Гъэмахуэр мэусэ!
2021-08-10
- Саралъп Мадинэ и Арт-центрым мы махуэхэм щекIуэкIащ «Жан» литературэ хасэм къызэригъэпэща усэ пшыхь.
- Иджырейр IыхьитIу гуэшауэ щытащ, япэр хуэгъэпсат гъэмахуэм къалъхуа усакIуэхэмрэ гъэмахуэм теухуауэ ятха усэ нэхъыфIхэмрэ. ЕтIуанэр — Абхъаз усакIуэхэу Искандер Фазилрэ Зантарие Владимиррэ яхуэгъэпсат.
- Пшыхьыр иригъэкIуэкIащ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ, усакIуэ Гугъуэт Заремэ. Абы къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ гъэмахуэм халъхуа адыгэ усакIуэхэр икIи кIэщIу абыхэм я лирикэм щIэлъ щIагъыбзэмрэ IэфIагъымрэ къытеувыIащ.
- Гъэмахуэм и «бынщ», икIи ар я творчествэм наIуэу къыщыхощ — Нало Заур, КIыщокъуэ Алим, Бещтокъуэ Хьэбас, Бицу Анатолэ, Мыкъуэжь Анатолэ, АфIэунэ Лиуан, Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ, Аброкъуэ Беллэ, Хьэщыкъуей Олег, Тау Нинэ сымэ.
- Заремэ усакIуэхэм я лирикэр зэрызэпкърихам щыщ фезгъэплъынти.
- Нало Заур и усэхэр ущиякIуэщ, укъэзыгъэуIэбжьщ — гупсысэ щIэщыгъуэ къызэщIапхъуатэу гъэпсащ. ЩIыуэпсри образ щхьэхуэу сатырхэм ешэкIащ. Сабийхэми балигъхэми яхуэтха Налом и балигъ усэхэм сабиягъэ, цIыкIухэм яхуитхахэм — балигъ гупсысэхэр хэлъщ.
- КIыщокъуэ Алим и усыгъэм уи нэгу къыщIегъэувэ цIыху гъэщIэ псо. Сабиигъуи, зауапIэ губгъуи, хамэ щIыналъи, Хэкум и хуабагъи, къуажэ гъащIи, гурыщIэ лъаги, унагъуи. КIыщокъуэм и усыгъэм и къару нэхъыщхьэр — пэжырщ, аращ зэрыгъуазэр.
- Бицу Анатолэ и усэхэр пIейтейуэ, гузавэурэ зиухыжу, упщIэ гуэрхэм зриудэкIыу, арэзыуэ гурыщIэм зригъэсыжу, гугъэ къиулъэпхъэщу апхуэдэщ … Зы дуней телъыджэщ Бицум и усыгъэр! ЗыхыбощIэ псалъэхэр къызыпкърыкI усакIуэр абы псэкIэ гугъу зэрыригъэхьыр. ИтIани, аращ ар усэм къеджэм и гум щIэхыу щIыдыхьэр.
- Бещтокъуэ Хьэбас и лирикэр гуащIэщ, ухыхьэмэ ухэтыну, ухэтмэ — зебгъэсыну уехъуапсэу.
- Мыкъуэжь Анатолэ и усыгъэр лъыхъуэщ, упщIэщ, къэзыгъуэтщ. Захуагъэ мэлъыхъуэ, дэхуэхам хуогузавэ, егъэудэIу. ПсэкIэ мэусэ, уэмрэ щIымрэ я зэхуаку къыдих хуэдэщ гупсысэ.
- Аброкъуэ Беллэ и усыгъэр макъ зэщIэжьыуэщ. Макъхэм зызэбладз, заухуэн, зэблокI, зэхошыпсыхьыж. Усыгъэхэр, бзылъхугъэ хьэлу, щабэщ, фIэрафIэщ, укъыдахьэх.
- Дыкъэзыухъуреихь дунейр гурэ псэкIэ зыхыуегъащIэ Искандер Фазиль и усыгъэм, щIыуэпсым и хьэлыр, зэманым и кIуэкIэр къыбгурегъаIуэ, укъеджа нэужь, дахагъэ гуэрхэм уаIущIэмэ, и усыгъэм хэт псалъэхэр уигу къокIыж.
- Искандерым и усыгъэм къыхощ гъэмахуэ курыкупсэ. Iэщ хъушэр псым зэпрокI, Iэщыхъуэхэм даIуощIэ, кхъуей ягъэгъум Iугъуэмэ къыпех, псыежэхым и IэфIыр, хьэуам и къабзагъыр зыхыдощIэ, пцIащхъуэхэр зэрызохьэ, хьэм и кIэр егъэумамэ.
