ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

БлэкIа жыжьэм и  джэрпэджэжым игъэнэщхъейуэ

2022-05-24

  • Хабзэ зэрыхъуам тету, Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 158-рэ зэрырикъум теухуа Щыгъуэ-щIэж дауэдапщэхэр махуитIкIэ Налшык къалэ щекIуэкIащ. Илъэсищэ зауэм лъэпкъым къыхуихьа мыгъуагъэ псори ягу къагъэкIыжу, дяпэкIи апхуэдэ нэщIэбжьэ я щхьэ къримыкIуэным иригъэгупсысу, блэкIам и дерсыр зэпригъэшачэу щыгъуэ хуэIухуэщIэхэм хэт цIыхухэр Псэ жыгым деж къыщызэхуэсащ.

  • Накъыгъэм и 20-м и пщыхьэщхьэм, сыхьэт 18-м ирихьэлIэу, фэеплъ утыкум деж «Си Хэку, си уэрэд» фIэщыгъэр зиIэ, адыгэ пшыналъэхэмрэ лъэпкъ уэрэдыжьхэмрэ я пшыхь щекIуэкIащ. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и джэгуакIуэ Хьэмырзэ Ахьмэдрэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ пшыхьыр Бемырзэ Мухьэдин адыгэ лъэпкъым и къудамэ псоми яхуигъэза усэ щэджащэмкIэ къызэIуахащ. Лъэпкъыр лъэрыщIыкI зыщIа зауэм къела мащIэм унагъуэ ящIу, багъуэу, уэрэд жаIэу, усэ яусу зэрыхъужам ди адэжьхэм илъэсищэм нэблагъэкIэ ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэр пщIэншэ зэрымыхъуар, щIэзэуа Хэкужьри зеиншэу къызэрымынар абыхэм я псалъэ мащIэм щIэжьыуэ дахэу къыхэщащ. Пшыхьым къыщыIуащ зауэжьым и тхыдэм ухуезыгъэплъэкIыж, адыгэхэм я щхьэ кърикIуа гуауэр къэзыIуэтэж гъыбзэхэр, Къул ФатIимэ, ХьэхъупащIэ Амырхъан, БатIитIэ Мухьэмэд, Щхьэгъум Борис, Жылау Арсен, Къущхьэ Заурбий, Бэч Азэмэтрэ Беслъэней Ренатэрэ, ДыщэкI Артур, «Бзэрабзэ» гупым, Ташло Алий, нэгъуэщIхэми ягъэзащIэу.
  • Гъыбзэхэмрэ уэрэдхэмрэ хухаха Iыхьэр зэфIэкIа нэужь, Псэ жыгым и лъапэм деж шэху уэздыгъэхэр щыпагъэнащ. «158» бжыгъэмрэ адыгэ ныпым тещIыхьа шабзищымрэ вагъуэ пщыкIутIымрэ я теплъэр къызытещ шэху сурэтым цIыхухэр къеувэкIри, тэлайкIэ щыму щызэхэтащ, блэкIа жыжьэм и джэрпэджэжым игъэнэщхъейуэ, фэеплъ мафIэхэм я хуабэм къытхэмытыж нэхъыжьхэм я псэхэр къришалIэ къыпфIэщIу.
  • Абы иужькIэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я жэрдэмкIэ, Псэ жыгым деж жьэрымэ щагъэуащ, кхъуей, IэфIыкIэ и гъусэу щагуэшащ.
  • ЦIыхухэр жэщыку пщIондэ зэхэмыкIыжу фэеплъ утыкум деж щызэхэтащ, нэхъыжьхэм я псалъэм, я ущием, я тхыдэ хъыбархэм нэхъыщIэхэр щIэдэIуу, акъылкIэ зэдэгуашэу.
  • ЕтIуанэ махуэм, накъыгъэм и 21-м, Кавказ зауэм хэкIуэда ди нэхъыжьхэм я щхьэр хуагъэщхъыну жэрдэм зиIэ псори Псэ жыгым деж иджыри зэ къыщызэхуэсащ. Адыгэ ныпхэр яIыгъыу цIыхухэр уэру утыкум итт, щыгъуэ махуэм и нэщхъеягъуэр гурэ псэкIэ зыхозыгъащIэ макъамэхэр щабэу къеуэрт, цIыхубэри, абы и мыхьэнэр зэрызыхащIэр къыхэщу, Iэдэбу зэхэтт.
  • Щыгъуэ пэкIум кърихьэлIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, министрхэр, депутатхэр, къулыкъущIэхэр, жылагъуэ, дин лэжьакIуэхэр.
  • Щыгъуэ пэкIум сыхьэт  11-рэ дакъикъэ 30-м щIидзащ. КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 158-рэ зэрырикъум теухуа щыгъуэ пэкIур къызэIуихри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу цIыху-хэм зэрызахуигъазэ тхыгъэм къеджащ.
