Псэм и Iэдакъэ жьауэ
2021-12-30
- Щхьэгъубжэнэхэм къатещкъым Iумыл шылэхъар. ЩыIэжкъым жыг хьэщхьэтеуэхэр. КIуэсэжащ уэсыщIэ лъагъуэхэр. Хьэку хуабэм и дакъэр зэи зымыщIа джэду къуэлэныжьыр тахътэм йумэзыхащи, щхьэукъуэрэ пэт хопырхъыкI, къоскIэжри, жейбащхъуэнэхэр къызэтрепхъуэт. Маплъэ.
- «Езыр» стIолым бгъэдэсщ. Ныкъуэеджэр зэпегъэу…
- Джэдум зиукъуэдийуэрэ и нэхэр щIрегъэлъэфэж. ЛIыр мамыру щIодэIу абы и пырхъым. Зэхех щIышылэ жыжьэхэм я даущ. Елъагъу а уэсхэр. Илъэс 80 ипэжкIэ, щIышылэм и япэ махуэу дунейм къытеплъэрт «Езыр», Тэнащ Анатолэ.
- «Илъэс плIыщIыр дыгъужь плIыщIщи, илъэс пщIейр пэщащэ пщIейщ», жи лъэпкъ Iущыгъэм. ПогуфIыкI Анатолэ: «Гъэхэр жьыгъэкъым. Жьыгъэр егъэзыхыгъуэкъым. Гупсэхугъуэу щыIэм я фIыпIэщ ди 80-90-хэр. Псэм гуауей къемыIэмэ, гур бзыгъэмэ!»
- Жэрщ псэр. Гъэрщ гур. Щхьэж иIэжщ езым и кхъуафэжьей хужьыпсхэр. Тэнащым ейхэр, мес, зыщIаупскIэу зэрохьэх БорыкъуейкIэ. Налшыкт ар 1942-м къыщалъхуар. ЛъэпкъкIэ — Абейкъуажэт. Сыту пIэрэ нобэр къыздэсым лIым лъапцIэрыщэу Борыкъуей къыщилъыхъуэр? А зы лъахэм, а зы лъэхъэнэм жьэдэнауэ мэпIэжьажьэ гупсысэ къуэпсыр. Абдеж гуфIэжу щодэхащIэ гъаблэгъейри зауэ Iугъуэри зыпэмылъэща дыгъэ дыхьэрэныр. Къежьапэщ абы зэреджэр…
- Тэнащ — сабийр а жылэм дэзыдзар Хэку зауэшхуэрщ. И адэ Мухьэдин Сталинград уIэгъэхэр телъу къикIыжри, куэд ихьыжатэкъым. Зы Iэмали щыIэтэкъым унагъуэр Налшык щыпсэуну. Борыкъуей дэст Тэнащым и анэш Хьэжмэтхэр. Анэдэлъхум: «Хьэуэ, атэкъынэр зи вакъэпсу, Абейкъуажэ вгъэзэж нэхърэ… ФынэкIуэж». Апхуэдэу Хьэжмэтхэ зрашэлIэжат я пхъурылъхур. Тэнащыр абы щыгъуэ илъэс етхуанэм иту арагъэнт. НтIэ, абдежщ япэ дыдэу «щыпынар», «щыхъуэпскIар» сабий гупсысэр.
- Пщыгъупщэркъым уцIыкIуу плъэгъуар. ЩыгъупщэгъуафIэт езы 1946-гъэ уэгъур? Зэманыр гъаблэт. Иджыпстуи зэкIэлъхьэужьу и нэгу къыщIохьэ хэт – сабийрэ, хэти — балигъыу а гъейм хэлIахэр. ЩIымахуэр уаерэ, гъэсыныпхъэ щымыIэмэ; бзум худрапхъей унэм щIэмылърэ, щхьэмыжщыпэ дэкIхэр лъэхъуэщхэм икIуадэмэ… Ар зыгъэвахэм я дэтхэнэрт совет властыр къэзыщтэнур?! Тэнащым хуэдэ сабий дыдэхэм узу къытрамышащIэ щхьэкIэ, хьэсэпэхъумэ щIопщыр щысхьыншэу теджагуэрт нэхъыжьыIуэхэм я щIыфэ. ШынагъэкIэ ирагъэдэну минрэ хэтами, а лъэхъэнэм и щIэблэм гущтэ хуищIат власткIэ зэджэм. ЗэрылъэфыпIэ иIэкъым гузэрыдзэм, псом хуэмыдэжу, ар зейр сабиймэ… Елъытащ а сабийр къызыхэкIами: ялъ, я лIакъуэкIэ Тэнащхэр зи щхьэ и унафэ зыщIыж лъэпкъыжьу къекIуэкIат. Къыпхуащтэнут-тIэ къыщемылъэпауэм деж, гуемыIуу къефыщIауэ властыр?! Абыхэм ящыщ хамыукIыкIыу къеламэ, ар зи фIыщIэр нэхъыжьыIуэхэрщ. КъызэщIагъэплъакъым щIэблэр… Куэдыщэ яшэчащ къащIэхъуар псэууэ къэнэн къудей папщIэ! ИужьыIуэкIэщ Тэнащым ар къыщыгурыIуар. АпщIондэху-щэ?
