ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ГъэзэщIакIуэ гупым я япэ зэхуэс

2021-12-21

  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и XIII Зэхуэсышхуэм щIэуэ хахыжа тхьэмадэмрэ ГъэзэщIакIуэ гупымрэ я япэ зэIущIэр иджыблагъэ Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м, КъШР-м, АР-м, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм, Осетие Ищхъэрэ — Аланием щылажьэ хасэ къудамэхэм, Тыркум, Сирием, Ливаным, Иорданием, Европэм хыхьэ къэралхэм я хасэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ. Коронавирус узыфэм и ягъэкIэ зи гъунапкъэхэр зэхуащIа Израиль къэралыгъуэм щыIэ Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэр зэхуэсым кърихьэлIэфакъым, ауэ абыхэм щхьэкIэ видео зэпыщIэныгъэ къызэрагъэпэщри, зэIущIэм щекIуэкI лэжьыгъэм щыгъуэзэну Iэмал ягъуэтащ

  • ЩIэуэ хахыжа ГъэзэщIакIуэ гупым я япэ зэIущIэм зыкърагъэхьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Къуэжей Артём, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI Хьэсанэ Аслъэн, КъБР-м жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, ДАХ-м и Тхьэмадэм и советым хэтхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм икIи хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэр къыщызэIуихым, дуней псор иджыри зэщIэзыIыгъэ узыфэм щхьэкIэ къамыгъанэу ДАХ-м и лэжьыгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ зэхуэсым къызэрыкIуам щхьэкIэ щIыпIэ хасэхэм я лIыкIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ икIи мурадрэ къалэну зыхуагъэувыжахэр гъэзэщIа зэрыхъунумкIэ фIэщхъуныгъэ зэриIэр къыхигъэщащ. «ДАХ-р къызэрыунэхурэ гугъуехь мащIэкъым зыIууар, — жиIащ Сэхъурокъуэм. — Гугъу ехьу къалъхур куэдрэ мэпсэу, жаIэ. ДАХ-р кIыхьу зэрыпсэунуми лъэпощхьэпо куэдым зэраблэкIыфынуми шэч къытетхьэркъым. Мы къекIуэкI узыфэм дыкъыщилъахъэ щыIэми, ари тщхьэщыкIынщ, дэри ди къалэнхэм нэхъ шэщIауэ дыпэрыхьэжынщ. Ауэ сыт хуэдэ пэрыуэгъу къэхъуми, лъэпкъыр щыIэщ, мэпсэури, абы къылъыкъуэкI Iуэху зэIумыбзхэр зыхуей хуэзэу зэблэгъэкIыныр ар пщэрылъ зыщызыщIыжахэм зыми ящхьэщихыркъыми, дэри ди гуащIэ абы етхьэлIэн хуейуэ хьэкъ диIэщ. Нобэрей зэхуэсым мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыту жыпIэмэ абы дяпэкIэ дызэрылэжьэну илъэсищым и лэжьыгъэр иубзыхуну и къалэнщ. Къатщтэ унафэхэр зэпэшэчауэ, дифI зыхэлъымрэ дызэгупсысыпхъэхэмрэ зэпэлъытауэ щытын хуейщ».
  • Тхьэмадэм и къэпсэлъыныгъэм адэкIэ и гугъу щищIащ икIи псалъэ гуапэкIэ къыхигъэщащ ДАХ-р къыщызэрагъэпэщым абы и ублапIэм щытахэм лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIагъэкIар. «ФIыщIэ лей яхуэфащэщ 1991 гъэм Хасэшхуэр зэхуэзышэсауэ щытахэм. Дунейм щикъухьа адыгэхэр зэгъэуIуным, зы лъэпкъ гупсысэм ешэлIэным хуэунэтIын хуейуэ пщэрылъ зыхуэзыщIыжахэм. А зэманым Къалмыкъ Юрэ я пашэу ягъэпса Уставым пщIэшхуэ хуэпщI хъунущ, — къыхигъэщащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. — Уставым купщIэ иIэт, дуней псом къыщекIуэкI мардэхэм къезэгъырт, Урысейми, ди лъэпкъми, адрей лъэпкъхэми къагурыIуэу гъэпсат. Сыхуейт а лэжьыгъэм нобэ щIэуэ хаха гупми пащэну. Дэри дызыхэс къэралхэм дадэлажьэу, абыхэм щыува хабзэхэм дыпэрымыуэу, ди бзэр, ди щэнхабзэр, ди жылагъуэ Iуэхухэр зэрытхъумэным, зэрыдгъэбэгъуэным, зэрызедгъэужьыным иужь дивгъэт».
