КъегъэлакIуэхэм я лэжьыгъэр зэтеублащ
2021-12-30
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым КъэхъукъащIэ шынагъуэ къэмыгъэхъунымрэ абы къиша лъэужьыр гъэзэкIуэжынымкIэ, мафIэс шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ и комиссэм хэтхэм я зэIущIэ.
- Абы хэтащ Урысей Федерацэм и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и Iэтащхьэ Надежин Михаил, КъБР-м и Правительствэм хэтхэр, щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, нэгъуэщIхэри.
- ЗэIущIэр къыщызэIуихым КIуэкIуэ Казбек УФ-м и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэ псоми, зи IэщIагъэкIэ цIыху гъащIэр къегъэлыным епхахэм, ехъуэхъуащ КъегъэлакIуэм и урысейпсо махуэмкIэ. Апхуэдэуи псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ а IэщIагъэм и ветеранхэм икIи къыхигъэщащ къегъэлакIуэхэм я лIыхъужьыгъэр ягъэунэхуну мызэ-мытIэу къазэрыхуихуар. КIуэкIуэм игу къигъэкIыжащ мы гъэм Iуащхьэмахуэ къыщыхъуа гузэвэгъуэм ди къегъэлакIуэхэм лIыгъэшхуэ зэрыщызэрахьар, дунейм и щытыкIэ шынагъуэмрэ бгым щыщыIэ гугъуехьымрэ емылъытауэ абыхэм цIыху 14 къызэрырагъэлар.
- «Зы илъэсым къриубыдэу цIыху минхэм я гъащIэр бгым къыщрагъэлын хуей мэхъу а IэнатIэм пэрытхэм, апхуэдэуи мафIэсгъэункIыфI IэнатIэм щыIэхэми лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI, цIыхухэр къегъэлыным псэемыблэжу пэрытщ», — жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
- КъэхъукъащIэ шынагъуэ къэмыгъэхъунымкIэ ди хэгъэгум щыщIапхъэхэм ящыщу республикэ унафэщIым къыхигъэщащ IэнатIэхэм щылажьэхэм псэуныгъэкIэ ядэIэпыкъуныр, къулыкъущIапIэхэм къегъэлакIуэхэр тыншу щылэжьэн папщIэ зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэгъэпэщыныр япэ игъэщыпхъэ къалэнхэм зэращыщыр.
- Урысей Федерацэм и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и Iэтащхьэ Надежин Михаил къыщыпсалъэм къыхигъэщащ КъэхъукъащIэ шынагъуэ къэмыгъэхъунымрэ абы къиша лъэужьыр гъэзэкIуэжынымкIэ ди щIыналъэм щылажьэ зы къэрал системэм 2021 гъэм къызэрымыкIуэ щытыкIэу 4-рэ къэхъукъащIэ 28-рэ игъэзэкIуэжыну къызэрыхуихуар. МафIэсгъэункIыфI къулыкъущIапIэм хэтхэр минитIым щIигъурэ мафIэс къыщыхъуа щIыпIэм ираджащ, машинэ зэжьэхэуэм 420-рэ дэIэпыкъуэгъу щыхъуащ. Урысейм и МЧС-м и Iуащхьэмахуэ бгылъэ къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ отрядым и къегъэлакIуэхэм мы гъэм зэфIагъэкIащ къегъэлыныгъэ Iуэхуи 167-рэ, цIыхуи 199-м ядэIэпыкъуащ, цIыхуи 168-рэ кърагъэлащ КъБР-м Медицинэ къэхъукъащIэ шынагъуэхэмкIэ и центрым и гъусэу.
- Надежиным зэрыжиIамкIэ, къегъэлакIуэ къулыкъущIапIэ псоми щылажьэхэр ИлъэсыщIэ махуэшхуэм, зыгъэпсэхугъуэхэм нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ я къалэным пэрытынущ. Апхуэдэуи къыхигъэщащ блэкIа илъэсым я пащхьэ къита Iуэху псори зыхуей хуэзэу зэрызэфIагъэкIар, къыкIэлъыкIуэ гъэми къалъыкъуэкI къэхъукъащIэ- хэр ягъэзэкIуэнымкIэ къаруи мылъкуи зэрабгъэдэлъыр.
- «Северо-Кавказская военизированная служба по активному воздействию на метеорологические и другие геофизические процессы» федеральнэ IуэхущIапIэм и унафэщI Чочаев Хъызыр къызэхуэсахэм я пащхьэм щыжиIащ илъэсыщIэм ирихьэлIэу ящэну, къагъэсэбэпыну хьэрэкIытIэхэм шынагъуэ къамышэн папщIэ профилактикэ лэжьыгъэ зэрырагъэкIуэкIыр, Iуащхьэмахуэ лъапэ шынагъуэншэу щытын папщIэ, уэсукхъуэхэр къызэрырагъэхар, нэгъуэщIхэри.
- Мы махуэхэм туризмэ, гъуэгу, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэхэр зэрыхуэхьэзырым теухуауэ къэпсэлъащ министерствэхэм, ведомствэхэм я унафэщIхэр.
- КIуэкIуэ Казбек комиссэм хэтхэм яжриIащ махуэшхуэхэм хуабжьу набдзэгубдзаплъэу лэжьэн зэрыхуейр, мы пIалъэр къэхъукъащIэ шынагъуэ щымыIэу зэфIэкIыным я къару псори ирахьэлIэну, сытми хуэхьэзыру щытыну къыхуриджащ.
- * * *
- КъегъэлакIуэм и урысейпсо махуэм Iуэху зыбжанэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Ар щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мафIэс-къегъэлакIуэ къулыкъущIапIэм. Апхуэдэуи КIуэкIуэмрэ Урысей Федерацэм и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и Iэтащхьэ Надежин Михаилрэ удз гъэгъахэр тралъхьащ къегъэлакIуэ IэнатIэм пэрыту хэкIуэдахэм я фэеплъым.
- * * *
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек гуфIэгъуэ щытыкIэм иту техникэщIэхэр къулыкъущIапIэхэм яритащ икIи КъегъэлакIуэм и махуэм щхьэкIэ лэжьакIуэхэм ехъуэхъуащ. «Ди къегъэлакIуэхэр я лIыгъэкIэ къахощ адрейхэм икIи сыт хуэдэ щытыкIэ шынагъуэ къэмыхъуами, я гъащIэм щымысхьу цIыхур къызэрырагъэлыным хущIокъу», — жиIащ КIуэ- кIуэм.
- Надежиным къыхигъэщащ техникэщIэхэр псэупIэ унэхэм, ухуэныгъэхэм, промышленнэ объектхэм къыщыхъуа мафIэсыр гъэункIыфIыным сыт и лъэныкъуэкIи зэрыхуэщIар.
- НэщIэпыджэ Замирэ.