Джылахъстэнейр мэхасэ
2020-02-11
- ЩIышылэм и 28-м Тэрч щIыналъэм щекIуэкIащ Джылахъстэней Адыгэ Хасэм 2019 гъэм зэфIи-гъэкIахэмрэ илъэсыщIэм къыпэщылъхэмрэ ятеухуа зэIущIэ щхьэпэ. Абы ирагъэблагъэри хэтащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Тэрч район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Семэн Пщыкъан, щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм и унафэщI КIэрэф Мурадин, нэхъыжьыфIхэр, дин лэжьакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
- Джылахъстэней Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Ахъсор Хьэлым къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ блэкIа гъэм я зэгухьэныгъэм илэжьахэм. Ахэр бзэр хъумэным, хабзэр екIуу зехьэным, ар щIэблэм яхэпщэным, адыгэм и махуэ лъапIэхэр, цIыху цIэрыIуэ-хэр гъэлъэпIэным хуэунэтIащ. Хасэ тхьэмадэм и къэпсэлъэныгъэм къы- хигъэща дауэдапщэхэм ящыщщ «Си бзэ — си псэ, си дуней» Iуэху дахэр. Гъэ кIуам абы хэтащ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зэрихьэу Тэрч къалэ дэт курыт еджапIэ №3-мрэ, лицей №1-мрэ. ЩIалэгъуалэм а зэпеуэм къыщагъэлъэгъуа зэфIэкI дахэхэм лъэпкъым къэкIуэну узыншэ зэриIэм гугъэфIхэр уагъэщIырт. Хасэм и нэIэ щIэту екIуу ирагъэкIуэкIахэм ящыщщ «Адыгэ хабзэ» проектыр. Абы лъэпкъым и фIыгъуэ мыкIуэщIыжу къалъытэхэр ди щIэблэм ящIэнымкIэ, я гумрэ я псэмрэ а псор хэпщауэ къэгъэтэджынымкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр шэчыншэщ. Ахъсорым къигъэлъэгъуащ ЩIалэгъуалэ парламентым кърихьэжьа а Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэриIэр икIи Тэрч щIыналъэми абы телэжьэн щIалэгъуалэ гуп къыщызэрагъэпэщыныр зэрыфIэигъуэр.
- Афганистаным щызэуахэм я махуэр, Гъэрэ ЩIы-рэ щызэхэкIыр, Адыгэ ныпым и махуэр, Хэку зауэшхуэм текIуэныгъэ къыщытхьа махуэр, Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэр сыт щыгъуи гулъытэ хэ- ха зыхуэщIыпхъэхэщ.
- — ЩIыналъэм щыпсэу дэтхэнэми гукъинэж щыхъуащ фокIадэм и 20-м Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр Iэтауэ ди деж зэрыщыдгъэлъэпIар. Абы кърихьэлIат Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым я зи чэзу зэIущIэм хэта ди къуэшхэри. Адыгэ фащэкIэ хуэпауэ уэрамхэм уэру къыдыхьа цIыхухэм уащыхэплъэкIэ гур хигъахъуэрт. Ар щIагъэбыдэжырт адыгэбзэкIэ псалъэу къекIуэлIа ныбжьыщIэхэм, абыхэм яхэлъ гъэсэныгъэ дахэм, лъэпкъ шхыныгъуэхэм, IэрыкI телъыджэхэм, нэгъуэщI куэдми. «Адэжь щIыналъэу си псэм и плъапIэ» фIэщыгъэм щIэту уэрэдрэ къафэкIэ зэхэухуэнауэ махуэр зэраухыжа концертри гуимыхужт.
- КъыкIэлъыкIуэу хасэр хэтащ нэхъыжьыфIхэм я махуэр гъэлъэпIэным. ЩIыналъэм, къуажэхэм дэс хьэрычэтыщIэхэм я фIыгъэкIэ нэхъыжьхэм сэугъэт щхьэпэхэмкIэ яхуэгуэпащ. ГъэщIэгъуэн хъуат «Акъыл жан», «Адыгэ щауэ» зэпеуэхэр. Хасэм гулъытэншэ ищIакъым Анэхэм я дунейпсо махуэри.
- Ахъсорым и къэпсэлъэныгъэм и кIэухыу, щIыналъэ къуажэ хасэхэм щIалэгъуалэм драгъэкIуэкI лэжьыгъэр щIагъэхуэбжьэн хуейуэ къызэрилъытэр къыхигъэщащ.
- — Зым и дежкIи щэхукъым, лъэпкъым и къэкIуэнур и щIэблэм зэрелъытар. Абы къыхэкIыу 2020 гъэм дызэрылэжьэну дгъэпса планым щIалэгъуалэм гулъытэ хэха щыхудощI.
- ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ щIыналъэм хыхьэ къуажэ-
- хэм я Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэр. Абыхэм къагъэлъэгъуащ зэфIагъэкI Iуэхухэр, дауэдапщэхэр, гукъеуэ зиIэхэми ябзыщIакъым.
