ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Драматург цIэрыIуэ Акъсырэ Залымхъан къызэралъхурэ илъэси 100 ирокъу

2019-08-01

  • Гъуазджэм и цIыху
  • Дуней псом щыцIэрыIуэ урыс драматург Островский А. Н. папщIэ урыс тхакIуэшхуэ Гончаров И. А. жиIэгъауэ щытащ мыпхуэдэу: «Литературэм уэ ухуэупсащ библиотекэ псокIэ. Сценэм уэ къыхуэбгъэщIащ зыми емыщхь дуней телъыджэ. Уэ пхузэфIэкIащ Фонвизин, Грибоедов, Гоголь сымэ зи лъабжьэр ягъэтIылъа Театр унэр и кIэм нэбгъэсын. Ауэ уэ зы закъуэращ зи фIыщIэр дэ, урысхэм, ди лъэпкъ театр диIэ зэрыхъуар. Абы «Островскэм и театр» фIэщын зэрыхуейр хьэкъщ». Ардыдэр хужыпIэ хъунущ ди лъэпкъым къыхэкIа, дызэрыгушхуэ Акъсырэ Залымхъан. ПхуэмыIуэтэным хуэдизщ абы ди лъэпкъ гъуазджэм хуищIа хэлъхьэныгъэр.

  • АКЪСЫРЭ Залымхъан Алий и къуэр 1919 гъэм накъыгъэм и 15-м Жанхъуэтхьэблэ (Псыгуэнсу) къуажэжьым къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, ар щIэтIысхьащ Налшык дэт медицинэ училищэм, ауэ зы гъэ еджэгъуэ нэхъ дэмыкIауэ къыщIэкIыжри, зы илъэскIэ педучилищэм щеджащ. НатIэм къритхэр лъэм и гъуэгу мэхъу жыхуаIэу, щIалэщIэм и гур зыхуэпабгъэр нэгъуэщIти, ар щIэтIысхьащ Налшык къыщызэрагъэпэща театр студием, зыщIэхъуэпс артист IэщIагъэм зыхуигъэсэну. ИлъэсипщIым щIигъукIэ Залымхъан Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал драмэ театрым и адыгэ гупым джэгуакIуэу хэтащ. Театрым нэмыщI, абы нэгъуэщI IэнатIэхэми къулыкъу щигъэзэщIащ. Ар щытащ «Къэбэрдей пэж» газетым и литературэ лэжьакIуэу, «Ленин нур» шэрджэс газетым и корреспонденту, Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и мэкъумэш редакцэм и корреспонденту, музыкэ редакцэм и режиссеру. Сыт хуэдэ Iуэху пщэрылъ щамыщIами, Акъсырэм игурэ и псэрэ етауэ зэфIигъэкIащ. Псом я щхьэращи, дунейм тетыху Залымхъан зэи тхэныр IэщIыб ищIакъым. 1947 гъэм къыщыщIэдзауэ ар хэтащ СССР-м и ТхакIуэхэм я союзым.
  • 1940 — 1970 гъэхэм ди республикэм и тхакIуэхэм ящыщу пьесэ тхыным нэхъ хуэIэкIуэлъакIуэр Акъсырэ Залымхъант. Абы адыгэ лъэпкъым и тхыдэр ищIэрт, зэрыт зэманым декIурт, къэкIуэну лъэхъэнэм егупсысырт. ГъащIэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм нэ жанкIэ пхрыплъыф драматургыу зэрыщытам и щыхьэтщ абы и Iэдакъэ къыщIэкIа пьесэ хьэлэмэтхэр. Ахэр лъабжьэ зыхуэхъуа спектаклхэр Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и репертуарым и джэлэсу илъэс щэ ны- къуэм щIигъукIэ екIуэкIащ.
  • Лъэпкъ тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэ фIы дыдэу зыщIэ драматургым ар сыт щыгъуи и щIэгъэкъуэн лъэщт. Абы и щапхъэщ «Дахэнагъуэ», «Лашын», «Къызбрун», «ИстамбылакIуэ», «Iэдииху», «Андемыркъан», «Гуащэм и чэщанэ», «Щхьэхуеуэ пшынэ», «Хъымсад» пьесэхэр. Я цIэ къудеймкIэ абыхэм къуагъащIэ зытеухуар, къыщаIэт Iуэхугъуэхэр, гупсысэ нэхъыщхьэу къаIуатэхэр. Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадекIуэкIа таурыхъхэм, псысэхэм, хъыбарыжьхэм, Iуэтэжхэм, драматургием хуэIэижь тхакIуэм и фIыщIэкIэ литературэ фащэ дахэр ягъуэтри, театр утыкум къихьат.
