«ЛIыхъужьхэм я блын» стендыр къызэIуах
2020-02-15
- 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм къыщахьа ТекIуэныгъэр илъэс 75-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ ирагъэкIуэкI щIыналъэ зэхуаку щIалэгъуалэ проектым ипкъ иткIэ КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал аграрнэ университетым иджыблагъэ къыщызэIуахащ «Лыхъужьхэм я блын» стендыр. Ар къызэгъэпэщыным хэтащ Урысейм и ЛIыхъужьхэр, КъБР-м и Правительствэм щыщхэр, университетым, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я офицеру запасым щыIэхэм я зэгухьэныгъэхэм я лъэпкъ ассоциацэм я унафэщIхэр, студентхэр, еджакIуэхэр.
- «ЛIыхъужьхэм я блын» проектым ипкъ иткIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэхэм щыIэ еджапIэу 15-м къыщызэIуахынущ Хэку зауэшхуэм и ЛIыхъужьхэм я сурэтхэр щызэхуэхьэса стендхэр.
- Апхуэдэу зэхуахьэсынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Кавказ Ищхъэрэм и адрей щIыналъэхэм щыщу зауэм хэтахэм я лIыхъужьыгъэм ятеухуа хъыбархэр. Япэ ита я нэхъыжьхэм ехьэлIа апхуэдэ тхыгъэхэмрэ сурэтхэмрэ къыIахынущ дэтхэнэ щIыпIэми я студентхэмрэ школакIуэхэмрэ.
- «ЛIыхъужьхэм я блын» япэ стендхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэрагъэпэщащ. Гъатхэпэ мазэм ахэр Мэхъэчкъалэ, Грознэ, Владикавказ, Магас, мэлыжьыхь мазэм Черкесск, Пятигорск къалэхэм къыщызэIуахынущ.
- ТекIуэныгъэ Иным и махуэм и пэ къихуэу мы проектым и къызэгъэпэщакIуэхэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэ псоми я лIыкIуэхэр хэту Налшык къалэм щрагъэкIуэкIынущ «ЛIыхъужь» зэпеуэр. Ар къызэрегъэпэщ Президент грантхэм я фондым и дэIэпыкъуныгъэкIэ «Кавказ Ищхъэрэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэм я ассоциацэ» щIыналъэ зэхуаку жылагъуэ зэгухьэныгъэм.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.