ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Иджыри зы зэхьэзэхуэ гъэщIэгъуэн

2021-07-15

  • ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм иджыри зы проектыщIэ къахэхъуащ. ЩIэныгъэщIэкъухэмрэ къэхутакIуэхэмрэ я «Жыжьаплъэ» хэгъэгупсо зэпеуэ зыфIащар хуэунэтIат зыхэпсэукI гъащIэм, къэзыухъуреихь дунейм къыщыхъур къафIэIуэхуу, абы зэраныгъэ къэзышэ къэхъугъэхэр хагъэкIыным, фIыр ягъэбэгъуэным хущIэкъуу, хэкIыпIэ къагъуэтыфу щIэблэр егъэсэным.

  • Дунейр зэщIэзыщта узыфэм и ягъэкIэ, Адыгэбзэ Хасэм къызэригъэпэщу иригъэкIуэкI адрей Iуэхугъуэхэми хуэдэу, «Жыжьаплъэ» зэпеуэри пэIудзауэщ зэрекIуэкIар, интернетым и Iэмалхэр хэлъу: зэпеуэм хыхьэну щIэныгъэщIэкъу гупхэм къыхаха Iуэхугъуэм псалъэмакъ тращIыкIыу видеогъэлъэгъуэныгъэхэр ягъэхьэзырын, хабзэ пыухыкIахэм тету ахэр трахыжын хуейт.
  • Адыгэбзэ Хасэм япэу къыхилъхьа мы проектым еджакIуэхэм я пащхьэ Iуэхугъуэ зыбжанэ кърилъхьат, нэхъ гъэщIэгъуэн къащыхъур къыхахыу абы шэщIауэ тепсэлъыхьын, я гупсысэхэр уэршэрым хэту утыку къралъхьэн хуэдэу. Мис ахэр:
  1. Дызытет дунейм и къабзагъэр тхъумэн, пхъэнкIийуэ иддзыр нэхъ мащIэ тщIын папщIэ сыт хуэдэ хэкIыпIэхэр щыIэ?
  2. Дунейпсо тхыдэм и къэхъукъащIэхэмрэ цIыхум и гупсысэкIэм зэрызиужьамрэ яку илъ зэпыщIэныгъэр.
  3. Дунейм текIуэдыкIыжа лъэпкъхэмрэ абыхэм ядэкIуэдыжа щэнхабзэхэмрэ: хьэтхэр, хъуритхэмрэ урартхэмрэ, майахэр, инкхэр, ацтекхэр, зэрыкIуэдыжрэ куэд мыщIа убыххэр…
  4. IэщIагъэхэм я нэхъыбэр кIуэ пэтми бжыгъэрылъанэ (цифровизация) жыпхъэм йоувэ. Сыт абы дэ къытхуихьынур? ЗэдыщIэкIыу дунейр бжыгъэрылъанэ жыпхъэм ихьэмэ, сыт хуэдэ IэщIагъэхэр абы дэкIуэдыжыну, сыт хуэдэхэр щыIэну?
  5. Сыт шхын узыншэкIэ зэджэр? ЩIым къыхэкI шхыныгъуэхэм хущхъуэ траутхэныр Iэмалыншэ? ЦIыхумрэ Iэщымрэ я узыншагъэм ар дауэ къытещрэ?
  6. ЗэхэщIыкI IэрыщIыр («искусственный интеллект» жыхуаIэр) дауэ къывгурыIуэрэ? Ар ди гъащIэм къыхыхьэным сыт хуэдэ мыхьэнэ иIэ, дызыхуишэнур сыт?
  7. Дыкъэзыхъуреихь дунейм пластикыр сыткIэ зэран хуэхъурэ? Ар ди гъащIэм тхухэхыну? СыткIэ зэтхъуэкI хъуну?
  8. Бжьэм сыт и мыхьэнэ цIыху гъащIэм дежкIэ?