- …АпщIондэху къэжэпхъащ. Борыкъуей дэт курыт еджапIэм щIэтIысхьащ. ГъэIущыжын хуэмейуэ щIэныгъэпсэт а лъэхъэнэм и щIэблэр. Еджэр куэд хъурт. Хьэжмэтхэ я пхъурылъхур гурыхуэт. Къытрамыкъузэу къищтэрт. Къытемыхьэлъэу еджэрт.
- Илъэсиблыр къиухри, 1956 гъэм Тэнащыр щIэтIысхьащ Налшык дэт Технологие (иужькIэ – Политех) техникумым. Зы гъэ еджэгъуэ хуэдэкIэ, езым и жыIауэ, «зэманыр игъэхьэулейщ, щIегъуэжри»… къызыщIэкIар къиухыжыну Борыкъуей игъэзэжат. ИтIани, техникумым щыщIэса 1956 — 1957 гъэхэрщ Анатолэ и дуней еплъыкIэм плъыфэ гуэрхэр къыщыщIэувар.
- Лъэхъэнэм и шыфэлIыфэрщ цIыху щхьэхуэм и нэрыплъэр. «Хьэлэмэтыщэт а 1956 — 1957-хэр!, — жеIэ Тэнащым, — Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъум ипкъ иту, декадэр ягъэхьэзырырт. Мэлбахъуэ Тимборэ щытеувар 1956-м и дыгъэгъазэрщ. Нэхъапэу лэжьащ Бабич Василий. «Зауэми хэтауэ, гъащIэм и пIалъэ зыщIэ цIыху телъыджэт Бабич. Декадэр апхуэдэу зэпэщу къайхъулIэнут, нэхъапэIуэкIэ абы игъэтIылъа лъабжьэр щымыIатэмэ? Къуажэм къыдэкIа адыгэ щIалэхэр къалащхьэхэм зэрыщеджэр; щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм гулъытэ щхьэхуэ щIагъуэтар, уеблэмэ, КъБКъУ-р къызэIухыным хэлъ гугъусыгъухэр лъэныкъуэ езыгъэзар… Бабичщ а псор зи Iэужьыр. Къалащхьэм нэсамэ, абы щыжиIэфырт: адыгэр лей зытехьа лъэпкъщи, и щIэблэм нэплъэжыгъуэ лъыгъэсыпхъэщ!»
- Республикэм и лъэр хуиту щиукъуэдий лъэхъэнэм къалэм къэкIуа щIалэ цIыкIум и еплъыкIэщ ищхьэкIэ къэтхьар. Зихъуэжакъым абы иджыпстуи. Илъэс 80 зи ныбжь лIым егъэщIагъуэ: «Тэмэмкъым цIыхум къыпхуищIа фIыр щыпщыгъупщэр. Зауэ нэужьым Бабич и закъуэ республикэм къыхуилэжьам хуэдиз зыхузэфIэкIа къысхуэщIэжыркъым сэ. Иджы ягу къэкIыжыркъым…»
- …НтIэ, дгъэзэжынщ, а хьэлэмэтыщэу 1956 — 1957 — хэм… Республикэм кърашэжырт къалащхьэхэм щеджа щIалэгъуалэр. Апхуэдэу Ростов къикIыжат скульптор БжэIумых Хьид. Тэнащымрэ Хьидрэ зэрызэкъуажэгъум нэмыщI, зэунэгъут иджы: зы пэш цIыкIу щыпсэуну къащтат, тIуми зэдайуэ. ХьэтIохъущыкъуэ и хадэм Хьид лъэщапIэ щыхухахати, абы къимыкI жыхуаIэу, ятIэм къыщыхищIыкIырт теплъэхэр. Анатолэ еджэрт. Гъуазджэхэр зимыхамэ щIалэгъуалэм хэпщIати, щэнхабзэ здыщызекIуэ зэхуэс зыхиныртэкъым. Щыгъупщэркъым щэнхабзэмкIэ министру а зэманым лэжьа Къардэн Башир и цIыху щIыкIэ дахэр: «Гъэсэныгъэ екIум и щапхъэу, мо лIы Iэдэб зэпIэзэрытыр адэм хуэдэу ятеубгъуат щIалэхэм. Жэщ-махуэ имыIэу яхэтт Башир. Зауэм фэбжь хихауэ езыр лъэрымыхьми, емышыжу игъэгушхуэрт щIэблэр.