  • Ди нобэрей зэманым и нэщэнэхэр зыхэплъагъуэ пьесэхэри иIэщ Акъсы- рэм. Апхуэдэхэщ «Гъавэ», «Дыгъэр къыщыщIэкIым», «Дахэлинэ и пщIыхьэпIэ», «ФIыгъуэрэ мыгъуэрэ», «Зэран хъуакъым», «Хэт зи ягъэр?», «КъэхутакIуэ», «МафIэм хисхьа лъагъуныгъэ», «Нысашэр жыг хадэм», нэгъуэщIхэри. Художественнэ къару лъэщкIэ гъэнщIат, адыгэ усыгъэ нэсым и жыпхъэм итт Акъсырэм и пьесэхэр.
  • Адыгэ драматургием и фIыпIэхэм ящыщщ «Дахэнагъуэ» пьесэр. СССР-м и ТхакIуэхэм я союзым и драмэ къудамэм и жэр-дэмкIэ ар урысыбзэкIэ зэридзэкIауэ щытащ усакIуэ Александр Пушкиным (сатырхэр урысыбзэкIэ зэзыдзэкIар КIэрашэ Темботт). 1948 гъэм «Дахэнагъуэр» урысыбзэкIэ дунейм къызэрытехьэу, Залымхъан и цIэр къэрал псом щыIуащ. Пьесэр апхуэдизкIэ цIэрыIуэ хъуати, лъэпкъ куэдым я бзэкIэ зэрадзэкIри я театрхэм щагъэуват. Ди хэкум къыщымынэу, «Дахэнагъуэр» щагъэуващ Инджылызым, Болгарием, нэгъуэщI хамэ къэрал зыбжанэм. Езы Акъсырэри и пьесэм и фIыгъэкIэ Горький Максим и цIэр зэрихьэу Москва дэт Литературэ институтым щIэтIысхьауэ щытащ.
  • Таурыхъымрэ шыпсэмрэ къигъэсэбэпурэ, Залымхъан итхащ пэжыр, цIыхугъэр, лIыгъэр зыгъафIэ, зыгъэдахэ, зыгъэлъапIэ пьесэ гъуэзэджэ. Адыгэ театрми нэгъуэщI утыкухэми «Дахэнагъуэр» щызылъэгъуауэ ар гуимыхуж зыщымыхъуа гъуэтыгъуейщ. Сэ япэ дыдэу ди лъэпкъ театрым си дэлъху Лъостэнбэч сыщишам, сызэплъауэ щытар «Дахэнагъуэрт». Псы Iэджэ ежэхащ абы лъандэрэ, ауэ нобэр къыздэсым си сабиигъуэм и таурыхъ лъахэу къэнащ а махуэ телъыджэр. Иджыпсту слъагъу хуэдэу къысщохъу Дахэнагъуэрэ Джэримэсрэ я ролхэр ягъэзащIэу Сибэч Быхуэрэ Токъуий Хъусенрэ утыкум зэритар. А тIур апхуэдизкIэ зэкIужт, дахэт, щэныфIэт, щыпкъэти, я теплъэмрэ я зыIыгъыкIэмрэ удамыхьэхынкIэ Iэмал иIэ-тэкъым.
  • Пьесэхэм къадэкIуэу, тхакIуэм и къалэмыпэм къыщIэкIащ нэгъуэщI тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэри. СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат КIэрашэ Тембот щIыгъуу Акъсырэ Залымхъан адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсынымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ икIи Къэбэрдей тхылъ тедзапIэм къыщыдигъэкIауэ щытащ адыгэ таурыхъхэр зэрыт тхылъ хьэлэмэтыр. Егъэлеяуэ цIэрыIуэу, цIыхубэ уэрэд хъужауэ, щIэх-щIэхыурэ радиокIэ къату щытащ абы и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр.