- Зантарие Владимир и усыгъэм гъащIэр щызщ. Мыбы гуфIэгъуи гуауи щызэщIэлъщ, фIымрэ емрэ щызэхокI. ГукъэкIыжхэм куэдрэ ухашэ, уикIуэтыж зэрымыхъум уринэщхъеижу.
- Уэмрэ щIымрэ я зэхуаку дэт хуэдэщ усакIуэпсэр. Усэм хэт псалъэхэри абы я зэхуаку къыдих хуэдэщ, абдежым псэ къыщыхыхьэ, псыхьа щыхъу хуэдэу. Апхуэдизу пIейтейщи, уецырхъмэ, зы гупсысэ къызэрымыкIуэ гуэр лъэлъэжын хуэдэщ. Усэхэм къыджаIэ дахагъэри гуапагъэри псэм къызэрыпкърыкIыр, псэм зыхищIэр зэрыIэфIыр. Нэхъри удехьэх усакIуэм и псэр моуэ «пасэрейуэ», «тIорысэу» зэрыщытым. Пасэм къагъэсэбэпа хьэпшыпхэр, зэман IэфIыр щыкIуа щIыпIэхэр, къызэрымыкIуэу удригъэхьэхыу къретхэкI Зантарие Владимир.
- Гъэмахуэм ущегупсыскIэ, лъапцIэрышэу къэзыжыхь сабийхэм я дыхьэшх макъ тхьэкIумэм къиIуэ зэпытщ. КъоIуэ, ар зи лъэхъэнэр сабийхэращи, дыгъэм и гуащIэгъуэри, мыхъум и дыджагъри зыхэзымыщIэу абы и IэфI псори зыщIэзышэ сабийхэрщ. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу адыгэбзэ къабзэкIэ пшыхьыр ирашэжьащ ныбжьыщIэ цIыкIухэу Къардэн Марие, ГъущIохэ Залымрэ Иринэрэ я макъ жьгъырумкIэ. Бзэр зэрыдахэр къыщыбгурыIуэр абы сабийхэр яфIэфIу ирипсалъэу щызэхэпхым дежщ!
- ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист пажэ Къардэн Заур Абхъаз тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр адыгэбзэкIэ игъэIуащ.
- Гитарэрэ шыкIэпшынэрэ я макъамэ зэщIэлъу хэт игъащIэм зэхиха?! Зэпэщхьэхуэу зызыщумыгъэнщI IэмэпсымитIым зэгъусэу уедэIуэныр тхъэжыгъуэм къыщынэркъым. Усэ пшыхьым ар ди нэгу щыщIагъэкIащ уэрэджыIакIуэ Щокъуий Муратрэ пасэрей Iэмэпсымэхэм къызэрымыкIуэу Iэзэу еуэ Дым Аслъэнджэрийрэ. Абыхэм ягъэзэщIащ IутIыж Борисрэ ЩоджэнцIыкIу Алийрэ я псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр.
- Усыгъэм щIэлъ къарур псом хуэмыдэу къыщыппкърыхьэр ар зыхэзыщIэ цIыхухэр къеджэу щызэхэпхкIэщ. Апхуэдэу пшыхьым хэтащ — Бакъ Мадинэ, Шыпш Даянэ, Гугъуэт Заремэ, Щомахуэ Залинэ сымэ.
- Зэхыхьэм и кIэухым «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ, «Жан» литературэ хасэм и унафэщI Къаныкъуэ Заринэ къыщыпсалъэм жиIащ, уз зэрыцIалэм и зэранкIэ, зыкъом щIауэ пшыхьхэр ирамыгъэкIуэкIыфауэ ныщхьэбэреймкIэ зэрырагъэжьэжар икIи ар яхуэмахуэну къызэрилъытэр. Апхуэдэуи адыгэбзэм ирилажьэ журналистхэм захуигъазэу, къыкIэлъыкIуэ усэ пшыхьыр гъэхьэзырынымкIэ гупыж зиIэ яхэтмэ, зыщIагъэкъуэну зэрыхьэзырыр яжриIащ.
- Пшыхьым усэ къыщеджахэм адыгэ литературэм и фIыпIэу къалъытэ тхакIуэхэм я тхылъхэр тыгъэ щыхуащIащ.
- Тхыгъэри сурэтхэри Тэрчокъуэ Дисэ ейщ.