ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къарей Элинэ и гъэлъэгъуэныгъэ

2022-03-04

  • СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм мы махуэхэм щагъэлъагъуэ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ, сурэттех Iэзэ Къарей Элинэ и IэдакъэщIэкIхэр.

  • Пщащэр сурэттех къызэрыгуэкIкъым жыпIэкIэ ущыуэнукъым. Уеблэмэ а IэщIагъэр сом къэлэжьыкIэ къудейуэ къэзыгъэсэбэп куэдым ящыщкъым. И ныбжькIэ зэрыщIа- лэм емылъытауэ, ар зи хъэтI, Iуэху еплъыкIэ зиIэж цIыхущ. Нэхъыщхьэращи, абы и лэжьыгъэхэм адрейхэм къахэзыгъэщхьэхукI нагъыщэ яIэщ, жыпIэнурамэ, Элинэ сурэт техыным езым и лъагъуэ щиIэжщ. Пасэрей унэхэм я бжэ-щхьэгъубжэхэм сурэт трихыурэ зэрызэхуихьэсым куэд щыгъуазэщ. ИгъащIэкIэ гу зылъумытэну Iуэхугъуэхэр къеубыд пщащэм. Апхуэдэщ творческэ цIыху жыхуаIэр.
  • «Взаимосвязи: Бессознательная живопись» фIэщыгъэм щIэт гъэлъэгъуэныгъэр щекIуэкI пэшым узэрыщIы-хьэу укъоуIэбжь. ЯпэщIыкIэ гу зылъыптэр плъыфэхэм я джэгукIэрщ. Ди лэжьэгъум и сурэтхэр утыку къыщри- хьэм къигъэсэбэпа Iэмалыр умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым.
  • Музейм и гупэ пэшым пасэрей унэхэм я блынхэм зэманым трищIа «тхыпхъэхэр» щыдолъагъу. Зэманым иуфэкъуа унэжьхэм я хъыбарыр а сурэтхэм къыбжаIэ хуэдэщ. Нэхъ пэш жыжьэм щыфIэ-дзащ гъащIэм и щэху куэд — хабзэ, щэнхабзэ, псэукIэ зэмылIэужьыгъуэ — зыгъэпщкIу пасэрей унэхэм я бжэхэмрэ щхьэгъубжэхэмрэ. Уеблэмэ ахэр япэм щыIа щхьэгъубжэнэхэм зэрырибзэжам уи гупсысэр къегъэукъубей. ЩIагъыбзэ зырыз зиIэж сурэтхэм апхуэдизкIэ узэIэпашэри, бжэр къыIупхыу абы щыгъэпщкIуар къэпщIэну, щыщ ухъуну уагъэхъуапсэ. Зэманым и сурэт пхуэмыщIыну къэзылъытэ щыIэмэ, Элинэ ейхэм ирыреплъ!
  •  Лондон, Ригэ, Таллин, Каир, Тбилиси, Баку, Налшык къалэхэм, Абхъазым, нэгъуэщI щIыпIэ куэдми Къарейм щытриха сурэтхэм лъэпкъ, дин, хабзэ, бзэ куэд щызэхуэхьэсащ. Ди зэманым унэхэм хагъэувэ бжэ-щхьэгъубжэхэр абы щыпсэухэм я беягъым и щыхьэтмэ, пасэ лъэхъэнэм псэуахэм яIа хэдэхэплъэмрэ IэпэIэсагъымрэ наIуэ тщещI гъэлъэгъуэныгъэм.
  • — Къэбэрдей уэрамым тет унэжьхэм яхэлъ бжэ-щхьэгъубжэхэращ япэу гу зылъыстауэ щытар, — къыджеIэ Элинэ. — ЗэпыщIэныгъэ зимыIэ дунейм зыри теткъым. ЦIыхум цIыху къелъыхъуэ, мафIэм жьы щIэмыпщэмэ, блэнукъым, щIым псы имыIэмэ — псэншэщ. Апхуэдэу, унэ къэс бжэ-щхьэгъубэ хэлъыныр Iэмалыншэщ, арыншамэ, ар унэ ирикъурэ?
  • СурэтыщIым и гупсысэр лэчкIэ къигъэлъагъуэмэ, сурэттехым ейр и сурэтхэм къаIуа- тэ, ухуейрамэ, ар зэманым и хъумакIуэщ, IуэтэжакIуэщ.
  • Кандинский Василий и лэжьыгъэхэм дыкъэзыухъуреихь дунейм и дахагъэм, зэхэлъыкIэм набдзэгубдзаплъэу сыпкърыплъыхьу срагъэсащ. Кхъахэ хъуа унэхэм зэман нэпкъы-жьэу ятелъым си лэжьыгъэм сытрагъэгушхуэ. Дунейр къыщызэхэскIухьым гу лъыстащ цIыхухэмрэ ахэр щыпсэу щIыпIэхэмрэ яIэ зэпыщIэныгъэр. Лъэпкъ щхьэхуэм и щыIэкIэ- псэукIэр и ухуэныгъэхэми къытощ. Апхуэдэу, къуэкIыпIэ лъэныкъуэм щыпсэухэм я бжащхьэхэр зэфэзэщу адакъэ- кIэу къэгъэшащ, Европэм дызэса бжэ плIимэхэрщ щыхалъхьэр. Ипщэ лъэныкъуэм щыпсэухэм нэм къыщIэуэ плъыфэхэмкIэ я бжэхэр лащ. Бжэ къэс гъащIэ, гурыгъу-гурыщIэ къуэгъэпщкIуащ.
