ЛIыхъужьхэр я щапхъэу
2022-04-05
- Нарткъалэ дэт Ерчэн Темболэт и цIэр зезыхьэ спорт комплексым щекIуэкIащ 115-нэ шу дивизэм и зауэлIхэм я фэеплъу IэпщэрызауэмкIэ республикэ зэхьэзэхуэ зэIуха.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым Армэ IэпщэрызауэмкIэ и федерацэм, Аруан районымрэ Къэхъун къуажэ (а къуажэращ 115-нэ шу дивизэм и 316-нэ шу полкыр щызэхагъэувауэ щытар) администрацэхэмрэ, Германием щыIа IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я ветеранхэм я зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ и къудамэм къызэрагъэпэща зэхьэзэхуэм и саугъэтхэм щIэбэнащ я ныбжь елъытауэ гупищу гуэшауэ щыта ныбжьыщIи 150-м щIигъу.
- Республикэ зэхьэзэхуэр къыщызэIуахым хэтащ IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я ветеран, полковникыу дзэм къыхэкIыжа МацIыхъу Хъусен. Аруан район администрацэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ и къудамэм и унафэщI КIурашын Владимир, Германием щыIа IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я ветеранхэм я зэгухьэныгъэм жэуап зыхь и секретарь Гулэжын Беслъэн, КъБР-м Армэ IэпщэрызауэмкIэ и федерацэм и тхьэмадэ Шэрджэс Заурбэч, «Кавказ гъунапкъэ» къэлъыхъуакIуэ гупым и унафэщI Цыбин Виктор, къэлъыхъуакIуэхэр, Май къалэм дэт курыт еджапIэ №10-м щIэс юнармеецхэр.
- Зэпеуэр къыщызэIуах парадым командэхэм кърахьащ 115 шу дивизэмрэ 316-нэ Аруан шу полкымрэ я бэракъхэр. МэцIыхъу Хъусен, КIурашын Владимир, Гулэжын Беслъэн сымэ къызэхуэсахэм хуаIуэтэжащ 115 шу дивизэм илъэс 80 ипэкIэ Ростов областым и Сальск тафэхэм нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм лIыхъужьыгъэ яхэлъу зэрапэщIэтар. Шэрджэс Заурбэч и къэпсэлъэныгъэхэм къызэрыхэщамкIэ, ар зи унафэщI федерацэм и гъэсэн куэдым пщIэ яIэу Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм и IэнатIэ куэдыр ирахьэкI. «Мамырыгъэр – ар дунейм тет хъугъуэфIыгъуэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщщ, Зауэр зищIысыр зэи зэхэвмыщIэну сыфхуохъуахъуэ. Фэ фщыщ куэдым балигъыпIэ иувэмэ дзэ фащэр щыфтIагъэнущ. Зэгуэр Iэщэ фIыгъыу Хэкур фхъумэжыну къыфлъыкъуэкIмэ, фашизмэм ебэну зи псэр зыта ди адэшхуэхэм я пщIэм фыхуэфащэу фыщыт», — жиIащ Шэрджэсым.
- Жыджэру, удэзыхьэхыу екIуэкIа зэIущIэхэм щытекIуахэр грамотэхэмрэ медалхэмкIэ ягъэпэжащ. НэхъыфIхэр хэтынущ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и зэхьэзэхуэхэм.
- Къэхъун Бэч.