  • АдэкIэ Сэхъурокъуэ Хьэутий псалъэр иритащ ДАХ-м и зэхэублакIуэхэм ящыщ МэшхуэфI Нэждэт. «1991 гъэм къащтауэ щыта ДАХ-м и Уставыр и лъабжьэу ар зэрылэжьэну программи зэхалъхьауэ щытат. А программэм стратегие щIыгъуащ. Япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ ДАХ-м къалэн зыщищIыжат Урысейми хамэ къэралхэми щыIэ хасэхэр щылажэ хэгъэгухэм я конституцэхэмрэ хабзэхэмрэ емыбэкъуэну. Абы къыдэкIуэрт хэкурыс адыгэхэр щыпсэу УФ-ми и политикэм хамэщI щыпсэухэр къыхэмыпсэлъыхьыныр. ХэткIи нахуэщ УФ-р ягъэлъэлъэныр зи гухэлъ къэралыгъуэхэр зэрыщыIэр. Абыхэм къагъэдэIуахэр ди анэдэлъхубзэмкIэ ди цIыхухэм къопсалъэ. МащIэми, абыхэм дахьэх къыхокI. Дахьэхахэм я щыуагъэр зэдгъэзэхуэжыну иужь дохьэ. Ар зыхуэбгъэдэнур сымаджэ хъуам еIэзэнырщ. Ауэ медицинэм куэд щIауэ къихутагъэххэщ сымаджэр бгъэхъужын нэхърэ цIыхум и узыншагъэр щIэх-щIэхыурэ къэпщытэныр зэрынэхъ щхьэпэр. Ди лъэпкъыр иужьрейм хуэдэ лэжьыгъэ зыкъомкIэ хуэныкъуэщ. Зи гугъу сщIа стратегием мы гупсысэр еспхыжынщи, ди бзэкIэ къыдэпсалъэу лъэпкъ телевиденэ диIатэмэ, мо мыщхьэпэми пэува хъунт, ди мурад нэхъыщхьэхэм ящыщу анэдэлъхубзэр хъумэнми и зы далэ къэIэта хъунт. Дыщогугъ мы ди гуращэр къыддэхъунымкIэ къэралыр щIэгъэкъуэн къытхуэхъуну, хэкурысхэри хамэщI щыIэхэри зэпызыщIэ Iэмалыр къытхузэригъэпэщыну. Телевиденэм дэкIуэдынут ди гурыгъузхэм ящыщ зыкъом. НэгъуэщI зы Iуэхуи щыIэщ. ХамэщI щыпсэу адыгэр УФ-м и хэкуэгъуу щыщыткIэ, адэжь лъахэм къыщихьэжкIэ, хэгъэгум и цIыху хъужыным къыщыщIэлъэIукIэ, гулъытэ хэха яхуищIыныр хабзэу щытыпхъэу къыдолъытэ. Мыр убзыхуа хъуатэмэ, ди лъэпкъым и пащхьэ къиувэ Iуэху зэIумыбзхэр нэхъ мащIэ хъунт», — жиIащ МэшхуэфIым.
