Урысей Федерацэм и лъэщагъыр зэлъытар
2021-08-24
- КъБР-м и Iэтащхьэр хэтащ Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я «Хэкупсэ» дзэ паркым щекIуэкIа «Армия-2021» дунейпсо дзэ-техникэ форумым.
- Зэхуэсышхуэр къызэIуихащ УФ-м и Президент Путин Владимир. Абы къызэхуэсахэм защыхуигъазэм жиIащ: «Форумым иджырей Iэщэ, техникэ лIэужьыгъуэу мин 28-рэ щагъэлъагъуэ, мыбы фочым деж щегъэжьауэ топ зэмылIэужьыгъуэхэр, танкхэр, дзэм къигъэсэбэп кхъухьлъатэхэр хэтщ. Iэщэм я нэхъыбэр зауэ губгъуэм щагъэунэхуащ икIи зэхэуэ гуащIэхэм къыщахутащ абыхэм я быдагъымрэ сыт и лъэныкъуэкIи нэгъэсауэ зэрыщытымрэ. Урысейм и зэрызахъумэж-промышленнэ комплексымрэ IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэмрэ иджырей технологиер я лъабжьэу зэрызедгъэужьыным иужь дитщ, ди щIэныгъэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм я программэхэмрэ къэдгъэсэбэпурэ. Абы ипкъ иткIэ, форумым гулъытэ нэхъыбэ зыщыхуэтщIынур дзэм интеллект IэрыщIымрэ робототехникэмрэ, связымрэ управлениемрэ я ухуэкIэ нэхъ щIэ дыдэхэр къызэрыщыдгъэсэбэпынырщ, сыту жыпIэмэ, ахэращ дунейм щынэхъ лъэрызехьэ къэралхэм я дзэхэм я лъэщагъыр, Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я къэкIуэнур зэлъытар».
- УФ-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министр Шойгу Сергей жиIащ форумым хамэ къэрал 97-м къикIахэр зэрыхэтыр, абы ипкъ иткIэ, ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министерствэм сом мелард 500 и уасэ къэрал контракту 45-рэ хамэ хэкухэм я лIыкIуэхэм ярищIылIэну зэримурадыр. Ящэхуну хуагъэлъэгъуэнухэм ящыщщ «Уран-14» робототехникэ комплексхэр, мафIэ зэрадз системэ хьэлъэхэр, Т-90М танкхэр, апхуэдэуи тIасхъэщIэх кхъухьхэр, лагъым тенджызхэм къыщызылъыхъуэф кхъухьхэр яхуэщIыным теухуа зэгурыIуэныгъэхэр.
- «Армия-2021» форумыр шыщхьэуIум и 28 пщIондэ щекIуэкIынущ УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я «Хэкупсэ» дзэ паркым, Кубинкэ аэродромым, «Алабино» полигоным, апхуэдэуи дзэ округхэмрэ Ищхъэрэ Флотымрэ. Абы хэту гъэлъэгъуэныгъэхэр, щIэныгъэ-лэжьыгъэ зэхуэсхэр къызэрагъэпэщынущ. Форумыр щекIуэкIым техуэу, шыщхьэуIум и 22-м щегъэжьауэ фокIадэм и 4 пщIондэ, VII дунейпсо армейскэ джэгухэр екIуэкIынущ, абы къэрал 44-м я гупхэр хэтынущ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрми щокIуэкI VII дунейпсо армейскэ джэгухэм я зы Iыхьэ — «Iуащхьэмахуэ и уэрдыхъу» зэхьэзэхуэр. УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и сайтым зэритымкIэ, зэпеуэм хэтщ Урысейм, Китайм, Пакистаным, Къэзахъстаным, Армением, Абхъазым, Осетие Ипщэм, Узбекистаным, Индием я дзэ альпинист гупхэр.
- КIуэкIуэ Казбек нобэ хэтащ илъэс къэс екIуэкI «Армия 2021» VII форумым щыщу къызэрагъэпэща «Диверсификация оборонно-промышленного комплекса. Трансформация промышленной базы» II Конгрессым и зэхуэсышхуэм.
- Ар форумым и щIэныгъэ-лэжьыгъэ программэм щыщ Iыхьэ нэхъыщхьэщ. Зэхуэсым щаубзыху, урысей зыхъумэжыныгъэ-промышленнэ комплексхэр щагъэхьэзыр предприятэхэм зегъэужьыным теухуауэ Урысей Федерацэм и Президентым къыдигъэкIа унафэм тету, Урысейм техникэ къыщыщIэзыгъэкIхэм иратын хуей къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр зыхуэдэнур.
- Конгрессым хэтахэр тепсэлъыхьащ блэкIа илъэсым мы IэнатIэм игъуэта зыужьыныгъэхэм, зыхъумэжыныгъэ-промышленнэ комплексхэр дяпэкIи зэрырагъэфIэкIуэну Iэмалхэм. Гулъытэ нэхъыбэ хуащIащ транспорт комплексым, узыншагъэр хъумэным, радиоэлектроникэм, кхъухьлъатэхэр зэпкърылъхьэным, экологием, мэкъумэш IэнатIэм, нэгъуэщIхэми. Зытепсэлъыхьахэм кърикIуахэм теухуауэ зыхъумэжыныгъэ-промышленнэ комплексхэр къыщыщIагъэкI IуэхущIапIэхэмрэ УФ-м и хэгъэгухэм я Iэтащхьэхэмрэ зэгурыIуэныгъэхэр зэращIылIэну я мурадщ.