  • Акъсырэ Залымхъан къызэринэкIа гъуэгуанэм уриплъэжмэ, нэрылъагъу мэхъу ар гъащIэр зэдэхэщIа, игъэфIа цIыхуу зэрыщымытар. АтIэми, Залымхъан гузэрыдзэ ищIу зэи къэдзыхакъым. КъызыхэкIа лъэпкъым и пщIэмрэ и нэмысымрэ зыIыгъа адыгэлI нэсу дунейм тетащ, анэдэлъхубзэр усэ къару мыкIуэщIкIэ игъэбзэрабзэу. Ди лъэпкъ щэнхабзэм, театр гъуазджэм, литературэм заужьыным куэд хуэзылэжьа, Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Акъсырэ Залымхъан и цIэр дунейпсо тхакIуэ цIэрыIуэхэм ябгъэдэбгъэувэныр егъэлеяуэ къэплъытэ хъунукъым. Абы и щыхьэтщ Залымхъан и литературэ щIэиныр.
  • ЩАКIУЭ Марьянэ,
  • ЩоджэнцIыкIу Алий и музейм и унафэщI,
  • филологие щIэныгъэхэм я кандидат.
  •  
  • Лъэужьыншэ хъунукъым
  • Пасэу тхэн щIидзащ Акъсырэм. «1936 гъэм си зы усэ цIыкIу газетым къытехуэгъащ, — жиIэжырт Залымхъан. — Абы щыгъуэ илъэс пщыкIублым ситт. ИужькIи стхащ усэ зыбжанэ, уеблэмэ поэмэшхуэ гуэри».
  • ЗАУЭМ и пэкIэ абы и Iэдакъэ къыщIэкIыгъащ «Хьэмидрэ Казимрэ» драмэр. Езы тхакIуэм зэрызиумысыжымкIэ, ар драматургием пэжыжьэт, абыкIэ иIуэтэ-ну зыхэт гупсысэр езы дыдэм дежкIи IупщIтэкъым. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а пьесэр сценэм нэсакъым, и Iэрытхри зауэм и зэманым кIуэдащ. Абы кIэлъыкIуэу Акъсырэм етх «Гъавэм папщIэ» пьесэр. Бийхэм гъавэр ящызыгъэпщкIу, зэрыпхъуакIуэхэм бэнэныгъэ гуащIэ езыщIылIа цIыху лъэщхэм ятеухуат ар.
  • Акъсырэм драмэ талант гъуэзэджэ зэрыбгъэдэлъым япэ дыдэ щыхьэт техъуар «Дахэнагъуэщ». Зауэ нэужьым къызэфIэувэжа Къэбэрдей къэрал театрым япэ лъэбакъуэр зэричыжар а пьесэмкIэщ. Абы къытращIыкIа спектаклыр 1944 гъэм япэу ягъэлъэгъуауэ щытащ. «Дахэнагъуэ» тIэу-щэ щамыгъэлъэгъуа адыгэ къуажэ къинэжатэкъым ди республикэм. 1957 гъэ пщIондэ сценэм икIакъым «Дахэнагъуэр». А гъэм ар щагъэлъэгъуащ Москваи — Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъум и щIыхь- кIэ Къэбэрдей-Балъкъэр литературэмрэ гъуазджэмрэ я махуэхэр щекIуэкIам.
  • 1945 гъэм дунейм къытехьащ «Дыгъэр къыщыщIэкIым» пьесэр. Абы и ужькIэ, зы илъэс нэхъ дэмыкIыу, Акъсырэм итхащ «Лашын» драмэр. Драмэм лъабжьэ хуэхъуар тэтэр пелуаным текIуа адыгэ цIыхубзым — Лашын — и хъыбарырщ.
  • Тхыдэм и кIуэцIкIэ цIыхубэм нэхърэ нэхъ къаруушхуэ щыIэнкIэ зэрымыхъунур, абы и гъуэгуанэр бэнэныгъэ гуа- щIэм къызэрыкIуэцIрыкIыр, ар къэзыгъэдзыхэфын къулейсызыгъэ зэрыщымыIэр икъукIэ IупщIу къыщигъэлъэ- гъуащ Акъсырэм и «Къызбрун» пьесэм (1956 гъэ). Ар драматургым къызытрищIыкIар пцIы тралъхьэу лажьэ зимыIэ цIыхубз тхьэмыщкIэ гуэр Къызбрун бжьэпэ къызэрырадзыхыгъам и хъыбарырщ. Акъсырэм а хъыбарым зригъэубгъуащ, макъамэ щIригъэлъхьащ, тхыдэм ирипхащ. Пьесэм щытлъагъур цIыхубз насыпыншэм къыщыщIа лейм и закъуэкъым. Абы ди нэгу къыщIегъэхьэ цIыхубэм пасэм телъа хьэзабыр, а хьэ- забыр зытридзыным щIэбэну ар ижь-ижьыж лъандэрэ къызэрыгъуэгуры- кIуэр.