- ГъукIэгъэсэну щIалэ нэхъыжьхэм ящIыгъу Тэнащым езым кIуэцIылъ гупсысэри хуэмыхуу къыщIэкIынтэкъым. Сыт щIыжаIэтэр «Нэм илъагъу — щхьэм и уасэщ»? Щымыщ зыхиубыдэркъым цIыхум. Пхухэудыжынукъым а зэгуэр зыхиубыдэпари.
- Борыкъуей игъэзэжу курыт еджапIэр къиухыжа нэужь, ар щIэтIысхьащ Ленинград дэт къэрал университетым и философие къудамэм. Еджэныр дапщэщи тыншу къехъулIэрт абы. Къытехьэлъэртэкъым а здэкIуари, ауэ щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ Налшык къигъэзэжри, КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетыр къиухащ.
- 1966 гъэм къэкIуащ ар «Ленин гъуэгум». Абы щегъэжьауэ газетым и нэхъ гугъупIэу къалъытэ IэнатIэм – секретариат лэжьыгъэм – пэрыуващ. Жэуап зыхь секретарым и къуэдзэу, жэуап зыхь секретару къекIуэкIащ Тэнащыр. Газетхэм я нэхъ къузгъуну щыт парт лэжьыгъэмкIэ къудамэм и унафэщIу щылэжьаи къэхъуащ, ауэ къигъэзэжырт секретариатым…
- «ПщIэгъуалэ утесмэ, иц къыпхохуэ», жи… Лъэхъэнэ зэблэкIыгъуэхэм зыдэлэжьэну къыхуихуахэмрэ, редакцэмрэ Анатолэ дауэ илъагъужу пIэрэ? Езым и щхьэ IуэхукIэ къэгъэпсэлъэгъуей щхьэкIэ, «Гупым» нэсмэ, Анатолэ зи гугъу къыпхуищIхэм уаIуегъаплъэ, къыббгъэдэсым хуэдэу! Уи нэгу къыщIохьэ Тэнащым и япэ редактор нэхъыщхьэр… Сэхъу Къэрэщейт ар. «Сыт щыгъуи къалъыхъуэу, зэзэмызэххэ фIэкIа къахуэмыгъуэт цIыхухэм ящыщт. Гуапэт. ГущIэгъулыт. Псэ хьэлэлт», — жеIэ езым.
- Къэрэщей зауэм хэтат. Узыншагъэ иIэжтэкъым, итIани зыщымысхьыжу лажьэрт. Гупым я Iуэху зэрыригъэфIэкIуэн фIэкIа, нэгъуэщI къалэн дунейм тету ищIакъым абы. ЦIыху бгъэдыхьауэ «хьэуэ» къыхигъэкIыртэкъым. Къэрэщей куэдым къацIыхурт. Къэгъэлъэгъуапхъэщ Мэлбахъуэ Тимборэ деж абы щиIа пщIэр. КъыфIэлIыкIхэрт мо лIы щыпкъэм. Тэнащым къеIуэтэж: «АпхуэдизкIэ псэ хейти, игу къэкIыххэртэкъым къулыкъум тыншыгъуэ гуэрхэр къыпих зэрыхъунур. Шэджагъуашхэр къэсмэ, ещIэкъуауэурэ къехынт ещанэ къатым; зэпрыкIынт автобус къэувыIэпIэм… Шофёрыр гузавэу кIэлъыпхъэрырт. Къэрэщей гъумэтIымэурэ къэувыIэпIэмкIэ еIэрт: «Уэ езыми уи шэджагъуашхэщ!».
