Гуауэм лъэужь иIэщ
2021-05-25
- Адыгэм ди ЩыгъуэщIэж махуэм псэкIэ зэпещIэ дуней псом щикъухьа лъэпкъыр. Тхыдэм зыхудогъэзэж, ди щхьэ кърикIуам догупсысыж, ИстамбылакIуэм и гуауэр зыхыдощIэ.
- Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ мы гъэм илъэси 157-рэ мэхъу. Дунейм къыхыхьа уз зэрыцIалэр щхьэусыгъуэу, мы гъэм а махуэм теухуауэ ялэжь хабзэ Iуэхухэр псори къызэгъэпэща хъуакъым. Шухэр Налшык и уэрам нэхъыщхьэм кърикIуакъым, зауэжьым теухуа фильмхэр ягъэлъэгъуакъым, сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэри щыIакъым. Ауэ, махуэр гулъытэншэуи къэнакъым. Налшык паркым ит Псэ жыгым деж щекIуэкIащ щыгъуэ пэкIур. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, ЩIДАА-м и вице-президент ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, ЩIДАА-м и вице-президент — щIэныгъэ секретарь нэхъыщхьэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий, КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий, КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ КIурашын Анзор, нэгъуэщI къулыкъущIэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэр, журналистхэр.
- — Нобэ дыщIэщыгъуэм хуэдэ махуэ гуауэ лъэпкъым зэи къытхуимыхуэжыну Тхьэм жиIэ. Долъагъу адыгэ фащэр зыщыгъ сабий дахэхэр — дигу дмыгъэкIуэдынымкIэ ахэр щапхъэ мэхъу. Адыгэм и шыфэлIыфэр дэзыгъэлъагъу цIыкIухэр дэ ди пщэдейщ, лъэпкъым и къэкIуэнур ахэращ. Зауэжьым зи псэ щызытахэм дахуэщыгъуэу, нобэ Псэ жыгым удз гъэгъахэр тедывгъалъхьэ,- жиIащ Къумахуэ Мухьэдин.
- Удз гъэгъахэр фэеплъым тралъхьа нэужь, Дзасэжь Хьэзрэталий дыуэ яригъэщIри, мы пэкIум хэтахэри, дэнэ щIыпIэ щыIэ адыгэхэри сыхьэт 12-м дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ зауэм хэкIуэдахэм.
- Щыгъуэ-щIэж махуэм Псэ жыгым деж щагуэшащ мы махуэм и нэщэнэ лентI удзыфэхэр. Илъэс къэси хуэдэу, «Нарт Хэку» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэт щIалэгъуалэр, адыгэ фащэкIэ хуэпауэ, щыгъуэ пэкIум хэтащ. ЩIалэгъуалэм я гум блэкIам и гуауэр зэрилъым гугъэ уегъэщI я тхыдэмрэ хабзэмрэ ящIэу дунейм тетыну, заужьыну, заузэщIыну.
- НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
- Сурэтхэр
- Къарей Элинэтрихащ.