  • Адыгэхэм къатепсыхауэ щыта гукъутэгъуэшхуэм — адыгэ мин Iэджэм я хэкур хыфIрагъэдзауэ зэрыщытам — теухуащ «ИстамбылакIуэ» драмэр.
  • Акъсырэм и Iэдакъэ къыщIэкIащ нэгъуэщI пьесэ зыбжани: «Дахэлинэ и пщIыхьэпIэ», «ФIыгъуэрэ мыгъуэрэ», «МафIэм хисхьа лъагъуныгъэ», «Хэт зи ягъэр?», н. Абыхэм нэмыщI, драматургым итхащ зы теплъэгъуэ фIэкIа мыхъу пьесэ зыбжанэ, къуажэм и цIыхухэр, абыхэм я IуэхущIафэхэр, щIалэгъуалэм я гупсысэмрэ я псэукIэмрэ, я лэжьыгъэмрэ цIыхугъэмрэ — аращ абыхэм щытлъагъур.
  • ШЭЧ ХЭЛЪКЪЫМ Акъсырэ Залым-хъан и тхыгъэхэм «Дахэнагъуэ» пьесэр я фIыпIэу зэрыщытым. Абы нэхъ наIуэ къыщыхъуащ Акъсырэм и драматургием хэлъ хьэлэмэтагъхэр.
  • Дахэнагъуэ и таурыхъыр лIэщIыгъуэ кIыхь Iэджэм къызэпхрахащ адыгэхэм. Зыми ищIэркъым абы и ныбжьыр здынэсыр, апхуэдизкIэ ар жыжьэ къыщожьэри. Жыжьэ къыщежьэми, таурыхъ телъыджэр цIыхубэм я гум зэи ихуакъым. ИхункIи Iэмал иIакъым: ижь-ижьыж лъандэрэ щIозэу цIыхубэр насыпым, зы махуи дэкIакъым абы папщIэ цIыхубэр бэнэныгъэ гуащIэм хэмыту. Аращ Дахэнагъуэ и таурыхъыр — насыпым и тхыдэр — псэ быдэрэ уахътыншэрэ щIэхъуар. Насыпым щIэхъуэпс дэтхэнэми и гум щигъафIэрт ар. ЩигъафIэрт, цIыхубэр насыпыфIэ, щхьэхуит, лъэщ зэрыхъунур ищIэрти. Насыпым и лъыхъуакIуэ хахуэм — Джэримэс — дэплъейрт дэтхэнэ мэкъумэшыщIэ щIалэри, гуащIэрыпсэухэр зэрыгушхуэ бэнакIуэт ар.
  • Дахэнагъуэ и хъыбарыр ноби щызэхэпхынущ дэтхэнэ адыгэ унагъуэми. Зэгуэр абы щIапIыкIыу щытащ щIэблэр; а щIэблэр насыпым и бэнакIуэ хъункIэ гугъэрт а таурыхъыр махуэ къэс зыIуатэ, гукIэ зыхъумэ тхьэмадэ жьакIэхухэр. Апхуэдэ тхьэмадэхэм ящыщ гуэрым дежщ Дахэнагъуэ и хъыбар телъыджэр Акъсырэ Залымхъан щызэхихар.
  • Драматургым игу къигъэкIыжырт: «Таурыхъым апхуэдизкIэ ситхьэкъуати, зэрызэхэсха дыдэм хуэдэу поэмэ къыхэсщIыкIыгъащ. Иужьым сэ гу лъыстэжащ Дахэнагъуэрэ Джэримэсрэ сценэм щыгъэлъэгъуэн зэрыхуейм: цIыхубэм и пащхьэм къихьэн хуейт насыпымрэ абы и лъыхъуакIуэмрэ».
  • 1942 гъэм Залымхъан итхат «Дахэнагъуэ» пьесэм и япэ вариантыр. Ауэ иужь-кIэ мызэ-мытIэу зэригъэзэхуэжын хуей хъуащ: пьесэм и япэ вариантым насыпым и лъыхъуакIуэ щIалэм — Джэримэс — и образыр нэщIыса щыхъуатэкъым. 1956 гъэм драматургым щIэрыщIэу итхыжащ «Дахэнагъуэм» и кIэухыр. Абы и ужькIэ Джэримэс ди пащхьэ къиуващ цIыхубэм папщIэ гъащIэр зытыфын бэнакIуэ къызэфIэмыщIэжу.
