ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2022-03-19

  • Адыгэм япэу  Iэнэм трилъхьэр
  • Хьэлыуэ щащIынум и деж шыуан кIуэцIыр джэдыкIафэкIэ къралъэщIыкI, хьэлыуэр щащIкIэ кIэримысхьэн щхьэкIэ.

  • Щынэлыр нэхъ щашхыр накъыгъэ, мэкъуауэгъуэ мазэхэрщ. Абы щыгъуэм лыр нэхъ IэфIщ. Щынэлым и щэр хужьыбзэщ.
  • Адыгэм пIэтIрэжан игъэ-кIыу щытакъым. Ар ишхмэ, цIыхум и Iэпкълъэпкъым шыгъу дещIэ жаIэрт.
  • Адыгэ тхьэлъэIум япэ ды-дэу Iэнэм тралъхьэ хьэлыуэ, хъыршын, хьэлывэ.
  • Тхьэрыкъуэр зэрыпсоууэ тIууэ сэкIэ зэгуаупщIыкIри, и гур хуабэу кърах. Ар гу къилъэт зи-Iэм ирагъэгъэлъэтэх ямыгъэныщкIуу, зэрыпсоууэ. АбыкIэ гу къилъэт зиIэр хъужу щытащ.
  • Фэлъыркъэбым и щхьэр трагъэжри, ягъэгъу. ИужькIэ абы сыт ипкIэми щIыIэу щытщ.
  • Дэ купщIэ гъэлыгъуа пшхымэ, уи кIэтIийхэр егъэкъабзэ.
  • Нэмэзлыкъ ящIыр бжэныфэщ е адыгэ мэл цы пхъашэрщ.
  • ПIастэ дия щаупщIатэкIэ сэр псы щIыIэм щIэх-щIэхыурэ хагъауэ. Апхуэдэу пщIымэ, бзыгъэр нэхъ дахэ мэхъу.
  • Нартыху щхьэцыр жьауапIэм щагъэгъури, шейуэ ягъавэ. Ираф гъуэжь уз зиIэхэм, мыгъутхьэфхэм.
  • Гуэгушыл щагъавэкIэ и къупщхьэхэр зэпаудыркъым, зэпылъыпIэр зэрагъэкIыу аращ. Ар зыпыбудрэ бгъавэмэ лэпсри лыри IэфI хъуркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ къупщхьэ зыпыудам и кIуэцIым илъыр лъы пцIащ. Лэпсри фIыцIэ, ткIыбжь ещI.
  • Къубатий Борис.
  •  
  • Фо зэхуихьэсын щхьэкIэ
  • Фо килограмм зэхуихьэ- сын щхьэкIэ бжьэр 120-рэ — 150-рэ бжьаIуэм телъэтыкIын, удз гъэгъа мелуанитхум нэблагъэм тетIысхьэн хуейщ.
  • * * *
  • Зы бжьэ матэм дэсхэм къыщалъэтыхьым деж кърухэм хуэдэу зэкIэлъхьэужьу зэпыувэу щытамэ, зы сантиметр фIэкIа ямызэхуакуми, километр ныкъуэ хуэдизкIэ зашэщIынут.
  • * * *
  • Зы сыхьэтым километр 65-рэ къызэренэкIыф бжьэм. Шхынрэ къарурэ хурикъуа-мэ, жэщ-махуэ 25-м къриубыдэу ЩIыр и хъуреягъкIэ къилъэтыхьыфынут.
  • * * *
  • Тхьэрыкъуэр и пIэ щисым деж и гур зы дакъикъэм къриубыдэу 29-рэ къеуэу аращ, щылъатэм деж 450-м ноблагъэ.
  • * * *
  • Зи лъыр щIыхуфэ псэущхьэу дунейм тетыр Австралием и гъунэгъу тенджызхэм медузэм ещхьу хэс псэущхьэхэрщ.
  • * * *
  • Къуалэбзу псоми псы щефэкIэ я щхьэр къаIэтын хуей мэхъу. Тхьэрыкъуэ закъуэращ щхьэр къыдримыхьейуэ псы ефэфыр.
  • * * *
  • Языныкъуэ бзухэм зы сыхьэтым километрищэ къызэранэкIыф, метр мини 7-кIэ заIэт, къэмытIысу километр мини 3 — 3,5-рэ къалъэты-хьыф.
  •  
  • КIэртIоф зыхэлъ жэрумэ лэпс
  • Ар ягъэхьэзырын щхьэкIэ жэрумэр зыхэвыкIа лэпсыр тIэкIу ягъэдий, дагъэр къытехыгъуафIэ хъун щхьэкIэ. Телъ дагъэр къытрахри, лэпсыр языж, шыуаным иракIэ, пэшхьэкум трагъэувэри, зэ фIыуэ къагъэкъуалъэ. Абы Iыхьэ цIыкIуурэ упщIэта кIэртIоф укъэбза халъхьэ, и щхьэр трапIэжри, мафIэ щабэм тету ягъавэ дакъикъэ пщыкIутху-тIощIкIэ. Абы бжьын гъэлыбжьа традзэ, джэдгын траудэри, шыуаныщхьэр тепIауэ дакъикъитху-хыкIэ щагъэт. Фалъэ куукIэ пщтыру Iэнэм трагъэувэ. ПIастэ щIыIэ е чыржын, хьэлIамэ, щIакхъуэ дашх.
  • Халъхьэхэр зы (цIыху Iыхьэ):
  • дагъэ зытемытыж лэпсу — грамм 500,
  • кIэртIоф укъэбзауэ — грамми 150-рэ,
  • шыгъуу — узыхуейм хуэдиз.
