Дыщыгъуэщакъым тхыдэм, жыуегъэIэ…
2021-11-16
- Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ ди хэкуэгъу бзылъхугъэ, Бытырбыху щыпсэу Щоджэн Аксанэ и тхылъыщIэ. «Къапхъэнхэмрэ пащтыхьыгъуэхэмрэ» — аращ зэреджэр и ухуэкIэкIи, зытеухуакIи, къиIэт IуэхугъуэхэмкIи зыми емыщхь, хьэлэмэтыщэу зэхэт тхылъ гъэщIэгъуэным. «НэгъуэщIу къекIуэкIатэмэ» жыIэгъуэр блэкIам пхуехьэлIэркъым — къэхъуам, екIуэкIам дерс къыхэпхыфынуращ, абы пхухэлъхьэни зэпхъуэкIыжыни хэлъкъым. Ауэ псалъэ зэгъэпэщам и Iэмалхэр зэмылIэужьыгъуэ куэд хъум къыщынэркъым, и зэфIэкIхэри инщ. Нобэрей дунейм диплъу къэхъуам ди акъыл хэтлъхьауэ щытамэ, зэрыхъунур ди нэгу къызэрыщIыхьэр апхуэдизкIэ нахуэу тхыгъэм щызэкIэлъыгъэкIуащи, шэч хэлъкъым, тхылъеджэм ар гукъинэж зэрыщыхъунум икIи къызэрищтэнум.
- Тхылъ тедзапIэм и унафэщI Котляров Виктор зэрыжиIэмкIэ, тхыгъэшхуэм купщIэ хуэхъуа къэхъукъащIэхэр узыIэпызышэ бзэкIэ тха, узытезымыгъэплъэкъукI Iуэхугъуэхэм ятещIыхьа тхыдэ-фантастикэ романщ. Тхыгъэм дызыхиша дыгъуасэрей махуэхэм я пэжым тхакIуэр блэIэбыкIыркъым, ауэ абыхэм нэгъуэщI еплъыкIэкIэ дыбгъэдешэ, нэгъуэщI къэIуэтэкIэкIэ гъунэгъу дыхуещI. ФIыуэ дызыщыгъуазэ тхыдэм тхакIуэ ныбжьыщIэр къыщхьэщыту къыхэплъэм хуэдэщ. Абы хуэкIуэ лъагъуэм зригъэубгъурэ, дэри гъусэ дыздищIурэ Щоджэныр тхыдэм хохьэ, зы Iуэхугъуэ гуэр къэмыхъуатэмэ, нобэм дыкъызэрыкIуэцIрыкIынур мы гъуэгурат, жиIэу тхыгъэм зрегъэшэщI, и гупсысэ щхъуэкIэплъыкIэхэм зрагъэужь.
- Романым къиIуатэр кIэщI дыдэу. Ди лъэхъэнэгъу, адыгэ журналист щIалэ Аслъэнбэч къыщыщIедз блэкIам, ди лъэпкъыр гъуэгу зэхэкIыпIэхэм нэсыхукIэ здигъэзэну лъэныкъуэр къыщыхих илъэс гъае зэхуэмыдэхэм. Аслъэнбэч екIуэкIым и кIэлъыплъакIуэ, лъэхъэнэ зэблэкIыгъуэхэм зыщызыплъыхь къэкIухьакIуэ къудейуэ къанэркъым; абы и къару илъщ адэжь лъахэм и Iуэхум фIы и лъэныкъуэкIэ зыкъезыгъэгъэзэн гупсысэхэмрэ Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмрэ пащтыхьхэмрэ тетхэмрэ ябгъэдилъхьэну. Ар зыхуэзэри цIыху къызэрыгуэкIкъым, атIэ лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм псэуами, дунейпсо тхыдэм лъэужьышхуэ къыщызына цIыхуищым яIуощIэ: Къэбэрдейм и пщышхуэ ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ, Урысей пащтыхьыгъуэм и тахътэм куэд дэмыкIыу техьэну пащтыхь щауэ Александр Ещанэм, Гитлер Адольф къэзылъхуа и анэм…
- Аслъэнбэч тетыгъуэр зыIэщIэлъхэм епсэлъа нэужь, адыгэр зыгъэунэхъуа Урыс-Кавказ зауэри, Урысеймрэ Япониемрэ я зэхуаку къыдэхъуа зауэзэрылIри, дуней псор зэщIэзыгъэзджызджа революцитIри къэхъуркъым. Ар щыгъэтауэ, дунейпсо зауитIри, граждан зауэри къызытехъеикIа щхьэусыгъуэхэр дунейм щекIуэкIыркъым, Аляскэ щIыгури Урысейм къыхуонэж.
