Джазэ Хъусен: «Ди щIалэгъуалэр хэкупсэу къохъури, сахуэарэзыщ»
2020-02-26
- 2009 гъэм хьэжыщI щыIа, Налшык къалэм дэс Джазэ Хъусен и жэрдэмкIэ, иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэрагъэпэщащ Адыгэ лъэпкъым я нэхъыжьхэм я хасэ. Мазэ еплIанэ хъуауэ лажьэ зэгухьэныгъэр зыхунэсахэм нэхъыжьыр къытхутепсэлъыхьыну къытхуеблэгъащи, абы къыджиIахэм ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.
- — Хъусен, Iуэхур къызэрепхьэжьам, къызэрохъулIам дыщыбгъэгъуэзэну дыхуейт.
- — Мыпхуэдэ зэгухьэныгъэр ди гъунэгъу щIыналъэхэми, ди балъкъэр лъэпкъми къызэрагъэпэщауэ ягъэлажьэ. КъызыхэкIам я Iуэхухэр ягъэкIуатэ, я хабзэрэ щэнхабзэри яхъумэж. Дэри ди лъэпкъыр зыгъэгулэзхэм нэхъыжьхэм ди гупсысэ хэтлъхьэну сфIэигъуэ хъуащ. Уи лъэп-къым пщIэ хуумыщIыжмэ, хэт къакIуэу узыгъэлъэпIэнур?! Ар дэ езым ди пщэ къыдэхуэж Iуэхущ. ЗэрыжаIэмкIэ, мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэщ жылагъуэ зэгухьэныгъэу 80 хуэдиз, ауэ абыхэм я лэжьыгъэм арэзы укъищIу схужыIэнукъым. Жылагъуэм я гукъеуэр зэхэкIын щхьэкIэ цIыхубэмрэ щIыналъэ унафэщIхэмрэ зэпэгъунэгъу щIын хуейщ. Адыгэм и Iуэхур къэтIэтыжыпхъэщ. Апхуэдэ лъэмыжу нэхъыжьхэр нобэ дыувыпхъэщ. Ахэращ щхьэусыгъуэ хуэхъуар зэгухьэныгъэр къызэдгъэпэщыным.
- Япэ дыдэу мы Iуэхур къыздиIыгъащ Политикэ залымыгъэ зытехьахэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Щыхьмырзэ Маркс. Абы къыкIэлъыкIуэу чэнджэщкIэ зыкъысщIагъэкъуащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, профессор Хъурей Феликс, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ фондым и унафэщI Вэрокъуэ Владимир сыми. Дэтхэнэми фIыщIэ яхузощI.
- — Сыт хуэдэ къалэнхэр зыхуэвгъэувыжрэ?
- — Ди бзэ, ди хабзэ, ди фащэ тхъумэжын хуейщ. Ахэр ди мурад псоми я лъабжьэщ. Апхуэдэуи ди уэрамхэм я фIэщыгъэхэм арэзы укъащIыркъым. Абыхэм куэд дыдэ яхэтщ мыхьэнэ щIагъуэ зыщIэмылъ, псым е зыпэгъунэгъу щIыпIэм къытекIа цIэхэм фIэкIа ямыIэу. Абыхэм нэхърэ нэхъыфIтэкъэ ди лIыхъужьхэм, ехъулIэныгъэ зиIа, тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ хъуа ди цIыхухэм я унэцIэхэр яфIэтщыжамэ?! А Iуэхум теухуауэ зызыхуэдгъэзахэм къыджаIащ ар зэкIэ зэрылэжьыгъэ гугъур. А фIэщыгъэхэр зэпхъуэкIын щхьэкIэ, псалъэм папщIэ, уэрамым тесу хъуам я дэфтэрхэми зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэжын хуей хъунущ, мылъку гуэри текIуэдэнущ. Сыт хуэдэ гугъуехь пылъми, ар мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэм ящыщщ.
- Налшык къалэм и уэрам нэхъыщхьэм, Лениным и цIэр зезыхьэм, и кIыхьагъкIэ удэкIуеймэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым узэрыщыIэр кърипщIэну зы унэ закъуэ тету аращ — ар «Адыгэ унэ» IуэхущIапIэрщ. Хамэ къэрал къикIыж ди лъэпкъэгъухэм я Хэку къызэрихьэжам и нэщэнэ яIэщIэмылъэгъуэжыну ди Iуэхур кIуэ пэтми зэIохьэ. Дызыщыпсэур Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэу щыщыткIэ, псом япэ ды-дэ адыгэбзэрэ балъкъэрыбзэкIэ IуэхущIапIэу хъуар къэгъэлъэгъуапхъэщ.
- Япэ адыгэ узэщIакIуэ Нэгумэ Шорэ и фэеплъыр здэщытыну щIыпIэм (КъБКъУ-м и пщIантIэм) мывэр зэрыщагъэтIылърэ илъэс куэд дэкIащ, ауэ нобэр къыздэсым зэфIагъэкIакъым. Апхуэдэ Iуэхур Iэпэдэгъэлэл пщIыныр емыкIукъэ?!