  • ЩIэныгъэщIэкъухэм я зэпеуэм къыхыхьэ гупхэм псалъэмакъыр щагъэпскIэ, фIэкIыпIэ зимыIэ хаб-  зэ зыбжанэм иригъуэзэн хуейт:
  • я бзэр зэрышэрыуэным, Iэдэб псэлъэкIэ хабзэхэм зэрытетыным, псалъэжьхэмрэ псэлъафэхэмрэ уэру я псалъэмакъым зэрыхэухуэнэным;
  • — къыхаха Iуэхугъуэм фIыуэ зэрыхащIыкIыр, ар зэраджар я псалъэмакъым щапхъэхэмкIэ, къагъэсэбэп статистикэмкIэ къызэрыщагъэлъэгъуэным;
  • — псалъэр къызылъысам далэр зыхуей хуэзэу къызэригъэсэбэпыным, жиIэну зыхуейр зэхэщIыкIыгъуэу, екIуу зэкIэлъыхьауэ къедаIуэхэм я пащхьэ къызэрырилъхьэным;
  • — гупым хэтхэр зыр адрейм гъэхуауэ зэредэIуэным.
  • «Жыжьаплъэ» зэпеуэм къыхыхьэну гукъыдэж зыщIа гупхэр абы мазэм щIигъукIэ елэжьащ. А пIалъэм къриубыдэу егъэджакIуэхэри еджакIуэ ныбжьыщIэхэри цIыхум я пащхьэ къралъхьэну зытраубыда Iуэхугъуэм и щэхухэр къатIэщIу, зэIумыбзу хэлъыр къыщIагъэщу, ар къызэрызэгъэпэщын хуейм ехьэлIауэ зрагъэгъуэта Iуэху еплъыкIэр лъэныкъуэ псомкIи къызэщIакъуэну иужь иту къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр ирагъэкIуэкIащ. КърахьэлIа лэжьыгъэм гупым хэтхэр хэша зэрыхъуар, ар зыхуей хуэзэным дэтхэнэми и Iы-хьэ зэрыхэлъыр наIуэ къищIащ зэпеуэм къагъэхьа видео хьэзырхэм. Жыджэрагъымрэ гузэхэщIэ инымрэ зэщIиIыгъэу еджакIуэ цIыкIухэр зэралъэкIкIэ хущIэкъурт къагъэIу я Iуэху еплъыкIэр зэрызахуэр ар зылъагъуну-хэм я фIэщ ящIыну. ЖыпIэнуращи, псоми жаIэр уи фIэщ хъурт, акъылрэ губзыгъагъэрэ зэбэкI псалъэмакъ купщIафIэ утыку къралъхьат.
  • ГъэщIэгъуэнращи, я лэжьыгъэр зэпеуэм къыхэщын щхьэкIэ, Iуэхур къайхъулIэн папщIэ, зэхаша псалъэмакъым и утыку къилъхьэкIэри зэмылIэужьыгъуэт: зым и гъэлъэгъуэныгъэр джэгукIэ жыпхъэм иту къызэригъэпэщащ, етIуанэм ейр хьэ-щIэщ уэршэрым тету иригъэкIуэкIащ, нэгъуэщIхэм къэпсэлъэныгъэ ящIащ, щIэнIуатэм ещхьу узыгъэгъуазэ псалъэ зэпэдзыжкIэ видеор тезыхахэри мащIэтэкъым.
  • Япэ зэхыхьэгъуэкIэ «Жыжьаплъэ» хэгъэгупсо зэпеуэм ину зиубгъуауэ пхужымыIэнуми (псори зэгъусэу гупипщI къыхы-хьащ), абы и къызэгъэ- пэщыным зи гуащIэ хэзылъхьа егъэджакIуэхэр лъэщ защIэт, егъэджэныгъэм фIыщIэ щаIэу, щIэныгъэу сабийхэм бгъэдалъхьэмкIи, зэпеуэхэмрэ зэхьэзэхуэхэмрэ пашэныгъэ зэрыщызэрахьэмкIи къыхэщу. Зэпеуэм и пщIэр абыхэм лъагэу зэраIэтам пцIы хэлъкъым.
