэр» гупым я макъамэ пшыхьхэм. АнэдэлъхубзэкIэ тха и усыгъэхэмкIэ щIэнIуатэр игъэдэхащ адыгэ усакIуэ Бэлагъы Любэ. ЩIэнIуатэм хэту къызэрагъэпэщащ адыгэ сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. Iуэхум хэтахэм абы щыхьэт техъуэ сертификатхэр иратащ.
- БАКЪ Зерэ,
- филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор. Истамбыл.