Адыгагъэр я Iэпэгъуу щIэныгъэ лъагъуэр хэзышхэр
2020-07-18
- Адыгэу ущытыным къикIыр зауэлI хахуэм и псэ пIутынырщ. Щхьэхуитыныгъэм зэрыхуэпабгъэмрэ къарууэ яхэлъамрэщ а лъэпкъым гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуари и тхыдэр зыгъэнэхуари. Зэман куэд дэкIащ ди лъэпкъым зэрихьа лIыгъэмрэ бэлыхьу зыхэтамрэ лъандэрэ, ауэ а хахуагъэмрэ лIыгъэмрэ ноби тфIэкIуэдакъым. Абы и зы Iыхьэ цIыкIущ Москва къалэ и «Сокол» районым щылажьэ «Радий» щIэныгъэ-производственнэ IуэхущIапIэ» АО-р.
- ПщIэшхуэ зиIэ ди хэкуэгъу щIалэхэр зэхуэзышэсар зи гугъу тщIы IуэхущIапIэм и унафэщI Къуэн Мухьэмэд Iэбубэчыр и къуэрщ. Ар къызэрымыкIуэущ лэжьыгъэм зэрыбгъэдэтыр, сыт хуэдэ къалэнми гугъуехьми къэрал бгъэдыхьэкIэ къыхуегъуэтыф. Апхуэдэуи Къуэныр зи унафэщI IуэхущIапIэм лэжьыгъэу щызэфIахыр мащIэкъым.
- Предприятэм и къежьапIэм жыжьэ къыщыщIедзэ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм ар яухуауэ щытащ Iэщэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыщIагъэкIыну. Зауэр иуха нэужь, ар сыхьэт щызэпкъралъхьэ завод ящIащ, 1959 гъэм «Эра» заводыщIэ къыщызэIуахащ. Мис абы иужькIэ къэунэхуащ «Радий» акционер обществэри. А IуэхущIапIэр Урысей Федерацэм и зыхъумэжыныгъэ-промышленнэ комплексым хохьэ икIи лIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуауэ радиотехникэ электрон Iэмэпсымэхэр къыщIегъэкI.
- Иужь илъэсхэм IуэхущIапIэм и лэжьыгъэм хэпщIыкIыу зиужьащ. НобэкIэ абы патент 50 иIэщ, абы хохьэ европэ, япон, США патентхэри. УнафэщIхэм яхузэфIэкIащ иджырей мардэхэм изагъэ щIэныгъэ-техникэ центр лъэрыхь къызэрагъэпэщыну. Абы щыхьэт тохъуэ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием, щIэныгъэ, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм, псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Москва къэрал университетым и химие факультетым, нэгъуэщIхэми ядэлэжьэну зэгурыIуэныгъэхэр зэрыращIылIар.
- «Радий» щIэныгъэ-производственнэ IуэхущIапIэ» АО-р нобэ къалэныщIэхэм зезыпщыт IэнатIэщ. Иджы ахэр зиужь ихьа вакуум микроэлектроникэм и зыужьыныгъэр ди къэралым и технологие лъабжьэм зы IыхьэфIу хэувэфынущ икIи Урысейм и промышленнэ, щIэныгъэ, дзэ къарур нэхъри игъэбыдэнущ. А унэтIыныгъэр зи нэIэ щIэтыр физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м и Къэрал саугъэтым щIэныгъэмрэ техникэмкIэ и лауреат Бэвыжь Мухьэмэд Данил и къуэрщ.
- Апхуэдэу проект нэхъ инхэм ящыщщ щIыгъэпшэрхэр къыщIэгъэкIыныр. Экологие и лъэныкъуэкIэ шынагъуэншэ технологиехэмкIэ псынщIэу ткIу щIыгъэпшэрхэр къыщыщIагъэкIыну заводыр Ставрополь крайм хыхьэ Невинномысск къалэм щаухуэ. А унэтIыныгъэм зезыгъэужьар езы Къуэн Мухьэмэдщ. Технологие проектыр гъэхьэзырыным хэлIыфIыхьащ Хьэмыз СулътIан Хьэжсет и къуэр. Абы папщIэ зыхуеину щIэныгъэ лъабжьэр гъэхьэзырыныр и нэIэ щIэтщ СулътIан и къуэш, химие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием Геохимиемрэ аналитикэ химиемкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь, лабораторэм и унафэщI Хьэмыз Руслан.
- IуэхущIапIэм мыхьэнэшхуэ щрат иджырей производствэ, щIэныгъэ лэжьыгъэхэм компьютер технологиер и лъабжьэу, зыуэ щыт хъыбарегъащIэ утыку яIэу зэрыщытыпхъэм. АбыкIэ унафэщIыр физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидат, «Радий» IуэхущIапIэм и генеральнэ унафэщIым и къуэдзэ Бэвыжь Iэмин Данил и къуэрщ. Абы щолажьэ КъБР-м, КъШР-м, Ставрополь крайм, нэгъуэщI хэгъэгухэм къикIа щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр. Апхуэдэуи ныбжьэгъуфIу яIэщ спортым, щэнхабзэ, политикэ, гъуазджэ, хьэрычэт Iуэхум щыцIэрыIуэхэу УФ-м и Правительствэм деж щыIэ Финанс университетым и ректор Есчындар Михаил, УФ-м и цIыхубэ артист Тут Заур, Абхъаз Республикэм ШынагъуэншагъэмкIэ и советым и секретару щыта Килбэ Мухьэмэд, боксёр цIэрыIуэ Цзю Константин. IуэхущIапIэм щекIуэкI зэхуэсхэм щIэх-щIэхыурэ щыплъагъунущ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием и унафэщIхэмрэ абы хэт академикхэмрэ.
- Адыгэр ижь-ижьыж лъандэрэ цIэрыIуэщ хьэщIэхуэфIу зэрыщытымкIэ. А хабзэр хэлъщ Бэвыжь Мухьэмэди. Ар къэзыцIыху дэтхэнэ зыми ещIэ Москва зы адыгэ жьэгу зэрыдэтыр. Абы адыгагъэми, щIэныгъэми, гъащIэми утепсэлъыхьу ущызэхэс хъунущ.
- Къуэн Мухьэмэд и гумащIагъыр куэдым ялъоIэс, илъэс Iэджэ щIауэ Сабий унэм и дэIэпыкъуэгъушхуэщ. Адрейхэм къахэзыгъэщ хьэл нэхъыщхьэу абы иIэщ цIыхухэм пщIэ зэрахуищIыр, зэрыхьэлэлыр, пэжым, фIым и телъхьэу зэрыщытыр.
- Бэвыжь Аринэ,
- УФ-м и Президентым деж щыIэ РАНХиГС
- академием журналистикэмкIэ и факультетым и 4-нэ курсым щеджэ.