  • Сэ сыхуейт цIыхухэр архитектурэм хуэсакъыну къыхуезджэну, блэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ, зыщIэж я бжэхэр яхъумэну.
  • Къарей Элинэ УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ, «Иные» (Москва, Владикавказ), «Женщины Кавказа» (Таллин) нэгъуэщI проект инхэми и лэжьыгъэ щигъэлъэгъуащ, ар «Свой стиль» сурэттех клубым хэтщи, илъэс къэс абы къызэрагъэпэщ гъэлъэгъуэныгъэхэм и IэдакъэщIэкIхэр утыку къыщрехьэ.
  • Музейм цIыхур щыкуэдт. УщымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэтэкъым ди лэжьэгъум хужаIэ псалъэ дахэхэм. ШколакIуэхэм щыщIэдзауэ зи ныбжьыр хэкIуэтахэм деж щиухыжу псоми япэгъунэгъу гуэр къыщагъуэтырт абы. Зи къэжэпхъыгъуэ пщащэ цIыкIухэм Элинэ «декупаж» IэмалкIэ, бжэ-щхьэгъубжэхэр тету, ищIа тхьэгъу телъыджэхэмрэ хъыдан сумкэхэмрэ зыщамыгъэнщIу зэпаплъыхьырт. Псом хуэмыдэу къызэхуэсахэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ музейм и жьантIэм дэт пасэрей пхъэбжэ зэIухыр. Ар Къэбэрдей уэрамым тет унэ-хэм я зым хэлъати, Элинэ унэр зейхэм ягурыIуэри, и экспозицэм хигъэувэн папщIэ къищэхужащ. Апхуэдэу Къарейм и гъэлъэгъуэныгъэм дыщегъэгъуазэ бжэхэм ятеухуауэ ятха усэ нэхъыфIхэми.
  • Музейм и къудамэм и унафэщI Леонтьевэ Нинэ зэIу- щIэр къыщызэIуихым жиIащ мыр Элинэ и IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса япэ гъэлъэгъуэныгъэу зэрыарар икIи а IуэхумкIэ ехъуэхъуащ къызэхуэсахэм.
  • — Нобэрей махуэр дэркIэ гуфIэгъуэкIэ гъэнщIащ, ди гу-пым щыщ пщащэм екIуу и лэжьыгъэхэр утыку кърихьа-щи. Элинэ и лэжьыгъэхэм щIагъыбзэ гуэр зэрыщIилъхьэр сощIэри, дапщэщи а гупсысэр къызэрыслъагъуным сыхущIокъу. Мы дуней зэхэзэрыхьам, тегушхуэу апхуэдэ Iуэху къызэрырихьэжьам папщIэ Элинэ фIыщIэ хуэфащэу къызолъытэ, — жиIащ «Свой стиль» фотоклубым и унафэщI Лукьяненкэ Иван.
  • КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Црым Руслъан и псалъэхэм кIыхь зригъэщIакъым. «Лъагъуэ, лъагъун, лъагъуныгъэ! Ди зэман гугъум уи лъагъуэ плъагъужу абы урикIуэныр, Элинэ хуэдэу, уи Iуэхум лъагъуныгъэ хэлъу упэрытыныр насыпышхуэщ. Тхьэм уригъэфIакIуэ!»
  • Къарейм и зэфIэкIым, и лэжьыгъэхэр нэгъуэщIхэм къахэзыгъэщым теухуауэ абы къыщыпсэлъащ ди щIыналъэм щыцIэрыIуэ сурэттех Iэзэхэу Байсиев Ахъмэт, Макаев Тенджыз сымэ, нэгъуэщIхэ- ри.
  • ЗэIущIэм и кIэухым Элинэ къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIри, дэтхэнэми езым и гуапэу къыIуих бжэ гъащIэм щиIэну ехъуэхъуащ.
  • Гъатхэпэм и 14 пщIондэ екIуэкIыну гъэлъэгъуэныгъэм феплъыну фыкъыхудоджэ.
  • Щомахуэ Залинэ.
  • Сурэтхэр   Елъкъан Артур трихащ.