ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ТекIуэныгъэм  и махуэшхуэм и щIыхькIэ зэрызахуигъэзар

2022-05-12

  • 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 77-рэ ирикъуащ мы гъэм. Абы ехьэлIа Iуэхугъуэ дахэ куэд ди хэкум и щIыпIэ псоми щекIуэкIащ. ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм и саулыкъукIэ Налшык къыщызэрагъэпэща гуфIэгъуэ концертым КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зауэм и ветеранхэм, республикэм и цIыхухэм захуигъэзащ хъуэхъу псалъэхэмкIэ.

  • «ПщIэ зыхуэсщI си лъахэгъухэ, зи щIыхьыр лъагэ ветеранхэ! Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэщIэ лъапIэхэ! Си гуапэу сынывохъуэхъу Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ къызэрыщытхьрэ илъэс 77-рэ зэрырикъумкIэ! Нобэрей махуэшхуэр дэтхэнэм и дежкIи нэхъ лъапIэ дыдэ, псэм щагъафIэ махуэщIщ. Абы къегъэлъагъуэ ди Хэкур тхуэзыхъума, фашизмэм удын хьэлъэ езыдза ди нэхъыжьыфIхэм фIыщIэ мыухыж зэрахуэтщIыр. А махуэращ ахэр зыхуэзэуар, зыхуэлэжьар, цIыху къарумрэ зэфIэкIымрэ къимыхьын хуэдэ гугъуехьхэм щIыпхыкIыфар, ТекIуэныгъэм и гъатхэр къихьэным щIэпт хъуну псори уасэ щIыхуащIыфар. Дэ сыт щыгъуи ди гум илъынущ а къызэрымыкIуэ лIыхъужьыгъэр совет цIыхубэм зэрахузэфIэкIар.
  • Ди къэралым къытехуащ бийм и удын нэхъ хьэлъэ дыдэхэр. Ди цIыхухэращ Хэкур бийм щызыхъумэжар, адрей лъэпкъ куэдым я къыщхьэщыжакIуэ нэс хъуар, Европэм и къэралхэр хуит къэзыщIыжар. А Iуэхугъуэм мы зэманым политикэ, ущие мыхьэнэшхуэ иIэщ, дызэрыгушхуэщ, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэIэтщ. Абы къыхэкIыу зауэм теухуа пэжыр хъумэныр, тхыдэм абы ехьэлIауэ къыщыгъэлъэгъуа, шэч къызытумыхьэж къэхъукъащIэхэр зэдзэкIауэ «къратхыкIыжыныр» дымыдэныр — ар ТекIуэныгъэр къытхуэзыхьахэм я пащхьэ щыдиIэ къалэнышхуэщ — къыхигъэщащ и псалъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм. — Хэку зауэшхуэр илъэси 4-кIэ екIуэкIащ. Ар хъуащ лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ, гъэунэхуныгъэ хьэлъэхэмрэ хэщIыныгъэ гуащIэхэмрэ, ТекIуэныгъэм хуэщIа гугъапIэ нэхухэмрэ фIэщхъуныгъэ гъунапкъэншэмрэ я лъэхъэнэ псо.
  • Лъэпкъ зэхэгъэжыр зи пщалъэхэм мураду яIар цIыху акъылым къимытIэсэным хуэдэхэщ. Ахэр хуейт лъэпкъкIуэдыр къытхуагъэкIуэну, ди лъапсэхэр ягъэгъущыну. ЩымыIэжынкIэ шынагъуэ къыщхьэщыхьат ди совет къэралыгъуэ щхьэхуитым. Совет цIыхубэм, ди зауэлI хахуэхэм къакъуэкIа лIыгъэ къызэрымыкIуэм и фIыгъэщ а мурадхэр бийм къызэремыхъулIар. Ди адэшхуэхэм, адэхэм дуней псом ирагъэлъагъуфащ зэкъуэтыныгъэм, зэрыIыгъыныгъэм, Хэкум хуаIэ лъагъуныгъэм я щапхъэ уахътыншэ. Я псэм щымысхьу ахэр бийм щыпэщIэтащ        дэни — щIылъэми, хыми, уафэгуми. Фронтым дэIэпыкъуу, цIыхум и къарум дэмыхуэн хуэдиз зэфIэкI къагъэлъэгъуащ заводхэмрэ фабрикэхэмрэ, губгъуэхэмрэ фермэхэмрэ щылэжьа совет цIыхубэм. Апхуэдэ лIыгъэ къызыкъуэкIыфынур Хэкум и къуэ, ипхъу нэсхэрат. Ахэращ нацизмэр хэзыгъащIэу, шэч лъэпкъ зыхэмылъ ТекIуэныгъэр къытхуэзыхьар, 1945 гъэм накъыгъэм и 9-р лIэщIыгъуэкIэрэ мыкIуэдыжын махуэшхуэ дуней псом щызыщIар.
  • Нобэ дэ фIыщIэ мыухыж яхудощI Хэку зауэшхуэм лIыхъужьу хэта щIэблэу цIыхубэ тхыдэм и зауэ нэхъ гущIэгъуншэ дыдэм и гугъуехьхэр, хьэзабхэр, щыщIэныгъэ псори зытехуахэм, зышэчахэм. Апхуэдэ фIыщIэм и щапхъэ нэрылъагъущ цIыху минхэр зыхэту блэкIа «Полк уахътыншэр». Абы хэтахэм иджыри зэ ягъэлъэгъуащ зи тхыдэмрэ хабзэмрэ иригушхуэ ди цIыхубэр зэрызэкъуэтыр.
  • Дэ зэи тщыгъупщэнукъым ТекIуэныгъэм щIэтта уасэшхуэр. Зауэм ихьащ совет цIыхухэм ящыщу мелуан 26-м щIигъум я гъащIэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и бынхэм ящыщу мин 40-м щIигъум я щхьэр щагъэтIылъащ Индылрэ Берлинрэ я зэхуаку илъа зауэ губгъуэхэм. Зауэм зи гъащIэр зыIиха псоми я фэеплъым ди щхьэхэр яхудогъэщхъ. Дунейм ехыжа ветеранхэм дахуощыгъуэ.
  • Хэку зауэшхуэр ди къэралым и деж-кIэ гъэунэхуныгъэ хьэлъэ дыдэт. Апхуэдэу щытами, абы зэхикъутэфакъым цIыхубэм я гурылъ нэхухэу ТекIуэныгъэм хуэгъэпсахэр, дэтхэнэми и фIэщ хъурт «ди Iуэхур захуэу зэрыщытыр, биидзэр зэрызэхэткъутэнур, текIуэныгъэр зэрызыIэрыдгъэхьэнур». А фIэщхъуныгъэр ноби илъщ ди гум, абы дызэкъуегъэувэ иджырей лъэхъэнэм къытпигъэув шынагъуэхэм дапэщIэтыфынымкIэ. А Iуэхугъуэм и щапхъэ быдэщ ди цIыхубэр къэралым и пашэ Путин Владимиррэ Урысей Федерацэм IэщэкIэ зэщIэузэда и дзэхэу операцэ хэха зыгъэзащIэмрэ зэракъуэувар, — жиIащ КIуэкIуэ Казбек, УФ-м и Президентым и мыхьэнэр къыхигъэбелджылыкIыу. — Нобэ, лIэщIыгъуэ блэкIам и 40 гъэхэм хуэдэу, ди къэралым игъэзэщIэн хуей мэхъу нацизмэм пэщIэувэным, хуитыныгъэм, пэжым, захуагъэм я телъхьэу щытыным епха къалэнхэр.
  • Си фIэщ мэхъу ТекIуэныгъэм и махуэр зэи мыкIуэдыжын гъуазэ быдэу игъащIэкIи къызэрытхуэнэнур, ди      Iуэху псори абы етлъыту дызэрыпсэунури хьэкъщ. Ди къалэнщ ди адэшхуэхэм, ди адэхэм къыдагъэзауэ щыта дзыхьыр дгъэпэжыну, гугъуехьхэмрэ лъэпощхьэпохэмрэ дапэлъэщыну, ди бынхэм, абыхэм къащIэхъуэ щIэблэм зэIузэпэщыныгъэрэ къарурэ зэрылъ ди Урысей къэралыгъуэр къахуэдгъэнэну.
  • Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм — щIыхь! ТекIуэныгъэр къэзыхьа цIыхубэм — щIыхь! МахуэшхуэмкIэ, ТекIуэныгъэм и махуэмкIэ сынывохъуэхъу!»