Анэр — ар гъащIэщ
2020-12-01
- Бзылъхугъэу щыIэм я нэхъ лъапIэм — Анэм — и махуэр ди къэралым зэрыщагъэуврэ илъэс 20-м щIигъуащ. Абы теухуа унафэ щхьэхуэ УФ-м и Президентым къищтауэ щытащ 1998 гъэм икIи илъэс къэс щэкIуэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм догъэлъапIэ. Мы гъэм ар техуащ щэкIуэгъуэм и 29-м.
- Анэм и мыхьэнэр армырами зэрылъагэр, абы хуэдэу псэ хьэлэлрэ бзэ IэфIрэ, гу зэIухарэ Iэ щабэрэ Тхьэшхуэм зрита абы къигъэщIахэм зэрахэмытыр хьэкъщ игъащIэми, итIани къэрал унафэкIэ ягъэува а махуэшхуэм иджыри зэ къегъэлъагъуэ жылагъуэм и дэтхэнэ цIыхуми я дежкIэ анэм мыхьэнэуэ иIэр, абы гулъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэми аргуэру гу лъыдегъатэ. Анагъэм пылъ къалэнхэр нэхъ тэмэму зэфIэха хъун папщIэ, ди къэралым щолажьэ социальнэ проект хэхахэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри анэхэм я пщIэм хэзыгъахъуэщ, анагъэм и лъабжьэр мылъкукIэ щIэзыгъэбыдэщ, абы и къалэнхэр къыщызыгъэпсынщIэщ.
- ЩIыналъэ куэдыр зэщIэзыубыда уз зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэр ди къэралми зэрыщытепщэм къыхэкIыу мы гъэм ди республикэм къыщызэрагъэпэщакъым цIыху куэд къызэкIуалIэ хабзэ, анэхэр щагъэлъапIэ гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр. Ауэ щыхъукIи а махуэшхуэр гулъытэншэу благъэкIакъым къэрал IэнатIэхэми жылагъуэ зэгухьэныгъэхэми. Абы и щапхъэщ Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ управленэм и IэщIагъэлIхэм Анэм и махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэтыр. Абы и утыку ирахьащ а IэнатIэм къулыкъум щыпэрыт анэхэм я сабийхэм ящIа сурэт зэмылIэужьыгъуэхэр. ЦIыкIухэм я къалэмыпэхэм къыпыкIа сурэтхэр унэтIыныгъэ зэ- хуэмыдэу зэщхьэщыхат: «Анэр — ар гъащIэщ», «Анэм и гур дыгъэм нэхърэ нэхъ хуабэщ», «Анэ нэхъыфI дыдэ», «Анэхэм я махуэмкIэ дохъуэхъу». Апхуэдэ гупсысэхэр къызэрыщ сурэтхэм ягъэдэхащ IуэхущIапIэм и блынхэр. Шэч хэлъкъым, я бынхэм я гум къыбгъэдэкIыу ящIа сурэтхэр зылъэгъуахэм, псом хуэмыдэу анэхэм, я псэм из хъуа гурыфIыгъуэр къыпхуэмыIуэтэным хуэдизщ.
- — Анэм и махуэм ирихьэлIэу къызэдгъэпэща гъэлъэгъуэныгъэмкIэ дахуэупсащ ди IэнатIэм щылажьэ бзылъхугъэхэм, — жеIэ управленэм кадрхэмкIэ и къудамэм и унафэщI, полицэм и майор Борэн Жанеттэ. — Жэуаплыныгъэ ткIий зыпылъ къулыкъум пэрытми, а анэхэм ящыгъупщэ хъунукъым я нэгум кърих гуапагъэмрэ я бзэм и IэфIагъымрэ быныр сыт щыгъуи зэрыхуэныкъуэр.
- Пэжщ ар. Быным я дунейр яхуэзыгъэнэхури я гъащIэр яхуэзыгъэIэфIри анэращ. А цIэ лъапIэр зезыхьэ бзылъхугъэ псоми дохъуэхъу махуэшхуэмкIэ. ЩIэблэмкIэ яIэ хъуэпсапIэхэр нахуапIэ хъууэ, абыхэм я гузэвэгъуэ ямылъагъуу, я гулъытэ щымы-щIэу, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ быным кърату куэдрэ Тхьэм игъэпсэу. А фIыгъуэр — анэр — зиIэхэ- ми куэдрэ Тхьэм къахуихъумэ.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.