  • ЦIыхубэм и гуращэр зэрыдахэр, абы и хъуэпсапIэр зэрынэхур, насыпым щIэбэн зэпыту ар къызэрыгъуэгурыкIуар зыхозыгъащIэ образщ Дахэнагъуэ. Апхуэдэущ ар Акъсырэм и драмэми зэрыщытлъагъур.
  •  ЗАЛЫМХЪАН и драмэм и бзэр шэры-уэщ, псалъэ жанхэмкIэ гъэнщIащ; абы гъунэжу ущрохьэлIэ псалъэжьхэм, псалъэ хъуэрхэм, щIагъыбзэхэм. Гу лъытэн хуейщ дэтхэнэ персонажми езым и псэлъафэ зэриIэжым. Псалъэм папщIэ, Джэ-римэс и бзэр гъэхуащ, къабзэщ, лан- тIэщ, IупщIщ. ЛIыхъужьым и гурылъыр иIуэтэн шынэркъым, аращ и бзэри щIэшэрыуэр.
  • «Дахэнагъуэ» драмэр Къэбэрдей драматургием и фIыпIэхэм хабжэ; тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэ лъабжьэ хуэхъуами, ар гупсысэкIэ нобэрей махуэм и благъэ дыдэщ. Аращ Акъсырэм и драмэ гъуэзэджэр лъэужьыншэ щIэмыхъунур.
  • КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид,
  • КъБР-м щэнхабзэмкIэ  щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
  •  
  • Дэфтэрхэм къаIуатэ
  • ЦIыхухэр зыщыгуфIыкIа тхыгъэ хьэлэмэт куэд Акъсырэ Залымхъан и къалэмым къыщIэкIащ. Ахэр адыгэ щэнхабзэм и дыщэ гъэтIылъыгъэщ, ди лъэпкъ литерэтурэмрэ гъуазджэмрэ ипэкIэ зыгъэбэкъуа, зезыгъэужьа лэжьыгъэшхуэщ.
  •  
  • Щынахъуэ Мэржан Дахэнагъуэу мэджэгу. 1946 гъэ

  • ДИ КЪЭРАЛ архивым 2005 гъэм къыIэрыхьащ Акъсырэм и гъащIэм, и лэжьыгъэм теухуа тхылъымпIэу 100-м щIигъу. Абыхэм хэлъщ драматургым и «Дахэнагъуэ», «Сабий джанэ» поэмэхэр, «Iэдииху», «Iей мыхъу фIы хъужрэ», «Гъуэгу махуэ!» пьесэхэр, «Мадинэрэ Маринэрэ ныжэбэ яшэ» макъамэ комедиер, «Лолэрэ ТIалэ-рэ» уэрэдыр, Геккиев Мухьэмэт балъкъэрыбзэкIэ зэридзэкIа «Дахэнагъуэ» поэмэр, Акъсырэм и тхыгъэхэр зытет газетхэмрэ журналхэмрэ, нэгъуэщIхэри. Фондым къызэщIеубыдэ Пэрэныкъуэ Мурат, КъардэнгъущI Зырамыку, КIэрашэ Тембот, Балъкъэр Фоусэт, Тхьэгъэзит Зубер сымэ, нэгъуэщIхэми Акъсырэм тыгъэ хуащIа тхылъхэр, абыхэм къабгъэдэкI псалъэ гуапэхэр тету.
  • «Акъсырэм и дэфтэрхэр» Iыхьэм хохьэ тхакIуэм и IэкIэ итхыжа биографиер, и военнэ билетыр, Дохъущыкъуей къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщIу Акъсырэр зэрагъэувамкIэ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым Iэ зыщIидза унафэр, Акъсырэм и IэдакъэщIэкIхэр къыдагъэкIыным зэрыщIэлъэIу тхыгъэхэр, абыхэм япкъ иткIэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэхэр, «Iэдииху», «Дахэнагъуэ» «Андемыркъан» пьесэхэмкIэ ягъэува спектаклхэм я афишэхэр, нэгъуэщIхэри.
