Дуней псор и дахагъэм ехьэху
2022-03-04
- … Адыгэ пщащэр щIыкIафIэщ, и щхьэм и уасэ зыщIэж цIыхущ. ДахагъэкIэ абыхэм япеуэфын зэрыщымы-Iэр куэд щIауэ псоми ящIэ: цIыху лъагъугъуафIэхэщ, Iэпкълъэпкъ зэкIужхэщ, уардэу, Iэдэбу зокIуэ. Адыгэ цIыхубзхэм я зэхэщIыкIымрэ я зэфIэкIымрэ лъагэщ…
- ДУБРОВИН Николай,
- XIX лIэщIыгъуэм псэуа дзэ тхыдэтх.
- Адыгэ бзылъхугъэхэр губзыгъэхэщ, гу къабзэхэщ, куэдым гу лъатэ. Абыхэм цIыхухъум пщIэшхуэ хуащI икIи ирипагэн яфIэфIщ я щхьэгъусэхэр лIыгъэ щIапIэ щихуэкIэ къызыкъуах лIыхъужьыгъэм. Адыгэ бзылъхугъэхэр щэныфIэхэщ, лэжьыгъэр, къабзагъэр фIыуэ ялъагъу…
- БЛАРАМБЕРГ Иван,
- 1827 гъэм къыщыщIэдзауэ урыс
- пащтыхьыдзэм къулыкъу щызыщIа
- генерал-лейтенант.
- ЦIыхубзыр дунейм и дыгъэщ,
- ЦIыхубзыр дунейм и мазэщ.
- Фызмэ — гъащIэ гукъинэщ,
- Анэмэ — дунейм и жылэщ.
- ЛIым зыдгъэлъагэ пэтми,
- Я лъэгуажьэм ди жьакIэр нэскъым.
- АГЪНОКЪУЭ Лашэ,
- адыгэ джэгуакIуэшхуэ.
- Хэгъэгуу дэ дыздэщыIахэм, къеттхэкIа лъэпкъхэм зыри яхэткъым адыгэхэм хуэдэу зи щIыфэ хужьрэ зи бзылъхугъэхэр дахэрэ. Зы лъэпкъи иIэкъым апхуэдэ уардагъэ, Iэпкълъэпкъ зэкIуж. Адыгэ бзылъхугъэхэр цIэрыIуэщ я хьэл-щэн дахэмкIэ, щабагъ гуапэмкIэ.
- Абдул-Хьэсэн Али аль-Масуди,
- хьэрып географ-къэхутакIуэ.
- … Адыгэ бзылъхугъэр дуней псом къыщацIыху икIи и дахагъэм ехьэху. Абыхэм я набдзэ шылэ фIыцIэ псыгъуэ къурашэм, хъуаскIэр къызыщIих нэ фIыцIэхэм, натIэ хужь джафэм, нэкIу хъурей Iупэ пIащIэм удимыхьэхынкIэ Iэмал иIэкъым. Дуней хъурейм Iэпкълъэпкъ зэкIужу тет цIыхухэр мыбдеж Тхьэм щызэхуишэсам хуэдэщ… Дэ, Европэм, ди насыпти, мы лъэпкъ дахащэм дыпэмыжыжьэу Тхьэм дыкъигъэщIащ.
- ГЕРДЕР Иоган,
- нэмыцэ философ-этнограф.