ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Куууэ пхоплъыф

2020-09-12

  • Мейкъуапэ дэт «Полиграф-Юг» тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу Щоджэн Эмилиерэ Хъуэткъуэ Самиррэ «Адыгэхэм я тхыдэр» зыфIаща тхылъыщIэр.

  • «Тхылъеджэхэм я пащхьэ къитлъхьэ лэжьыгъэр Урысейм щыцIэрыIуэ къэхутакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIащ: профессор, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щоджэн Эмилиерэ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Хъуэткъуэ Самиррэ», — зыкъыщытхуегъазэ япэ напэкIуэцIым тхылъым и пэублэр зытха философие щIэныгъэхэм я доктор, Адыгэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщI ЛIэужь Iэдэм.
  • «Мы тхылъыщIэм Адыгейм щыщ тхыдэджхэм къыщагъэщхьэпэ бгъэдыхьэкIэр щIэныгъэм иджыри щIэуэ щалъытэ, «тхыдэ-антропологие» Iэмалым и щапхъэщ, — къыхегъэщ ЛIэужьым. — Шэрджэсхэм я блэкIар щыдджкIэ ар къытхуэгъэсэбэпмэ, тхыдэдж куэдым щхьэхуимыту яIэщIэкI нэфI-неягъыр нэхъ мащIэ зэрыхъунуми, щхьэж и лъэпкъыр адрейхэм ефIэкIыу къигъэлъэгъуэн хьэлыр нэхъ зэрызыханынуми, зэманым щIигъэпща Iуэхугъуэхэм гукъанэншэу дызэреплъыфынуми шэч хэлъкъым».
  • Щоджэнымрэ Хъуэткъуэмрэ дагъэцIыху тхыдэ къэгъэлъэгъуэкIэ Iэмалым тегъэщIапIэ ищIыр къэхъуам и закъуэкъым. Абыхэм къафIэIуэхущ зытепсэлъыхь лъэхъэнэм щыпсэуа цIыхур щIэгуфIэу, щIэнэщхъейуэ, ишхыу, щитIагъэу, зэгупсысу, зэхъуапсэу щытар. Тхыдэр занщIэу гу зылъумытэ куэдым зэрепхам тхылъеджэм и нэр трегъахуэри, дэтхэнэ зы лъэпкъми и блэкIар нобэрей гъащIэм къыщыпхуэсэбэпын хуэдэу, гукIэ зэхыуегъащIэ. Аращ «тхыдэ антропологие» зыфIищыр.
  • «Тхыдэ антропологием мыхьэнэшхуэ иIэщ, — я бгъэдыхьэкIэр IупщI тщащIын папщIэ, хэзыгъэгъуазэм зыкъыщытхуагъазэ тхылъыр зи IэдакъэщIэкIхэм. — Дауэ къыщалъхуа щIыпIэкIи, я Iэпкълъэпкъ зэхэлъыкIэкIи, я бзэкIи, я махуэкъэс гъащIэр зэрызэтраухуэ щIыкIэмкIи, хабзэ зэрахьэхэмкIи зэмыщхь цIыхухэр илъэс мин бжыгъэкIэ зэзэгъыу зэрызэдэпсэуфыр? Сыт дунейпсо цIыхубэр зы зыщIыр?»
  • Апхуэдэ упщIэхэр зыхуагъэувыжри жэуапи кърат зи гугъу тщIы тхылъ гъэщIэгъуэныр адыгэ тхыдэм дихьэххэм тыгъэ яхуэзыщIа Хъуэткъуэ Самиррэ  Щоджэн Эмилиерэ.
  • Чэрим  Марианнэ.