  • АдэкIэ Къумахуэм цIыхубэм захуигъэзэну псалъэ иритащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
  • — Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Нобэ адыгэу дунейм тетыр мэщыгъуэ Кавказ зауэжьым хэкIуэда ди адэжьхэм папщIэ. Дэри, хабзэ зэрытхуэхъуауэ, Налшык дэт фэеплъым деж дыкъыщызэхуэсащ. — Зэман жыжьэм ди лъэпкъыр зыхэта гуауэр дигу къыщыдгъэкIыжкIэ, илъэси 100-м щIигъукIэ екIуэкIа зауэжьым насыпыншагъэу къытхуздихьам дегъэгумэщI. Дауи, нэхъыбэу дигу щIыхьэр а зауэжьым зи щхьэр хэзылъхьахэм нэмыщI, къэнам я нэхъыбэр хэкум зэрырахуарщ. Ауэ адыгэр дуней псом тепхъа хъуами, абы къару къызыкъуихыфащ и щхьэр, и лъэпкъ хьэл-щэнхэр, и бзэр, и хабзэр ихъумэжыну. Мыхьэнэшхуэ иIэщ хэкум къинахэр — Урысейм, хэхэс хъуахэр здэщыIэ къэралхэм я жылагъуэ-политикэ гъащIэм, псэукIэщIэхэм зэрыхэзэгъами. Нобэ дэ псоми къыдгуроIуэ Кавказ зауэр Урысей пащтыхьыгъуэм иригъэкIуэкIа политикэм къызэрырикIуар икIи ар нобэрей Урысейм зыкIи етпхыркъым. — БлэкIар зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым, тхыдэм дерс къыхэтхкIэрэщ ди къэкIуэнур убзыхуа зэрыхъунур. Ауэ абы папщIэ куэд зэпэтлъытын хуей мэхъу, нэхъ куууэ дыгупсысапхъэщ. Иджырей геополитикэ Iуэхухэм дыхэзэгъэн, нэгъуэщIхэм я мурад фIейхэм папщIэ дыкъамыгъэсэбэпын щхьэкIэ, ди тхыдэм фIыуэ хэтщIыкIын хуейщ. Языныкъуэ къарухэм ди щIалэгъуалэр гъуэгу пхэнж трагъэувэну, зэпэщIэувэныгъэхэм хашэну ирагъэкIуэкI Iуэхухэм лъабжьэ едгъэщI хъунукъым. Адыгэр гуауэ куэд зылъэгъуа, блэкIам Iущ ищIа лъэпкъщи фIым, дахэм, мамырыгъэм я мыхьэнэр къыдгуроIуэ. Нобэ хамэ къэрал куэдым дыщыпсэуми, дэ быдэу дызэрапх хэхэсхэми хэкурысхэми я псэм хэлъу къэгъуэгурыкIуэ адыгэ хабзэм, щэнхабзэм, нэгъуэщI хъугъуэфIыгъуэхэм. Дэтхэнэ зыри къыхузоджэ блэкIам къытхуихьа гуныкъуэгъуэр зыщыдмыгъэгъупщэу нобэ къыдэкIуэтей щIалэгъуалэр лъэпкъым хуэпэжу дгъэсэну, ди нэхъыжьхэм яхэлъа псэ къулеягъэр, къарууфIагъэр, шыIэныгъэр, Iущагъыр ябгъэдэтлъхьапхъэщ. Мис абы щыгъуэщ ди щхьэр Iэтауэ къэкIуэнум дыщыхэбэкъуэнур, ди республикэр, Урысейр едгъэфIэкIуэн папщIэ зэфIэкI къыщытлъыкъуэкIынур», — жиIащ Сэхъурокъуэм.
  • Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэдахэм дуней псом зэуэ щыхуэщыгъуэ дакъикъэм, сыхьэт 12-м щынэблагъэм, цIыхубэр щымащ. А дакъикъэм гурэ псэкIэ зы ищIащ хэкум къина адыгэхэри, ди лъэпкъэгъухэр зэрыс къэралхэри.
  • Щыгъуэ пэкIум къыщызэхуэсахэм дыуэ ящIащ, зауэшхуэм хэкIуэда ди адэжьхэм жэнэтыр унапIэ яхуэхъуну тхьэ елъэIуахэщ. Абы иужькIэ КъБР-м и къэрал икIи щIыналъэ къулыкъущIапIэхэм къикIахэм удз гъэгъа Iэрамэхэр фэеплъым тралъхьащ.
  • Щыгъуэ махуэр абдежым щиухакъым. ПэкIум хэтахэр ирагъэблэгъащ КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуаха, Сочэ къалэ щыщ сурэтыщI ХьэщIэмыз ФатIимэ и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэм, къалэхэмрэ къуажэхэмрэ щекIуэкI щыгъуэ-щIэж Iуэхугъуэхэм.
  • ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.
  • Сурэтхэр  Къарей Элинэ трихащ.