  • Видеотеплъэгъуэу ягъэхьэзырам хэплъэжа КъэпщытакIуэ гупыр IэнатIэ         гугъу зэрыIутар жыIэн            хуейщ. Псоми зэдэарэзыуэ къыхагъэщащ къэпсалъэ ныбжьыщIэхэм я адыгэбзэм узыIэпишэу, къаIуатэ псалъэм гупсысапIэ ухидзэу зэрыщытар, абы и лъэныкъуэкIэ убгъэдыхьэмэ, фIым я фIыжыр къыхахыныр хуабжьу гугъуу абыхэмкIэ къызэрыщIэкIар. «Жыжьаплъэ» зэпеуэм къыхыхьахэм я лэжьыгъэр къызэралъытэну пщалъэхэм къэпщытакIуэхэр я фIэщу еувэлIащ, Iэмал зэриIэкIи абы текIакъым.
  • Мы гъэм Адыгэбзэ Ха-сэм къыхилъхьа проектыщIэм и къэпщытакIуэхэр гупитI хъурт: Хэкум щыщ гупымрэ Тыркум ит Адыгэ Хасэхэм я Хасащхьэм (KAFFED) къызэригъэпэща етIуанэ гупымрэ. Хэку къэпщытакIуэхэм яхэтащ жылагъуэ лэжьакIуэхэр, псалъэмрэ псэлъэкIэмрэ я пIалъэ зыщIэ джэгуакIуэхэр, тхыдэ къэхутакIуэхэр. ХамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу анэдэлъхубзэр фIыуэ зыщIэ, егъэджэныгъэ IэнатIэм Iут, хасэ Iуэхухэм жыджэру хуэлажьэ цIыху пэрытхэм етIуанэ гупыр къызэрагъэпэщащ.
  • ЩIэныгъэщIэкъухэм я «Жыжьаплъэ» хэгъэгупсо зэпеуэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ увыпIэхэр зэрызэдагуэшар мыпхуэдэущ:
  • Япэ увыпIэр къихьащ Къармэхьэблэ дэт, Къамбий Мухьэб и цIэр зезыхьэ 1-нэ курыт еджапIэм щыщ щIэныгъэщIэкъу гупым. НыбжьыщIэхэр зыгъэхьэзырар адыгэбзэмрэ лите-ратурэмкIэ езыгъаджэ Лыхь Людэщ.
  • ЕтIуанэ увыпIэр зэдагуэшащ:
  1. Бабыгуей къуажэм дэт, Лыджыдэ Хьэлым и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №2-м щыщ гупым. Ахэр зыгъэхьэзырар адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Мэшыкъуэ Iэсиятрэ Куэцэ Риммэрэщ.
  2. Жанхъуэтхьэблэ дэт курыт еджапIэ №2-м и ныбжьыщIэ гупым. Зыгъэхьэзырар адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ Хъурей Люсенэщ.
  • Ещанэ увыпIэр ялъысащ:
  1. Къугъуэлъкъуей къуажэм дэт курыт еджапIэ №2-м щыщ къэхутакIуэ ныбжьыщIэ гупым. Ахэр зыгъэхьэзырар физикэмкIэ езыгъаджэ Тэнащ Маритэщ.
  2. Тохъутэмыщей къуажэм дэт, Къуэныкъуей Назир и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №1-м щыщ гупым. ЩIэныгъэщIэкъу-           хэр зыгъэхьэзырар адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ Къуэныкъуей Раерэ биологиемкIэ езыгъаджэ Хьэгъэжей Сюзаннэрэщ.