  • Акъсырэ Залымхъан фIыуэ ялъагъуу, адыгэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хилъхьа и гуащIэм пщIэшхуэ хуащIу зэрыщытар къагъэлъагъуэ абы и ныбжьыр илъэс 50, 60, 70 щрикъухэм ирихьэлIэу къыхуагъэхьа хъуэхъу тхыгъэу фондым хэлъхэм.
  • Апхуэдэуи ди IуэхущIапIэм щыдохъумэ Акъсырэм и гъащIэм, и гуащIэм теухуауэ газетхэм, журналхэм, тхылъхэм абы и ныбжьэгъухэм, тхакIуэхэм традза тхыгъэ куэд, и Iыхьлыхэм я документхэр, сурэт зэмылIэужьыгъуэхэр.
  • КъБАССР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мыд Хьэжмусэ архивым щыIэ и фондым хэлъщ 1946 гъэм режиссёр Щхьэгъэпсо Мухьэмэд Къэбэрдей къэрал дра-мэ театрым щигъэува «Дахэнагъуэ» макъамэ таурыхъым и программэр, абы щыджэгуа артистхэм я сурэт тIощIрэ плIырэ. Абыхэм ящыщщ япэ дыдэу Дахэнагъуэу джэгуа Щынахъуэ Мэржан и сурэтыр.
  • Акъсырэм и «Дахэнагъуэ» пьесэр Москва дэт «Искусство» тхылъ тедзапIэм урысыбзэкIэ 1948 гъэм къыщыдэкIауэ щытащ. Абы щыгуфIыкIахэм Мыд Хьэжмусэ зэращыщым щыхьэт тохъуэ и фондым хэлъ письмор. «Ленинград къыщысщэхуащ уи «Дахэнагъуэ» пьесэр, — къыхуитхырт абы Акъсырэм. — Мыбы дэт щэнхабзэ центрхэм ящыщ зыми абы щытепсэлъыхьащ. Тхылъ щапIэм щIэлъу, сыщылажьэ Театр институтым тхылъы-щIэ къыдэкIахэр щагъэлъагъуэ дапхъэм телъу щыслъэгъуам сэ сызэрыгуфIар пхужымыIэным хуэдизщ. ТхылъыщIэхэр къызытралъхьа дапхъэм си цIыхугъэхэр бгъэдэсшэурэ ар езгъэлъагъурт, «мыр ди пьесэщ» яжесIэурэ, зызгъэщIагъуэрт. Уи нэгу къыпхущIэгъэхьэрэ ди адыгэ лъэпкъым къыхэкIа уэ уи IэдакъэщIэкIым урыс цIыхубэм деж пщIэ зэрыщигъуэтар?! Гоголь, Островский, Толстой, Чехов, Горький, Маяковский сымэ зэрытха бзэмкIэ тхыгъэр къызэрыдэкIам щыгуфIыкIыр уи закъуэкъым, ар ди лъэпкъыр зыгъэин Iуэхугъуэщ, псоми ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъужщ!»
  • Залымхъан и пьесэ пщыкIуплIым къытращIыкIа спектаклхэр Къэбэрдей къэрал драмэ театрми, нэгъуэщIхэми щагъэуващ. Республикэм и театр гъуазджэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэфI зэрыхуищIар къалъытэу, 1967 гъэм Акъсырэм къыфIащащ «Къэ- бэрдей-Балъкъэрым гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр (фондым хэлъщ абы щыхьэт техъуэ тхылъымпIэр). 1957 гъэм абы къыхуагъэфэщащ «ЩIыхь Дамыгъэ» орденыр, «За доблестный труд в Великой Отечественной войне 1941 — 1945 гг.», «За трудовую доблесть» (1946) медалхэр.
  • КЪУМЫКЪУ Людмилэ,
  • КъБР-м и Къэрал архивым
  • дэфтэрхэр къэгъэсэбэпынымкIэ и къудамэм и унафэщIу щыта.
  •  
  • АдыгэлI щэджащэ
  • «ЦIыхум и уасэр и лэжьыгъэрщ», — жаIащ ди япэ ита лIы Iущхэм. Дунейм ущытетым пхузэфIэкIа лэжьыгъэфIхэрщ уи фэеплъу къэнэнур. IэужьыфI уи щIэблэм къыхузэбнэкIамэ, абы фIыкIэ игу укъэкIыжынщ, «къытхуэлэжьат» жаIэнщи, ахъумэ «пIастэгъэф уафэгъэлъагъуэу» дунейм утетамэ, улIэжкIэ зыми укъыфIэIуэхунукъым.