  • Нэхъыжьым и псалъэм иужькIэ, зэIущIэм кърихьэлIахэм Сэхъурокъуэм захуигъазэри, къекIуэкI лэжьыгъэр зэфIигъэкIыу ДАХ-м и къудамэхэр къызэрызэгъэпэщыпхъэм, абыхэм я унафэщIхэмрэ лэжьакIуэ гупхэмрэ зэрыхэхыпхъэм и гугъу ищIащ. ГъэзэщIакIуэ гупым пэIудзауэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм япкъ иткIэ лэжьэну яубзыхуа къудамэхэмрэ абы хэтынухэмрэ хэплъэжри, ДАХ-м лэжьакIуэ гупибл игъэбелджылащ. Апхуэдэщ къэрал IуэхущIапIэхэмрэ дунейпсо зэгухьэныгъэхэмрэ ядэлажьэ гупыр (унафэщIыр Сэхъурокъуэ Хьэутийщ), Урысеймрэ хамэ къэрал щыIэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ я лэжьыгъэр зэуIу щIынымкIэ, лъэпкъ, дин зэгухьэныгъэхэм яхудиIэ зэпыщIэныгъэхэм зегъэужьынымкIэ гупыр (унафэщIыр Нэгуэр Зиуарщ), хамэщI щыпсэу адыгэхэр адэжь щIыналъэм къешэлIэжынымкIэ гупыр (унафэщIыр Бырсекъуэ Орфанщ), анэдэлъхубзэр хъумэнымкIэ икIи зегъэужьынымкIэ гупыр (унафэщIыр Щоджэн Iэминатщ), щэнхабзэмкIэ, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ гупыр (унафэщIыр Щомахуэ Залинэщ), щIалэгъуалэ политикэм, спортымрэ туризмэмкIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм дэлэжьэнымкIэ гупыр (унафэщIыр Хъуэт Инусщ), этикэмкIэ къэпщытакIуэ гупыр (унафэщIыр Дзэрахъэ Станиславщ).
  • АдэкIэ хасэ тхьэмадэхэр тепсэлъыхьащ 2021 — 2024 гъэхэм, дызытехьэну илъэсым теухуауэ яIэ мурадхэм, ахэр ягъэзэщIэн щхьэкIэ зыIууэ лъэпощхьэпохэр къызэрызэранэкIынум. Абыхэм шэщIауэ ирипсэлъа нэужь, ГъэзэщIакIуэ гупым къаIэтащ лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ адыгэбзэм и Iуэхум епха гугъуехьхэр. Апхуэдэу, тхьэмадэм жиIащ анэдэлъхубзэр хъумэнымкIэ къудамэм къалэнышхуэ и пщэ къызэрыдэхуэр, екIуэкI лэжьыгъэми зыри зеи щыщIэ зэрымыхъунур. Дызытехьэ илъэсым, псалъэм папщIэ, адыгэбзэм ехьэлIауэ щIэныгъэ зэIущIэ, егъэджакIуэхэм я зэхуэс, адыгэбзэр щрагъэдж курсхэр къызэрызэгъэпэщын хуейр къыхагъэщащ.
  • ЗэIущIэм къыщаIэтащ Нэхъыжьхэм я советым и Iуэхури. ГъэзэщIакIуэ гупым советыр зэрылэжьэну хабзэр къищтащ, абы и унафэщIу щытыну адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ зэрыхуагъэфащэмкIэ псори зэдэарэзы хъуащ.
  • Зэхуэсым и кIэухым Сэхъурокъуэ Хьэутий коронавирус узыфэм земыгъэубгъуным, щыIэ санитар мардэхэр къызэпымыудыным и IуэхукIэ дунейм щыщыIэ щытыкIэм зыдэщIын хуей зэрыхъунур къыжиIащ. Тхьэмадэм къыхуриджащ хасэхэм цIыхухэр зэрызэрыщIэ технологие Iэмалхэр къагъэIурыщIэну.
  • ДАХ-м и зэхуэсыр щызэхуищIыжым, Сэхъурокъуэм абы и лэжьыгъэм хэтахэм узыншагъэ быдэ яIэну ехъуэхъуащ.
  • ШУРДЫМ Динэ.