- Болэтей къуажэм я хасэ тхьэмадэ Ныбэжь Мышэ и къэпсэлъэныгъэр бзэр хъумэным, ар щIэблэм яIэщIэмыхунымкIэ хэкIыпIэу илъагъухэмкIэ ядэгуэшащ къызэхуэсахэм. Абы зэрыжиIэмкIэ, бзэр ди щIэблэм Iумпэм зэращIым и щхьэусыгъуэр куэдщ, а Iуэхур зи пщэрылъ дэтхэнэми (унагъуэ, сабий гъэсапIэ, еджапIэхэм) лэжьыгъэ IыхьэфI къылъосри, зыми Iэпэдэгъэлэл ищI хъунукъым. Адыгэ къуажэхэм дэт курыт еджапIэм, сабий гъэсапIэхэм къыщызэрагъэпэщ зэIущIэхэр, дауэдапщэхэр зэфэзэщу урысыбзэкIэ зэрырагъэкIуэкIыр зи гукъеуэ нэхъыжьым хузэфIэкIащ зыкъомыр адыгэбзэм тригъэхьэжын. «Абы къикIыркъым сэ урысыбзэм срибийуэ, хьэуэ, бзитIри зэхуэдэу пщIэныр ехъулIэныгъэфIщ, дызыхэс къэралым и бзэр зумыгъэщIэныр щIэныгъэншагъэщ, уи анэдэлъхубзэр умыщIэжыныр епцIыжыныгъэщ», — жиIащ абы.
- Бзэр щIэблэм къегъэщтэжыным и зы хэкIыпIэу Ныбэжьым къыхилъхьахэм ящыщщ курыт еджапIэр къэзыуххэм Iэмал имыIэу ятын хуей экзаменхэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ хэгъэхьэнри.
- Инарыкъуей къыщаIэта Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм я гугъу ищIащ Джэрмэшык Къазбэч.
- Къуажэдэсхэм я гукъеуэм фIыуэ щыгъуазэ хасэ тхьэмадэхэр щIым и Iуэхум, псым, гузэвэгъуэм ехьэлIа дауэдапщэхэр зэхуэдэу, хьэдэIус (сэдэкъэ) гуэшыным егъэлея хэмыту зы унафэ къэщтэным тепсэлъыхьащ. Абей къуажэм и лIыкIуэхэм я къэпсэлъэныгъэм щыжаIащ Тэрчыпсыр гъунапкъэм къызэрыдэкIуейр, псыдзэр къащIэ-
- уэмэ, къуажэм тхьэмыщкIагъэшхуэ къызэрыхуихьынур, ар къэмыхъун папщIэ икIэщIыпIэкIэ псы Iуфэхэр гъэбыдэн зэрыхуейр. Ауэ Iуэхуракъэ, къуажэдэсхэм я гукъеуэр зыми зэхимых хуэдэщ…
- Тэрч щIыналъэм и щIы-пIэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Семэн Пщыкъан щIыналъэ хасэм и пщэрылъ къалэнхэр фIы дыдэу къехъулIэу къызэрилъытэр жиIащ, тхьэмадэхэм я лэжьыгъэр дяпэкIэ ирагъэфIэкIуэнымкIэ езыхэр сэбэп хъуну зэры- хьэзырри дыщIигъужащ. ЩIэблэр хэкупсэу, лъэпкъыпсэу гъэсэным и мыхьэнэр зэрылъагэр, ди нэхъыжьыфIхэм яхуэфэщэн щIэблэ диIэныр псоми я зэхуэдэ къалэну зэрыщытыр къыхигъэщащ абы и псалъэхэм. Унагъуэхэм щызекIуэ хабзэмрэ адэ-анэм я быным зэрепсалъэ бзэмрэ псом хуэмыдэу зэригъэгузавэр жиIащ Семэным.
- ЩIыналъэм хыхьэ хасэхэм я лэжьыгъэм нэIуасэ хуащIа иужь, псалъэ зрата ХьэфIыцIэ Мухьэмэд жиIащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и щIыналъэ къудамэхэм ящыщу зи лэжьыгъэр нэхъ ехъулIэу къезыхьэлIэм Джылахъстэнейр зэрыщытыр. Бзэр щIэблэм яIэщIэмыхунымкIэ, хабзэр хъумэнымкIэ, лъэпкъ Iэужьхэр егъэфIэкIуэнымкIэ хэкIыпIэхэмкIэ ядэгуэшащ ХьэфIыцIэр къызэхуэсахэм. Апхуэдэуи Къэбэрдей ха-сэм и лэжьыгъэм, абы япэ иригъэщ Iуэхугъуэхэми щы-гъуазэ ищIащ.
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд щIыналъэ библиотекэхэмрэ хасэ тхьэмадэхэмрэ яритащ «Черкесика» серием хыхьэу Хасэм иужьрей зэманым къыдигъэкIа тхылъхэр.
- Щомахуэ Залинэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.