Иджыри гъуэгуищ зэрагъэпэщыжащ
2020-12-15
- «ФIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ щIыналъэ трассэу дызэрыт илъэсым километр 95-рэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэрагъэпэщыжыну траухуауэ щытащ.
- Ауэ щIыналъэ бюджетым и гъуэгу фондыр зэгъэзэхуауэ къызэрагъэсэбэ-пам и фIыгъэкIэ километри 8,5-м апхуэдэ лэжьыгъэхэр зэрыщрагъэкIуэкIын ахъшэ къахудэхуащ икIи ахэри зэфIагъэкIащ.
- Щхьэлыкъуэ — Каменкэ, Налшык — Нарткъалэ, Кэнжэ — Каменкэ гъуэгухэм ящы-щу зи щхьэфэр нэхъ телэжьыкIахэр зыхуей хуагъэ- зэжащ а ахъшэмкIэ.
- Мы зэманым ирихьэлIэу Налшык — Нарткъалэ, Кэн-жэ — Каменкэ гъуэгухэм мывэ зэтеударэ шхэпсрэ зыхэлъ асфальтобетон тралъхьащ, гъуэгу дэдзыхыпIэхэр, къэувыIэпIэхэр хуащIащ, дамыгъэхэр щагъэуващ. Щхьэлыкъуэ и уэрам нэхъыщхьэм мы гъэм ки-лометрихым щIигъум асфальтыщIэ тралъхьакIэт, апхуэдэу лъэмыжри зэрагъэпэщыжащ.
- «Урысейпсо цIыхубэ фронт» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и лIыкIуэ Тхьэмокъуэ Анзор жиIащ а лэжьыгъэ-хэр фIы дыдэу зэращIар икIи Налшык къедза жылэхэм дэсхэм я дежкIэ абы мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
- Лэжьыгъэхэр ягъэува пIалъэм и пэ къихуэу зэфIагъэкIащ. КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм, гъуэгухэр зэгъэпэщыжы-ным теухуа зэгурыIуэны-гъэр а лэжьыгъэр зэфIэзыгъэкIынум езыщIылIэ IуэхущIапIэм кIэлъыплъыныгъэмкIэ и къудамэм я лIыкIуэхэм зэпымыууэ къапщытащ къагъэсэбэп материалхэм фIагъри лэжьыгъэр зэрекIуэкI щIыкIэри.
- ДЖАТЭ Къантемыр.