Кавказ Ищхъэрэм нэхъри зрагъэужь
2022-05-06
- УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил Iэ тридзащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм (КИФЩI) социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ 2030 гъэ пщIондэ зегъэужьыным хуэгъэпса стратегиер къыщыгъэнэIуа дэфтэрым.
- Абы къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ щIыналъэм туризмэм зыщегъэужьыным, промышленностым и IэнатIэхэм проектышхуэхэр щыгъэзэщIэным, еджапIэхэр, гъэсапIэхэр, гъуэгушхуэхэр ухуэным, пэщIэдзэ медико-санитар дэIэпыкъуныгъэ цIыхухэм щрат IуэхущIапIэхэм зегъэужьыным, сабийхэм я узыншагъэр хъумэным, технологие лъагэхэр къыщагъэсэбэп медицинэм зегъэубгъуным, псэупIэ унэхэм, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэм епхахэр.
- Транспорт IэнатIэм щIыналъэм адэкIи зыщегъэужьыным хуэгъэпсауэ я мурадщ «Налшык» аэропортыр зэрагъэпэщыжыну. «Iуащхьэмахуэ» курортыр хъунущ Урысей Федерацэм бгы-лъэрыжэ туризмэм зыщиужь щIыпIэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зы. Кавказ Ищхъэрэм щыIэ курортхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыгъэпсэхупIэхэри яхэту, тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм щыIэ турист центрхэм япызыщIэну автомобиль гъуэгущIэ яухуэнущ.
- КИФЩI-м и промышленностым адэкIи зегъэужьыным хуэщIа унэтIыныгъэхэм хохьэ Тырныауз вольфрам-молибден пцIийхэр къыщыщIэхыныр, абыхэм елэжьыныр зэтегъэувэжыныр.
- ЩIыналъэ экономикэм хэпщIыкIыу зезыгъэужьу къалъытащ мэкъумэш промышленнэ IэнатIэр. Я мурадщ жыг гъэкIыным, мэлымрэ Iэщышхуэмрэ зехуэным, бдзэжьей гъэхъуным ехьэлIа лэжьыгъэхэм нэхъри зрагъэубгъуну. МэкъумэшыщIэхэм Iэмал яIэнущ лэжьыгъэхэр зэрегъэкIуэкIыпхъэ технологиехэр къыщыгъэлъэгъуа, чэнджэщхэри къыщыгъэнэIуа Iуэху зехьэкIэщIэ мардэхэр къызэрагъэпэщ я IуэхущIапIэхэм къыщагъэсэбэпыну. Къэбэрдей-Балъкъэрым иужьрей илъэсхэм къыщызэгъэпэща хъуащ пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэхэкIхэмрэ гъэкIыным, фIэIугъэхэр щIыным, Iэщ зехуэным хуэщIа IэнатIэ хъарзынэхэр.
- УФ-м и Правительствэм къызэрыхигъэщымкIэ, щIыналъэ зыужьыныгъэм хуэщIа стратегиещIэм къыщалъытащ къэралыр къыпэубыдыныгъэ ткIийхэм я лъэхъэнэм зэритыр.
- Апхуэдэу абы къыщыгъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм зегъэужьыным ехьэлIауэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыхилъхьа Iуэхугъуэхэр. Республикэм и дежкIэ мыхьэнэ зиIэ а унэтIыныгъэхэмрэ объектхэмрэ а дэфтэрым хагъэхьащ, ди щIыналъэм и унафэщIыр, УФ-м и Правительствэмрэ министерствэхэмрэ, УФ-м и Президентым КИФЩI-м щиIэ полномочнэ лIыкIуэр а IуэхугъуэхэмкIэ зэрызэдэлэжьам къарикIуахэр я лъабжьэу.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.