- Тэнащыр газетым къыщыкIуа 60 гъэхэм IэнатIэхэр зэпэубыдат. Хэплъыхьыпауэ щIэныгъэ зиIэхэрт редакцэм щылэжьэну зыхуагъэфащэр. «Ленин гъуэгу»-м абы щыгъуи щылэжьащ латин алфавитым тету зэгуэр тхахэм ящыщ. Щылажьэрт 1934 — 1938 гъэхэм шэкъэуэжыр яIэщIэлъу тха гуэрхэри. Анатолэ игу илъщ Агузар Мурадин къиIуэтэжар: «Ди къыдэгъэжхэм шыхьауэ щIагъщIэлъ къабзэр дэлът. МыцIыху гуэрым бжэр дамэдазэ къищIамэ, а зэкIуэцIылъ тIэкIур ди блэгущIэу дыщIэкIырт». ЩIэкIхэрт къызэрамыгъэзэжынум хуэхьэзыру… Къагъэзэжатэкъым редакцэм щIэкIыу зауэм Iухьа щIалэ гупми.
- Газет тхыгъэхэр илъэс куэдкIэ къэзыщыпа КIуэкIуэ Къэрэжан гупыкIыгъуейуэ и гукъэкIыж гуэрым хозэрыхьыж иджы Тэнащыр: «А нэмыцэжь зауэр иухыху, азэлыхь, ди унэ нэху сыкъыщемыкIа! СтIол джафэр си гъуэлъыпIэрэ, газет Iэтэр си пIэщхьагъыу, сыщыIащ редакцэм. «Къэрэжан!» жаIамэ, кърагъахьIауэ арти, сыкъепкIэрт… Мыз Нафихь къэтIысырти, къызжиIэр къэсщыпырт.»
- ЦIыху гъэщIэгъуэнхэм ядэлэжьащ Анатолэ. Абыхэм я гугъу къыщыпхуищIкIэ, дэтхэнэм ифIри егъэIупщI: гупым я фIыщIэкIэ газет жанрхэр убзыхуа зэрыхъуар; къахуэтхэу щытахэр щхьэхуэу къыхегъэщ:
- «Къэхъун къикIыурэ, иджыпсту хуэдэу си нэгу щIэтщ, и цеибгыр щIэкъузарэ, вакъэ зэрытыр лъыгъыу, ХьэхъупащIэ Амырхъан тхыгъэхэр къыщытхуихьыу щытар»,- жеIэ Тэнащым.
- Зыпэрыт IэнатIэм хилъхьа гуащIэдэкIыр къалъытэри, Тэнащ Анатолэ 2014 гъэм къыхуагъэфэщащ КъБР-м и щIыхь тхылъыр. Илъэс 55-рэ мэхъу газетым ар зэрыщылажьэрэ. Иужьрей илъэс 20-м «Адыгэ псалъэм» и зэдзэкIакIуэщ. Нобэрей къыдэкIыгъуэхэм папщIэ Тэнащым жиIэм узэгупсысын хэлъщ: «Адыгэ газетыр нэхъапэIуэм щIэджыкIакIуэ мин 25-27-м щIаIэрыхьэу щытам и щхьэусыгъуэхэр иIэжщ. Абы къыхуэныкъуэхэм яIэтэкъым нэгъуэщI жьыдэхупIэ. Жылагъуэр адыгэбзэкIэ гупсысэрт. Адыгэ гупсысэр унагъуэм илът. Иджыпсту пощтхэм я Iуэхутхьэбзэхэр зэрыдзыхьщIыгъуэджэм и гугъу умыщIыххи, газет къыщIалъыхъуэн псыхуэлIэ ямыIэжу, цIыхур интернет IэмалхэмкIэ ягъэнщIащ. Ди газетыр къызыхудэкIыр хэт? Абыхэм я бжыгъэр дапщэ? Я ныбжь дэнэ нэсрэ? Упсэлъэн папщIэ, узэпсалъэр хэтми пщIэн хуейкъэ?».
- Газет Iуэхум хуэIэзэ нэхъыжьым къыгуроIуэ зэманым къигъэув мэсхьэбхэм псалъэр пэгъэшэрыуэн зэрыхуейр.
- Куэд щIауэ зэдолажьэ «Адыгэ псалъэм» и редактор нэхъыщхьэ Жыласэ Заурбэчрэ Тэнащ Анатолэрэ. «СогъэщIагъуэ, — жеIэ Жыласэм, — зэи и бзэгупэм темыкIыу, Толэ игъэфIэж «Гупым» нэхъыфI дыдэу хэлъахэр езыми зыхилъхьащ. ЗэрысцIыхурэ тетщ ар зы щэным. Мэлажьэ гугъэзагъэу, нэфIэгуфIэу, Iэдэбу».
