ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIыхуэ къэзыщтахэм щапшыныжыну пIалъэр хуагъэIэпхъуэ

2020-04-02

  • Урысейм и ХъумапIэ банкым щIыхуэ къэзыщтахэм ар щапшыныжыну пIалъэр яхуигъэIэпхъуэнущ коронавирус уз зэрыцIалэм и зэран зэкIахэм.

  • COVID-19 коронавирусым игъэсымаджахэу потребительскэ, ипотекэ кредит Урысейм и ХъумапIэ банкым къыщызыщтауэ щытахэм ар щапшыныжыну пIалъэр мазихым щыщIэдзауэ илъэсым нэсыхукIэ хуагъэIэпхъуэнущ. Абы щыгъуэми ахъшэр и чэзум зэрыхамылъхьэфам къыпэкIуэ къуэдыхэр тралъхьэнукъым. Апхуэдэ Iуэхутхьэбзэ хуащIэнущ коронавирусыр къеуалIэу ягъэхъужахэм, нэгъуэщI къэрал къикIыжауэ карантиным щыIахэм, COVID-19-р и щхьэусыгъуэу ахъшэ къыпэмыкIуэу курортхэм щагъэIахэмрэ лэжьапIэр зыфIэкIуэдахэмрэ.
  • ЩIыхуэр щатыжынур хуагъэIэпхъэун папщIэ Урысейм и ХъумапIэ банкым и клиентхэм къагъэлъэгъуэн хуейщ ар щапшыныжынум и пIалъэм щIыфIагъэкIам и щхьэусыгъуэм щыхьэт техъуэ дэфтэрхэр: больничнэ листымрэ (электрон теплъэкIи хъунущ) COVID-19-м и диагнозыр зэрыхуагъэувар къэзыгъэлъагъуэ документыр, коронавирусым и зэранкIэ IэнатIэм зэрыIуагъэкIар е лэжьыгъэмрэ улахуэмрэ зэрызахъуэжар зэрытха трудовой книжкэр е абы щыхьэт техъуэ официальнэу щыт нэгъуэщI тхылъымпIэр.
  • АдэкIэ, кредит каникул хуагъэувыну зэрыщIэ- лъэIу анкетэр банкым и сайтым и «Кредиты — Реструктуризация» Iыхьэм иралъхьэн хуейщ, и сурэтымкIэ е и паспортым теха сурэтымкIэ (е хэтми къэзыгъэлъагъуэ нэгъуэщI документкIэ) щIигъэбыдэжу. Банкым къищта унафэм апхуэдэхэр щигъэгъуэзэжынущ.
  • «Дэ къыдгуроIуэ ди щIыхуэ зытелъхэр иджыпсту зыIуувэну гугъуехьхэр зыхуэдизыр. Шэч хэлъкъым абыхэм ящыщ куэдыр кредитымкIэ я къалэнхэм зэрыпэмылъэщыфынуми. Абы къыхэкIыу дэ зэхэтлъхьащ кредит каникулхэр тыншу икIи псынщIэу илъэс ныкъуэкIэ щызыIэрагъэхьэфыну Iэмалхэр. Дэ тлъэкI къэдгъэнэнукъым ди клиентхэм мы зэман хьэлъэм защIэдгъэкъуэн папщIэ. Ар нэхъ псынщIэу зэфIэкIынущ, коронавирусым и зэран къазэрекIам щыхьэт техъуэ документхэр и чэзум къыдахьэлIэмэ, армырауэ лъэIухэр гъэзэщIа хъуфынукъым», — жеIэ Урысейм и ХъумапIэ банкым и вице-президент Дегтярёв Максим.
  • Хьэтау Ислъам.