  •  
  • ЛЪЭПКЪЫМ къыхэкIа цIыху щэджащэхэр дунейм ехы-жа нэужь, абы къыщIэна лэжьыгъэшхуэм и щIэблэр щIимыпIыкIмэ, абыкIэ гъэсэныгъэ иримытмэ, блэкIар ардыдэмкIи зыщигъэгъупщэжмэ, ар лъэпкъ узыншэ хъункIэ Iэмал иIэкъым, абы щыгъуэ лъэпкъым и къэкIуэнур щIагъуэкъым. Дэ нобэ Акъсырэ Залымхъан фIыкIэ дигу къыщIэкIыжын лэжьыгъэшхуэ щIэблэм къыхузэринэкIащ. Абы и тхыгъэхэр еджапIэхэм щадж, радиокIэ, телевиденэкIэ къат. «Дахэнагъуэ» пьесэм къытращIыкIа спектаклыр илъэс 50-м щIигъуауэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и утыкум итщ.
  • Акъсырэ Залымхъан Алий и къуэм и ныбжьыр илъэс 76-м иту 1995 гъэм мэкъуауэгъуэм и 19-м дунейм ехыжащ. А лIы щэджащэм и цIэр зэи адыгэ лъэпкъ щэнхабзэм, драматургием фагъуэ щыхъунукъым.
  • КЪАРДЭНГЪУЩI Зырамыку,
  • КъБР-м и цIыхубэ артист, тхакIуэ. 1999 гъэ
  •  
  • Апхуэдэхэр зырызщ
  • Адэ ижь-ижьыж лъэхъэнэ жыжьэм къыщежьауэ мифологием и хабзэм тету псыхьа адыгэ хъыбарыжьхэм драмэ къытепщIыкIыфыныр зыхузэфIэкIынкIэ хъунур зырызыххэт. Ар пхузэфIэкIын папщIэ гениеу ущытыныр зи хуэIуакъым.
  •  
  • «ДАУИ, псалъэм и художник нэгъэсам и Iэзагъ уиIэн хуейт, — щитхыгъауэ щытащ Либединский Юрий «Искусство» тхылъ тедзапIэм 1957 гъэм къыщыдэкIауэ щыта «Советская кабардинская драматургия» тхылъым и пэублэ псалъэм, — лъэпкъ эпосым и хъыбарыжь дыдэр, уафэр щымыджэмыпцIэу щIы-лъэр щызэпцIагъащIэм къыщежьэу ди нобэм къахьэсыфа мифыр, драмэ сюжетым къибгъэтIасэу, ибгъэзагъэу апхуэдэу усэбзэ жанкIэ, усэ лъэщкIэ къэпIуэтэжын, мы таурыхъ дахэр лъагэу зыIэтыфын хуэдэ дамэ тету птхын папщIэ».
  • Либединскэм зи гугъу ищIыр Акъсырэ Залымхъан и «Дахэнагъуэ» пьесэрт. Ауэ мыбы хужиIа псалъэхэр, зыкIи укъыхэмыщтыкIыу, IуэрыIуатэм щыщ «Щхьэхуеуэ пшынэ» зыфIища драмэ поэмэм хуэпхь хъунущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зытеухуакIи къаIуатэ гупсысэкIи зэгъунэгъущи. ТIури зытеухуар цIыху- бэр насыпыфIэ щIынырщ.
  • Адыгэ литературэм зэпымычу зиужьын, лъэныкъуэ псомкIи зиубгъун, лъагэу зиIэтын папщIэ зи нэIэ къыттезыгъэту щыта урыс тха-кIуэ Либединскэр «Дахэнагъуэ»-м зэрытха бзэмкIэ емыджарэ пэт, гу лъитащ ар зи IэдакъэщIэкIым усыгъэ и лъэныкъуэкIэ Iэзагъышхуэ зэрыбгъэдэлъам. «Дахэнагъуэ» пьесэми, ар зытхами, спектаклу зыгъэувами икъукIэ щытхъушхуэ къахьащ. Абы ди литературэр зи нэIуасэ псори фIыуэ щыгъуазэщи, къытедгъэзэжынкъым. Сэ къыслъысу 1965 гъэм ди щIэныгъэ къэхутакIуэ институтым къыдигъэкIа «Къэбэрдей литературэм и тхыдэм теухуа очеркхэр» тхылъым ихуауэ щыта «Къэбэрдей драматургиер Хэку зауэшхуэм иужькIэ» (1945 — 1962 гъгъ.)тхыгъэм зэрысхузэфIэкIкIэ Акъсырэ Залымхъан сыщытепсэлъыхьащ.
