ХьэщIэщхэр зэпэубыдауэ щымытын папщIэ
2021-08-24
- КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ «инвестицэ сыхьэт» зэIущIэр. Абы ирагъэблэгъат хьэщIэщхэр гъэлэжьэным зи мылъку хэзылъхэну хуей инвесторхэр.
- КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ республикэм хьэщIэщхэр нэхъыбэу щыгъэлэжьэным теухуа Iуэхухэр икъукIэ зи чэзууэ зэрыщытыр, сыту жыпIэмэ щIыналъэм зыщызыплъыхьыну къакIуэхэм я бжыгъэм кIуэ пэтми хохъуэ икIи иджы щыщIэдзауэ хьэщIэщхэр зэпэубыда зэрыхъур нэрылъагъущ.
- Къэрал кIуэцI туризмэм щIэупщIэ нэхъыбэ зэриIэр и фIыгъэщ Урысейм и унафэщIхэм а Iуэхум хуащI гулъытэм зэрыхэхъуам, УФ-м зыплъыхьакIуэ къыщызыкIухьхэм къэралым субсидиехэр зэрахухихым, «Туризмэмрэ хьэщIэ егъэблэгъэным епха Iуэхухэмрэ» лъэпкъ проектыр гъэзэщIэн зэрыщIадзам.
- КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, мы гъэм и япэ илъэс ныкъуэм республикэм турист мин 520-рэ къыхуеблэгъащ, ар 2019 гъэм и апхуэдэ пIалъэм, узыфэ зэрыцIалэр къежьэным ипэкIэ, зэрыщыта бжыгъэм нэхърэ процент 43,6-кIэ нэхъыбэщ. ЗэрагугъэмкIэ, илъэсым и кIэ пщIондэ туристхэм я бжыгъэр мелуаным нэблэгъэнущ. Зыхэхъуар бгылъэ щIыпIэхэм щыIэ зыгъэпсэхупIэхэм дахьэххэм я закъуэкъым, атIэ Налшык и санаторэ-курорт IуэхущIапIэхэм къакIуэхэм я бжыгъэри нэхъыбэ хъуащ.
- «Инвестицэ сыхьэтым» щытепсэлъыхьащ къыхалъхьа проектхэр гъэзэщIа зэрыхъуну щIыкIэхэм.
- Япэ инвестицэ проектыр теухуат Туристым и унэу щытар, ЩоджэнцIыкIумрэ Лермонтовымрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм я зэхэкIыпIэм деж хуэзэр, хьэрычэтыщIэм, хьэщIэщхэр гъэлэжьэным хэт дунейпсо компаниер гъусэ ищIу, иджырей комплекс къызэригъэпэщыным. Унэр щаухуэм иIа теплъэр яхъумэнущ икIи инвесторым и мурадщ абдеж цIыхуи 120-рэ зэуэ зыщIэхуэну хьэщIэщ илъэситIым къриубыдэу къыщызэIуихыну.
- ЕтIуанэ хьэщIэщ комплексыр щащIынущ Налшык Лениным и цIэр зезыхьэ и проспектым икIи ар 2022 гъэм лажьэу яутIыпщыну я мурадщ. Проектыр екIуу хэувэнущ Налшык и проспектым и архитектурэм, абы щIыпIэм щыщ сурэтыщIхэмрэ цIыху IэпщIэлъапщIэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэм я выставкэхэри щрагъэкIуэкIыу щытынущ.
- Ещанэу къыхалъхьа проектыр «Маяк» зыгъэпсэхупIэр зи лъабжьэу щытыну санаторэ-зыгъэпсэхупIэ комплексырщ. Абы къыщызэIуахыну я мурадщ сабийхэм я узыншагъэр щызэфIагъэувэж центр. Унэр зэуэ ныбжьыщIи 100-м Iуэхутхьэбзэ щыхуащIэфыным теухуауэ щытынущ, абы къыдэкIуэу, хуей хъумэ, сымаджэхэм я Iыхьлыхэри здэщыIэнухэри хэтынущ.
- «Мы проект псоми инфраструктурэ, административнэ дэIэпыкъуныгъэхэр ягъуэтынущ, ахэр гъэзэщIэныр туризмэм а и унэтIыгъэхэм зегъэужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщи. АдэкIи гулъытэ хэха хуэтщIу дыхэплъэнущ къыхалъхьэ инвестицэ проект псоми», — жиIащ республикэм и Iэтащхьэм. «Инвестицэ сыхьэт» зэIущIэр щызэхуищIыжым КIуэкIуэ Казбек Правительствэм пщэрылъ щищIащ инвесторхэм зи гугъу ящIа проектхэр гъэзэщIэным зыхуэгъэхьэзырыным епха Iуэху псори зэфIагъэхьэну. Апхуэдэ лэжьыгъэ иригъэкIуэкIыну муниципалитетми къалэн щищIащ.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Пр24авительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.