- КъищынэмыщIауэ, нобэ дытегузэвыхьын хуейщ ди бзэм. Сыту жыпIэмэ, ар зэрыхэкIуэдэжым и нэщэнэхэр тлъагъу хъуащ. Иджыблагъэ Налшык къалэм дэт зы курыт еджапIэм и унафэщIым жиIа псалъэхэм зэрызехьэшхуэ кърикIуащ. «Адыгэбзэм си къэжьын къегъакIуэ», — жиIэу къызэрыжьэдэкIамрэ школ библиотекэм анэдэлъхубзэмкIэ щIэлъ тхылъу хъуар игъэсыну зэрыхэтамрэ я хъыбарыр щызэхэтхым, дыкъимыгъэуIэбжьу къэнакъым. КъызыхэкIа лъэпкъми зыхэсми пщIэ хуимыщIу аращ. Ар щIэпхъаджагъэкъэ?! Япэ зэманрауэ щытамэ, Хэкум ирахуну къэзылэжьахэм ар ящыщт. Мис апхуэдэхэм дапэщIэувэфын хуейщ.
- Ди гукъеуэхэм ящыщщ цIыхум и дэф-тэр нэхъыщхьэм зыщыщ лъэпкъыр къы-зэрыщымыгъэлъэгъуар. Адыгэбзэри балъкъэрыбзэри къэралыбзэу щагъэувакIэ, си лъэпкъыцIэр щхьэ абы ит мыхъурэ?! А Iуэхум теухуауэ ди щIыналъэ Iэтащхьэм тхыгъэ хуэдгъэхьэзырыну ди мурадщ.
- Дызыгъэгушхуэм и гугъу пщIымэ, икъукIэ ди щIалэгъуалэм сахуэарэзыщ. Адыгэ джэгур, ди лъэпкъ къафэр хуабжьу яфIэфIщ, ныпыр кърахьэкI, фащэр ящыгъщ. СызэреплъымкIэ, ди щIэблэр нэхъ хэкупсэу къохъу иджыпсту икIи абы сыщогуфIыкI. Псоми зэращIэщи, ди лъэпкъ фащэр Кавказ псом, уеблэмэ, къэзакъхэми къащтауэ ящыгъщ. АтIэ дэ езым абы хуэтщIыж пщIэр сыт хуэдэ?! Хьэмэ анэдэлъхубзэкIэ республикэ псом къыщыдэкI газет закъуэм нобэ иIэ пщIэм арэзы укъищIрэ?! «Адыгэ псалъэ» газетыр «Ленин гъуэгу» фIэщыгъэр иIэу къыдэкIыу щыщыта зэманым жыджэру сыкъатхэу щытащ. Иджы апхуэдэ Iэмалхэри щыIэжкъым. Сытми, упщIэ куэд диIэщ. Дызыхунэсыр тщIэнщ, ди къару къихьымкIэ лъэпкъым зыщIэдгъэкъуэну дыхьэзырщ.
- — Зэгухьэныгъэм иджыпсту цIыху дапщэ хэт? Сыт хуэдэ Iуэхухэр къэфIэтыну фыхунэса?
- — Иджыпсту цIыху 30 дохъу. Мазэ къэс дызэхуос, ауэ пэш щхьэхуэ диIэкъым. Ди зэIущIэхэр зэкIэ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым къыщызэдгъэпэщу аращ, Вэрокъуэ Владимир зыкъытщIигъэкъуауэ.
- Япэ дыдэу къэтIэта Iуэхухэм ящыщщ волейболымкIэ Олимп чемпионкэ, адыгэ бзылъхугъэ Ахэмын Еленэ и цIэри спортым ехъулIэныгъэ къыщызыхьахэм я щIыхькIэ Налшык къалэм щагъэтIыса жыгыщIэхэр зытет лъэс лъагъуэм деж трегъэтхэныр. Апхуэдэуи Налшык къалэм Пушкиным и цIэр зезыхьэ уэрамым Беслъэн къалэм щыхэкIуэда сабийхэм я фэеплъу щагъэува пхъэбгъум гу лъумытэххэу щытщи, ар зыхуей хуэгъэзэн зэрыхуейр къыхэтлъхьащ. Осетин лъэпкъым я зэгухьэныгъэм и унафэщI Суг- коев Рэмэзан а Iуэхум теухуауэ зыкъытхуигъэзащ, дэ тхузэфIэкIымкIэ дыдэIэпыкъуну къэдгъэгугъащ. Ещанэ ди лэжьыгъэр зытедухуар Нэгумэ Шорэ и фэеплъыр гъэувынращи, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин депсэлъащ, тхыгъэ дгъэхьэзырыну абы къыджиIащ. Къапщтэмэ, министрым дыщигъэгъуэзащ фэеплъым и проектыр ягъэхьэзырауэ зэрыщытыр. Зы Iуэху къыдэхъулIэмэ, хуэмурэ етIуанэ лъэбакъуэри тчынщ. ДыхущIэкъунщ сэбэп дызэрыхъуным.
- Епсэлъарэлъар БАГЪЭТЫР Луизэщ.