  • Гугъут, икъукIэ гугъут лъабжьэфIрэ узыщыгугъ хъун гъэтIылъыгъэрэ уимыIэу упсэуну, уи бын, уи щхьэ упIыжыну, цIыхум уахэтыну. Мис апхуэдэ гугъуехьым псэухукIэ бгъэдэтащ Акъсырэ Залымхъан. Мис аращ абы щIэныгъэм, еджэным и насып щIыхэмылъар, Горькэм и цIэр зэрихьэу Мэзкуу дэт Литературэ институтым къыщызэрагъэпэщу щыта курсхэм пIалъэ кIэщIкIэ зэрыщIэсар хыумыбжэмэ. Зи гугъу сщIы еджапIэ нэ-хъыщхьэр зи жэрдэмкIэ къызэIуаха, абы и япэ ректору щыта усакIуэ-щIэныгъэлI Брюсов Валерий и жыIауэ, ухуеджэ къудейкIэ тхакIуэ е усакIуэ ухъунукъым, къыбдалъхуауэ пхэмылъмэ. Ар, шэч зыхэмылъыжрауэ, хэт и дежкIи хьэкъыу си гугъэщ. Акъсырэ Залымхъан къыдалъхуауэ зэчий IупщI иIэти, езым и гурыгъуазэкIэ гъащIэм деж щеджэ зэпытт. Горький Максим ещхьу, Залымхъан зыщеджари къиухари гъащIэ университетырщ. Зыхалъхуа адыгэ лъэпкъым и тхыдэр ищIэрт, зэрыт зэманым декIурт, къэкIуэну лъэхъэнэм егупсысырт.
  • СымыщIэрэ сызыщымыгъуазэрэ стхыркъым. Ар шэч къызытепхьэ мыхъун пэжщи, фи фIэщ фщIымэ си гуапэщ. Аращи, сэ Залымхъан си ныбжьэгъуащ схужыIэнукъым. ФIыуэ дызэнэIуасэт, ди псэр зы чысэм илъу дызэдэлажьэрт, ди литературэмрэ ди театрымрэ фIыуэ тлъагъурт. Абы теухуауэ жэщи махуи дыпсэлъэфынут.
  • Залымхъан жьэнахуэт, цIыху щыпкъэт, щабэт. Дахэр фIыуэ илъагъурт.
  • Арауи къыщIэкIынущ насыпым и образыр зэм набдзэ зытелъым я нэхъ дахэу, уеплъынкIэ уи нэр щыджылу, утеплъамэ — хьэщыкъ ухуэхъурэ уитхьэкъуу пщащэ тхьэIухуду щIыдигъэлъагъур, зэми, Ашэмэз и бжьамий кIэхум епщам хуэдэу, дунейр щхъуэкIэплъыкIэм зэщIищтауэ щIым пэрыхьэту фIыгъуэр щызыIэт Щхьэхуеуэ пшынэ гъащIэр дахэ хъуным хуэпабгъэ лIыхъужь образу ди нэгу къыщIыщIигъэхьэр.
  • Дэ, адыгэхэм, лъэпкъ хьэл мыхъумыщIэ дыдэу тхэлъхэм ящыщ зыщ зэчий зыбгъэдэлъ цIыхум псэуху хуэфащэ пщIэ зэрыхуэдмыщIыр. Ар къызыхэкIыр, си гугъэмкIэ, фыгъуэ-ижэ зыхэлъ цIыху куэд творческэ лэжьакIуэхэм зэрахэтырщ. Мис апхуэдэу, псалъэм папщIэ, гулъытэ лъэпкъ хуамыщIу я гъащIэр мыгъуэу ирырагъэхьэкIащ КIуащ БетIалрэ Акъсырэ Залымхъанрэ.
  • Сыт иджы абыхэм фIы яхужыпIэжкIэ и мыхьэнэр? ЦIыхухэм ящIэн хуей къудейуэ арщ къэнэжыр.
  • КIУРАШЫН БетIал,
  • тхакIуэ, критик.
  • 1999 гъэ
  •