Мэкъумэш IэнатIэм къыхэтхыкI щокIуэкI
2021-08-03
- ШыщхьэуIум и 1-м щIидзауэ Урысей псом щокIуэкI мэкъумэш IэнатIэм и къыхэтхыкIыныгъэ цIыкIур. Ар Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрыщызэрагъэпэщам, къыхэтхыкIыныгъэм кърикIуэнум, лэжьыгъэр зэрекIуэкIым теухуа пресс-конференц блыщхьэм ири-гъэкIуэкIащ Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Гъащтэ Аурикэ.
- Абы жиIащ къыхэтхыкIыныгъэ цIыкIур (микроперепись) иджы щIэуэ къызэрежьар, мы гъэм япэу зэрырагъэкIуэкIыр. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар илъэсипщIым зэ къызэрагъэпэщ къыхэтхыкIыныгъэм и пIалъэр зэрыкIыхьым къыхэкIыу, илъэситхум деж апхуэдэ зы къэпщытэныгъэ пщIыныр зэрысэбэпырщ. Мэкъумэш къыхэтхыкIыныгъэ цIыкIум и къалэн нэхъыщхьэр зи гугъу тщIы IэнатIэм щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэр къэхутэнырщ. Абы ипкъ иткIэ яубзыхунущ мэкъумэш IэнатIэм зэрызрагъэужьыну жыпхъэхэр.
- ШыщхьэуIум и зым щегъэжьауэ республикэм и район псоми щолажьэ Северо-Кавказстатым и лIыкIуэхэр. ЦIыху 240-м унащхьэ чэзууэ республикэр къызэхакIухьынущ икIи щIы, былым, хадэ, губгъуэ щIапIэу яIэр ятхынущ. Ахэр зэхуэзыхьэс цIыхухэм планшет яIыгъщ, лэжьыгъэр ящигъэпсынщIэу, зэманыр къахудигъахуэу, езыхэр къызэрыпцIыху фащэкIэ хуэпащ, «Роспотребнадзор»-м къигъэув мардэхэр ягъэзащIэ.
- Гъащтэ Аурикэ зэрыжиIамкIэ, мы къыхэтхыкIыныгъэм цIыхухэр щIыщышы-нэни щIигъэгузэвэни щыIэкъым. «Росстат»-м зэхуихьэс хъыбархэр зы къэрал Iэна-тIи иритыркъым, абыкIэ зы къулыкъущIапIи дэгуашэркъым, атIэ республикэм щыщыIэ щытыкIэр къращIэу езыхэм яIэ бжыгъэу аращ.
- Мэкъумэш IэнатIэм и къыхэтхыкIыныгъэ цIыкIур шыщхьэуIум и 30 пщIондэ екIуэкIынущ. КъыхатхыкIахэр фокIадэ мазэм инструкторхэм ябжыжынущ, кърикIуахэр 2021 гъэм и кIэм, 2022 гъэм утыку кърахьэнущ.
- НэщIэпыджэ Замирэ.