ДыщэкI КIунэ и цIэр зэрехьэ
2021-06-01
- Шэджэм къалэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм накъыгъэм и 26-м пшыхь гуапэ щекIуэкIащ. Ар иращIэкIащ РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ, Совет ЩIэнгъуазэ Иным иратха, зи гуащIэр къалъыта ДыщэкI КIунэ и цIэр IуэхущIапIэм зэрыфIащым. Зэхыхьэр ирагъэкIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Хьэмырзэ Ахьмэдрэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артисткэ ХьэхъупащIэ ФатIимэрэ.
- Пшыхьым кърихьэлIахэм ягу къагъэкIыжащ ДыщэкI КIунэ и гъащIэмрэ и лэжьыгъэхэмрэ. Сценэр фIыуэ зылъагъуу, абы щыджэгу къудей мыхъуу щыпсэууэ щыта артисткэм и цIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ я тхыдэм дыщэ хьэрфхэмкIэ тхауэ къыхэнащ. Ар зымыцIыху республикэм къигъуэтэгъуейт. Абы и гъащIэр хуэгъэпсат театр гъуазджэм гу къабзэрэ псэ хьэлэлкIэ хуэлэжьэным.
- 1935 гъэм библиотекэ лэжьыгъэм хурагъэджэну илъэс 14 ныбжьым иту ар Псыхуабэ ягъэкIуащ. Курсым щыIэхэм спектакль ягъэувауэ, абы еплъа Къалмыкъ БетIал ДыщэкIым къылъыса ролыр зэригъэзэщIар игу ирихьауэ жаIэж. Уеблэмэ, арэзымэ, Москва щыIэ ГИТИС-м игъэкIуэну къыжриIат. Ауэ ДыщэкIыр щеджар Налшык къалэ дэт театр студиеращ.
- 1937 гъэм Къэбэрдей театрыр къызэIуахащ. Япэу сценэм къихьахэм яхэтащ КIунэ. Корнейчук Александр и «Платон Кречет» пьесэм хэт Лидэ и ролыр игъэзэщIащ абы щыгъуэм. КIунэ Къэбэрдей драмэ театрым зэрыщылэжьа илъэс 65-м къриубыдэу роль 250-м щIигъу игъэзэщIащ. Псом хуэмыдэу артисткэм фIыуэ илъагъуу щытащ анэм и ролыр. Абы нэхъ къехъулIауэ къалъытэ Гоголь и «Фызышэм» щигъэзэщIа Тихоновэ Агафье, Шолоховым и «ЩIыщIэ къэIэта» тхыгъэм къытращIыкIа спектаклым къыхэщ Куприяновэ Дарье сымэ я ролхэр. КъыжыIапхъэщ, комедие, трагедие ролхэм пылъхьэншэу пэлъэщу зэрыщытар. Ар гукъинэжу щыджэгуащ Гоголь Николай и «Ревизор», Акъсырэ Залмыхъан и «Дахэнагъуэ», Щхьэгъэпсэу Мухьэмэд и «ТIэмашэ и унагъуэр» спектаклхэм. КIунэ киноми щыджэгуащ. КIыщокъуэ Алим зи сценарий итха «Бгы къыгуэуа» фильмым адыгэ фызыжь Зэрылэ и ролыр арат зратар.
- КъБАССР-м и цIыхубэ артист, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист, драматург, режиссёр, зэфIэкI лъагэ зиIэ артист Тубай Мухьэмэдрэ ДыщэкI КIунэрэ бынитху – Борис, Заур, Раисэ, Юрэ, Аслъэн сымэ — зэдапIащ.
- — ДыщэкI КIунэ цIыхубэм нобэр къыздэсым фIыуэ ялъагъу вагъуэщ. Театр режиссёр, актёр цIэрыIуэ Станиславский Константин и Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм зыхимыгъэгъуэзами, институт къимыухами, артист IэщIагъэм хуеджэхэм къахуэщхьэпэну лэжьыгъэхэр итхыфыну апхуэдэ зэфIэкIрэ щIэныгъэкIэ Тхьэр къыхуэупсат. Нобэр къыздэсым КIунэ и лэжьэгъухэм тщыгъупщэркъым, – игу къегъэкIыж КъБР-м и цIыхубэ артисткэ, Хьэмыку Жаннэ.
- КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэ игу къигъэкIыжащ ДыщэкI КIунэрэ ТIыхъужь Алийрэ щыджэгуа «ИугъащIэ лъагъуныгъэм!» спектаклыр я къуажэ курыт еджапIэм къашэу зэрыщагъэлъэгъуар, ар гукъинэж зэрыщыхъуар.
- — Абы щыгъуэм а артистхэр апхуэдизкIэ «сфIэинти», уафэм къехауэ фIэкI къысщыхъуртэкъым икIи КIунэ и гъусэу зы утыку сыщыджэгуну зэгуэр къысхуихуэну си пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым, — жиIащ КIэхумахуэм. — ЕджапIэ нэужьым къыщызгъэзэжам, япэ дыдэу «Яшэмрэ къэзышэхэмрэ» спектаклым Гулэ и ролыр щызгъэзэщIауэ щытащ, КIунэ срипхъуу.
- — IэщIагъэ, лэжьыгъэ и лъэныкъуэкIэ си гъащIэ гъуэгуанэм сызыщрихьэлIахэм ящыщу псом хуэмыдэу гукъинэж сщыхъуащ ДыщэкI КIунэ. Абы къыбгъэдэкI гуапагъэр, цIыхуфIагъэр, и лэжьэгъухэм хуиIэ лъагъуныгъэр инт, — игу къегъэкIыж Хьэмырзэ Ахьмэд.
- — Сэ сыпсэуху, си анэм и IэщIагъэм пысщэху, си дэлъхухэр, дэ къытщIэхъуа щIэблэр дыщыIэху, мамэ дигу илъыху ар тщIыгъуу псэунущ. Анэм хузиIэ лъагъуныгъэр зэи кIуэдынукъым, — жеIэ КъБР-м и цIыхубэ артисткэ, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и актрисэ, КIунэ ипхъу Тубай Раисэ.
- КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин и псалъэм къыхигъэщащ ДыщэкI КIунэрэ Сибэч Быхуэрэ зэныбжьэгъуу зэрыщытар, КIунэ цIыху дахэу, сыт щыгъуи гушыIэ хэлъу, гукъыдэж иIэу, псалъэ лей жимыIэу зэрыщытар игу къызэринэжар.
- — Артист IэщIагъэм куэд хуоджэ, ауэ артист хъур зырызыххэщ. ДыщэкI КIунэ и закъуэу сценэм щитым и деж апхуэдизкIэ театреплъхэр зэщIишэрти, цIыхуищэ итым хуэдэу къыпщигъэхъуфырт. Абы хэлъ дахагъэмрэ къабзагъэмрэ удамыхьэхынкIэ, узыIэпамышэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. КIунэ утыкум щитым и деж ублэплъыкIыу нэгъуэщIым уеплъыфыртэкъым, апхуэдизкIэ гъэщIэгъуэну джэгурти, — жеIэ министрым. – Шэджэм къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ДыщэкI КIунэ и цIэр зэрыфIащар хуабжьу си гуапэщ. Артисткэ гъуэзэджэр зыщыдмыгъэгъупщэу, и цIэр куэдрэ къитIуэу, и пщIэм дызэхуишэсу Тхьэм дыщигъэIэ!
- Пшыхьым щагъэлъэгъуащ ДыщэкI КIунэ щыджэгуа спектаклхэм ящыщу архивым щахъумэ Шолохов Михаил и «ЩIыщIэ къэIэта», Шамхалов Мухьэмэд и «Гуащэ ябгэ» спектаклхэм щыщ теплъэгъуэхэр. Зэхыхьэ гуапэр ягъэдэхащ Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ и «Вагъуэ цIыкIухэр» ансамблым, республикэм и уэрэджыIакIуэхэу ЦокIыл Азэмэт, Тхьэгъэлэдж Светланэ сымэ, нэгъуэщIхэми.
- Театрым къыдэкIуэу жылагъуэ лэжьыгъэхэри игъэзэщIащ ДыщэкI КIунэ икIи КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату тIэунейрэ хахащ. Нобэ къытхэмытыжми, и Iыхьлыхэм, и лэжьэгъухэм, и гуащIэр фIыуэ зылъэгъуа цIыхубэм ар ящыгъупщакъым.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.