  • Бжьын гъэлыбжьам:
  • бжьыныщхьэ укъэбзауэ — грамм 50,
  • щэ гъэвэжауэ — грамм 40
  • шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
  • «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ.
  •  
  • ЩIыхь зиIэ щытхъу хуэныкъуэкъым
  • ХамэщIыр сыт щыгъуи щIыIэщ.
  • Щхьэм имылъмэ, гум илъыр къолъэлъ.
  • Бгым щыхуам и мыIуэху зэрихуэжыркъым.
  • ЩIыхь зиIэ щытхъу хуэныкъуэкъым.
  • Iуэху ныкъуэщIэ къагъанэу, IуэхущIэ яублэркъым.
  • ХьэщIэм и щIыхьыр езым къеIэтыж.
  • Хамэм зыкъыпщIигъакъуэмэ, къуэшри къофыгъуэж.
  • Щыуагъэр мыгъуагъэщи, гугъапIэр пIэщIех.
  • Анэм и гузэвэгъуэр гъунапкъэншэщ.
  • Нысэр гъэсамэ, усэ хуэфащэщ.
  • Зи мащIэм зигъэнщIри, зи куэдым зимыгъэнщIыжу къэнащ.
  • ЩыхуащIэм щIагъуэт, щыхуамыщIэм хъущIэрт.
  • АфэщIагъуэ Анас.
  •  
  • ГъащIэм и  купщIэр
  • ФIыуэ улажьэу уесэн щхьэкIэ, Iуэхум хуаб- жьу удихьэхыу щытын хуейщ, армырамэ, залымыгъэ зэпхыжыфынукъым.
  • Калинин Михаил,
  • къэрал къулыкъущIэ.
  • ТхылъыфIым щIэныгъэфI къует, гупсысэ щхьэпэ куэд къегъэуш.
  • Крупская Надеждэ,
  • къэрал лэжьакIуэ.
  • Тхылъыр зэрызепхьэм цIыхум узэрыхущытыну щIыкIэр еубзыху. А тIуми зэхуэдэу хуэныкъуэщ дэтхэнэри.
  • Карамзин Николай,
  • урыс тхакIуэ.
  • НэхъыфI дыдэу схэлъыр цIыхуфIхэм гуры- щIэ IэфI зэрахузиIэрщ.
  • Пришвин Михаил,
  • урыс тхакIуэ.
  •  ИпэжыпIэкIэ щэджащэр зи гур псом щхьэкIи къеуэрщ.
  • Роллан Ромен,
  • франджы тхакIуэ.
  • Тхыдэр зи лъабжьэ романхэм уеджэныр нэхъ щхьэпэщ тхыдэмкIэ курсхэм нэхърэ.
  • Бальзак Оноре,
  • франджы тхакIуэ.
  • Лэжьыгъэращ цIыхум и творческэ зэчийр къызыкъуезыгъэхыр.
  • Толстой Алексей,
  • урыс тхакIуэ.
  • ЦIыхум и зыужьыныгъэрщ и гъащIэм купщIэ хуэхъужри.
  • Горький Максим,
  • урыс тхакIуэ.
  •  
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 4. Адыгэ театрым и джэгуакIуэ, ЕмкIуж Андзор триха «Невиновен» кинофильмым роль нэхъыщхьэр щызыгъэзэщIа, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист. 5. Мастэ пIащэ. 10. ШыкъумцIий уд фызыжьыр абыкIэ псыхьэ игъэкIуащ. 11. Щхьэл мывэр зэкIэрэхъуэкI. 13. Колхоз хьэсэм и плъыр. 14. ЦIыхубзхэм зэрызагъэдахэ, напэщыхуэ.
  • Къехыу: 1. Транспорт лIэужьыгъуэ. 2. «НэгъуэщI щIалэхэмкIэ уемыплъэкI», «УзиплъапIэщ», «Уи кIэсинкIэр», «Мылицэ щIалэм и уэрэд», «Колэ», «Нусэ» уэрэдхэр зыу- са … Залымхъан. 3. Купкъ зэрылъ пхъэщхьэмыщхьэ плъыжь-фIыцIафэ цIыкIу. 6. Джэдкъаз. 7. Iэщышхуэм зэреджэ цIэхэм ящыщ зы. 8. Хьэцэпэцэр щаIуэкIэ гъупщым нэхърэ нэхъ щабэу хьэуазэм къыщIокI. 9. Литературэ тхыгъэ. 12. Совет зэманым щыIа ахъшэ жьгъей. 14. … гъущэрылърэ фыз игъэплъа лIырэ. 15. Къуажэм я гъуор маджэ: «Жылэ махуэ хъун, зи … вакъэ изылъхьэ псори зэхуэсым фыкъекIуалIэ!»
  • Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
  •  
  • Гъатхэпэм и 12-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу: 1. Бо. 2. Къанжэ. 4. Къум. 8. Щхьэлыкъуэ. 9. Къат. 11. Мет. 15. Къатхъэнсолыкъу. 16. Къэп.18. «Нэху». 20. Къэрмокъуэ. 21. Цы. 22. Хьэсэн. 23. Хьэ.
  • Къехыу: 1. Балъкъ. 3. Налкъутналмэс. 5. Мест. 6. Хъущт. 7. Хьэм. 10. Абазэ. 12. Емышэ. 13. Пхъы. 14.Тощ. 16. Къауц. 17. Пкъы. 18. Нэд. 19. Хупхъэ.