- БлэкIа гъащIэм зекIуэ кIуэуэ къэзыгъэзэжа адыгэ щIалэр Урысей пащтыхьыгъуэм къыхохьэж…
- Дауи, тхакIуэм ди пащхьэ кърилъхьэ и IэдакъэщIэкIым фантастикэм и нэщэнэ куэд хэплъэгъуэнущ. Ауэ, хьэлэмэтращи, фантастикэри тхыдэм пэж дыдэу къыщыхъуа къэхъукъащIэхэм къагъэщIыфыну къыщIэкIащ. Сыту щымытми, нэхъыщхьэращи, Хэку цIыкIуми Хэкушхуэми я тхыдэ щапхъэхэр зы къэмынэу хэкупсэ пщалъэм щIэгъэкIащ, гъэсэныгъэ-ущииныгъэ мыхьэнэ зиIэ гупсысэкIэ узэдащ.
- «Къапхъэнхэмрэ пащтыхьыгъуэхэмрэ» тхыдэ-фантастикэ романыр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Щоджэн Аксанэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Къармэхьэблэ 1977 гъэм къыщалъхуащ. Абыкъухьэблэ дэт курыт еджапIэр 1994 гъэм дыжьын медалкIэ къиуха нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академием щIэтIысхьащ. Диплом плъыжьыр къызэрыIэщIалъхьэжу, Щоджэным и щIэныгъэм хигъэхъуэну аспирантурэм щIэтIысхьащ, Бытырбыху дэт, экономикэмрэ финанс хуэIухуэщIэхэмкIэ къэрал университетым и кандидат лэжьыгъэр щыпхигъэкIащ 2005 гъэм.
- Иужьрей илъэсхэм Аксанэ тхэным дихьэх хъуащ. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ «ФIы щIэныр зищIысыр» Iуэтэжыр, «МыкIуэдыжын зэпыщIэныгъэхэр» повестыр, нобэ тхылъеджэм зэрыдэгуашэ тхыдэ-фантастикэ романыр. Щоджэныр урыс пащтыхь Иуан ЕплIанэм теухуа романыщIэм йолэжь. ТхакIуэм къалэнышхуэ зыхуигъэувыжащ — адыгэпщ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэней, тхыдэм Марие цIэмкIэ къыхэна адыгэ жангуащэм, кIэрылъ пцIы къомыр техыжыныр, гугъуу къихьа и гъащIэ мащIэм и пэжыр сэтей къэщIыжыныр. НэхъапэкIэ и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэм къагъэлъэгъуащ Щоджэныр тхыдэм фIыуэ зэрыщыгъуазэр, абы и щапхъэхэм зэрахуэIэрыхуэр икIи зэрыримыджэгур, атIэ зэрыхуэсакъыр. Аксанэ иджыпсту зэлэжь тхыгъэр фIэщщIыгъуафIэу, архив тегъэщIапIэхэмкIэ бейуэ зэрыщытынум, уеблэмэ апхуэдиз тхыдэ тхылъымпIэм я текстыр псалъэ зэгъэпэщам и Iэмалхэр фагъуэ щIэмыхъукIыу, зэрыуэзэрыбг мыхъуу и кIэм зэрынигъэсынум шэч хэлъкъым.
- Щоджэн Аксанэ тхыдэ зэхэщIыкI зыбгъэдэлъ, къызыхэкIа лъэпкъымрэ абы и тхыдэмрэ гууз-лыуз яхузиIэ тхакIуэ ныбжьыщIэщ. Гупсысэ зэгъэзахуэ зиIэ бзылъхугъэ тхакIуэр лъэпкъ литературэм и уафэгум вагъуэ цIыкIуу къызэритIысхьэнум пцIы хэлъкъым. Ар хущIокъу и лъэпкъым — адыгэм — и цIэр лъагэу иIэтыну. А зы щхьэусыгъуэ закъуэм фIэкIа хэмылъами, абы и цIэр адыгэм я тхыдэм къыхэнэнущ.
- Тхыгъэм хэлъ узыфIэмыкIыжын фIагъыр къалъытэри, Котляровхэрэ Бекъул Аниуаррэ я тхылъ тедзапIэхэм я мылъкукIэ къыдагъэкIащ. Тхылъыр бжыгъэкIэ мащIэ дыдэущ дунейм къызэрытехьар — щитI къудей хъууэ аращ. Ар зыIэрызыгъэхьэну хуейхэр Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тыкуэным щыщIэупщIэ хъунущ.
- УкъызыхэкIа лъэпкъым ухуэлэжьэныр щIыхь зыпылъ Iуэхугъуэщ. Сыт хуэдэ бгъэдыхьэкIэкIэ абы и тхыдэм убгъэдэмыхьэми, пцIы хыумылъхьэныр, ар нэгъуэщIхэм фIыуэ егъэлъагъуныр, пщIэ хуащIыну къыхуеджэныр нэхъыщхьэхэм ящыщщ. РоманыщIэм тхыдэм дызэрыщымыгъуэщар хьэкъ тщищIащи, абы и лъэныкъуэкIэ Щоджэным фIыщIэ хуэфащэщ. Аксанэ игуми и Iэпэми къыпыкIыр пщIэ зыпылъ Iуэхущи, и цIэми и IэдакъэщIэкIхэми щIэупщIэ ягъуэтыну, нэхъри ефIэкIуэну ди гуапэщ.
- ШУРДЫМ Динэ.