  • «Жыжьаплъэ» зэпеуэр гуп зэпеуэщ. Ауэ гупыж ищIу зи псалъэмакъ къезыгъэхьа, Лафыщхьэблэ дэт, генерал-лейтенант Батыр Мухьэмэд и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм щIэс Абыкъу Уэзырмэси гулъытэншэу Адыгэбзэ Хасэм къыхуэгъэнакъым. Зэхьэзэхуэм жыджэру зэрыхэ-там папщIэ щIалэщIэр фIыщIэ тхылъкIэ къыхагъэщащ. Уэзырмэс адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэр Къардэн ФатIимэщ.
  • Шэч хэлъкъым — сыт хуэ-дэ лэжьыгъэми и щIыб Iуэхубэ къыдэлъщ. ЩIэныгъэ псалъэмакъыр видеотеплъэгъуэу къэбгъэлъэгъуэжын щхьэкIэ, узытепсэлъыхьынум ехьэлIа щапхъэ  куэд  зэхуэпхьэсын, ахэр еджакIуэхэм зэрызэхащIыкIынум хуэдэу бгъэхьэзырын зэрыхуейр нахуэщ. Хьэлъэр зыхь егъэджакIуэр зытелажьэр щIэныгъэ гъуэгур бгъуэ щIын къудейм къыщынэркъым, атIэ абы гъэсэныгъэ лэжьыгъэри къызэриIэтыр, сабийхэм я зэхэщIыкIымрэ дуней лъагъукIэмрэ зэрызригъэужьыр, цIыху щIыкIэм хэлъ дахагъэ псори къызэрызэкIуэцIихыр, адыгагъэмрэ адыгэбзэмрэ зэрыхуигъэушыр пщыгъупщэ хъунукъым. Апхуэдиз лэжьыгъэр зыгъэзащIэ егъэджакIуэм и фIыщIэр инщ, къызэрыплъытэн псалъи къэгъуэтыгъуейщ.
  • ЩIэныгъэщIэкъухэм я «Жыжьаплъэ» зэпеуэр Тырку щIыналъэм къыщыхъуа адыгэ тхыдэтх цIэрыIуэ, узэщIакIуэ, гупсысакIуэ Выщхьэ Иззэт и фэеплъу ирагъэкIуэкIащ. Къызэралъхурэ мы гъэм илъэс 96-рэ ирикъуа адыгэлIым и гъащIэр къызыхэкIа лъэпкъым щхьэу-       зыхь хуищIащ, щIэблэр узэщIыным, хэкупсэу къэгъэтэджыным емышыжу телэжьащ. ХамэщI къыщыщIидза адыгэр зыхэхуахэм яхэмышыпсыхьыжыным, и къуэпсхэр зэкIуэлIэж адэжь лъахэм пыщIа-уэ  щытыным хуэунэтIауэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ — абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ лъэпкъ тхыдэм теухуа къэхутэныгъэ пщIы бжыгъэхэр, итхащ адыгэхэр хэкум зэрикIам ехьэлIа тхылъ зыбжанэ, щытащ лъэпкъ гупсысэр цIыхум яхэзыпщэ газетхэмрэ журналхэмрэ я къызэгъэпэщакIуэу, редактору, тхакIуэу. Зи гъащIэри зи гуащIэри адыгэм щхьэузыхь хуэзыщIа Выщхьэ Иззэт и цIэкIэ зэпеуэр егъэкIуэкIыныр, зэпэIэщIэ хъуа зэлъэпкъэгъухэм я зэхуакум            а щIыкIэм тету Iуэхур лъэмыжу дэлъхьэныр Адыгэбзэ Хасэм игъуэу къилъытащ.
  • Адыгэбзэ Хасэр текIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ и гуапэу йохъуэхъу нэхъри ирагъэфIэкIуэну, гукъыдэж яIэну, жыджэрагъыр яфIэмыкIуэду пашэныгъэр къыщыдэхын гуращэкIэ сыт хуэдэ зэхьэзэхуэми хыхьэну.
  • ШУРДЫМ  Динэ.