- Шал Мухьэмэдщ нэхъыбэ дыдэрэ Анатолэ редакцэм къыщыдэгъуэгурыкIуар: «Къуэпс быдэкIэ пыщIащ ар и Джылахъстэнейм. ГумащIэщ псэ зыIут дэтхэнэмкIи. КъызощIэж и хьэвшыр кIуэдар гуажэ щыхуэхъуаи… КъызощIэж и бжьаIуэр… Илъэс 80 жыфIэ щхьэкIэ, Тэнащым и гупсысэр жанщ», — къыддогуашэ Шалыр.
- Псалъалэкъым Анатолэ: «СфIэфIкъым уаз щатыр. СфIэемыкIущ щIалэгъуалэр «лъэпкъ гуауэкIэ» яужьыгуу щыхагъэлъадэр. ФэрыщIыгъэу къызолъытэ «Сыадыгэу сыкъигъэщIащи, кIэухыншэу сынасыпыфIэщ!» щыжаIэр… Зы дыгъэщ псоми къыттепсэр. УкъызэригъэщIа къудеймкIэ хуэщI шыкур. Уи щхьэ-уи псэр зэгъэтIысылIэжи, уэр-уэру ущIэукIытэн пкъуэлъмэ, зэупщIыж. ЗыIуплъэж… Зыдумылъагъужрэ апхуэдэ? Уи цIыху къалэныр бгъэзэщIащ!»
- Тэнащыр зыхуэарэзыжкъым и щIэныгъэмкIэ: «ДыщIалэху, ди гугъэщ деджэу. Зэман докI, дызоплъэкIыжри… тлъагъур сыт? Дызэремыджар! Си щхьэкIэ сохъуапсэ куууэ еджахэм».
- ЦIыхум зыхуигъэувыж пщалъэхэмкIэ нэрылъагъущ и щэныр здынэсыр. Зы еджа Iущ дунейм тетагъэнкъым зыфIэIущыжу…
- Мы тхыгъэм къеджахэм къафIэщIынщ зи гугъу тщIым и балигъ гъащIэр жьы къыщIэмыпщэрэ псы къыщIэмыуэу екIуэкIауэ. Хэт зыщIэр абы и жьапщэхэр?! ЛIым и зэхэщIыкIыр куэдым полъэщ: «Бынхэр ящIэджэлыкIыурэ, зи пхъурылъху-къуэрылъху зыпIыжахэр усабийуэ плъэгъуа нэужь, къыбгуроIуэ – упсэун хуейщ, къыпщыгугъхэм я хьэтыркIэ. Къыплъысар уи щхьэ йумыпэсу ущыныкъуакъуэр фIыкъым. УзэплъэкIыжыху — уолъэпэрапэ. Сыт щыгъуи пщIыгъужщ а уи гуауэр. Къыдэбгъэжеижмэ, нэхъ IэфI? ГъащIэр зыгъэIэфIыр — къыпхуэныкъуэхэрщ. Зэзэмызэ нэхъ мыхъуми, щIэблэм уигъэгуфIэмэ, арщ уи гупсэху- гъуэр.»
- Тэнащым пхъуитI иIэщ. ИIэщ а зи гугъу ищI гупсэхугъуэр къезытхэри: плIыри пщащэу, пхъурылъху цIыкIуиплI Бельгием и къалащхьэ Брюссель щопсэу, щоджэ, щолажьэ.
- Узыригъэхъуапсэу купщIафIэщ Анатолэ. ГушыIэ дахэ хэлъщ. Жыжьэ маплъэ. Куэдым гу лъетэ. Апхуэдэ зэхэзеплъэхэр щымыIатэмэ, зэхэтхынут абы и нетIэрей ныкъуэеджэм къыхэIукIа щIагъыбзэр?! Псэм иIэжщ и Iэдакъэ жьауэхэр… Къелъыхъуэжыр лъапэнэху, гупсэхугъуэ. Нэхъыбэ хуэныкъуэкъым зигурэ зи щхьэрэ зэтелъыр! Борыкъуей нэмыщI дэнэт-тIэ Тэнащым ар къыщигъуэтынур?!
- ЛIым и илъэс 80-р жьыхуу зыхь щIышылэ кхъуафэжьейхэр зэпымыууэ гъуэгу тетщ. Щхьэзакъуэ гупсысэхэри, хьэхэри, бжьэхэри, джэдухэри къыздыщежьэр а зы лъагъуэрщ, а зы лъапсэрщ.
- Тэнащ Анатолэ дыхуохъуахъуэ и гъуэгуанэр кIыхь хъуну!
- Къармэ Iэсият.