ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Псапэ щIэным  зеубгъу

2019-07-13

  • УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Матовников Александррэ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ «Кавказ Ищхъэрэм фIы щылэжьын» зыфIаща щIыналъэ форумым и лэжьыгъэм хэтащ.

  • КИФЩI-м хыхьэ хэгъэгухэм я волонтёрхэу 250-м нэблагъэ зыхэта зэхуэсышхуэр щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ хэщIапIэм.
  • ЛIыщхьэхэм япэщIыкIэ щыгъуазэ зыхуащIащ езыхэм яфIэфIу IуэхуфI зылэжьхэм я зэщIэхъееныгъэм, зэрыщыту къатщтэмэ, УФ-м зэрызыщиужьым, апхуэдэуи, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм, абы хыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэ- рым псапащIэ Iуэхухэм нэхъри зыщаубгъунымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ зыхуэдэм, апхуэдэуи еплъащ зэIущIэм къыхузэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэм.
  • — Фызэрыщыгъуазэщи, нэгъабэ КИФЩI-м щыдгъэлъэпIащ Кавказ Ищхъэрэр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къызэрыIэщIагъэкIыжрэ илъэс 75-рэ зэрырикъуар. ДызыхуэкIуэ илъэсым ди мурадщ а зэпэщIэувэныгъэ гуащIэр ди ТекIуэныгъэмкIэ зэриухрэ илъэс 75-рэ зэрырикъур, къэралми хуэдэу, КИФЩI-м хыхьэ хэгъэгу псоми Iэтауэ щыдгъэлъэпIэну. Согугъэ, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу дэтхэнэри а Iуэхум жыджэру хэтыну, — къыхигъэщащ Матовников Александр, журналистхэм къыщыдэпсалъэм.
  • Гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIа-хэм КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек мыпхуэдэ упщIэкIэ зыхуагъэзащ:
  • — «Фэеплъымрэ щIыхьымрэ я илъэс» зыфIащу, 2020 гъэм ирагъэкIуэкIыну тхыдэ Iуэхугъуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрызыщыхуагъэзырымрэ езыхэм яфIэфIу IуэхуфI зылэжьхэм я зэщIэхъееныгъэм зэрызыщиубгъумрэ ехьэлIауэ сыт къыджепIэфын? — жаIэри.
  • — Ди республикэм мы зэманым волонтёрхэм я бжыгъэр мини 8-м щынэблэгъащ. Абыхэм я IуэхущIафэхэр унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэм яхуэгъэзащ. Дэ къызэрытлъытэмкIэ, а лэжьыгъэр нэ- хъ- ри ефIэкIуа хъунымкIэ щхьэпэщ, мы махуэхэм мыбдежым щызэхэтша, КИФЩI-м и блогерхэр зэзышэлIэж хэгъэгу зэхуаку гупри. Шэч хэмылъу, абы хагъэхьахэми къахэкIынущ Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 75-рэ щрикъуну махуэхэр, зэрахуэфащэу, гъэлъэпIа хъуным зи гуащIэ хэзылъхьэнухэри.
  • АдэкIэ хьэщIэхэри бысымхэри хэщIапIэм и щIыбагъкIэ щыIэ зэхуэсыпIэ Iэхуитлъэхуитым кIуащ. Уэздыгъей уардэу уафэм худэплъейхэм къаухъуреихьа концерт гъэлъэгъуапIэр тIысыпIэ зыкъизыххэмкIэ гъэщIэрэщIат, нэгъуэщI зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIи къызэгъэпэщат. Утыку зэIухам, къытригъэзэжурэ уэшхым къыщызыпхидзым, щызэIущIэжахэр апхуэдизу нэжэгужагъэм зэщIищтати, уащыхэплъэкIэ уащымыгуфIыкIын плъэкIынутэкъым.
  • Зэхыхьэм лIыщхьэхэр чэзу-чэзукIэрэ къыщыпсэлъащ.
  • — «Мэшыкъуэ» форумым илъэс зыбжанэ хъуауэ щызэхуэс щIалэгъуалэм ящыщ куэдым мыбдежым сыщыфIущIэжащи, абы нэхъри срогуфIэ, — къыхигъэщащ Матовников Александр. — Езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ IуэхуфI зылэжьхэм я зэщIэхъееныгъэм нэхъ псынщIэу зыщиубгъу щIыналъэщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр. Абы и щыхьэтщ щыгъуазэ дызыхуэфщIа гъэлъэгъуэныгъэри, нэгъуэщI абы хуэдэ Iуэхугъуэу нобэ дызрихьэлIахэри. 2018 гъэр езыхэм я фIэфIыныгъэ-кIэ IуэхуфI зылэжьхэм я зэщIэхъееныгъэм и илъэсу къалъытами, а Iуэхум, дызэрыщыгъуазэщи, абы ипэжкIи щIидзащ. Властым во- лонтёрхэм я IуэхущIафэхэр ядиIыгъыу, уеблэмэ, сыт и лъэныкъуэкIи щIэгъэкъуэн яхуэхъуу зэрыщытыпхъэр къилъытэри, федеральнэ центрым щIыналъэ псоми къыщызэригъэпэщащ езыхэм яфIэфIу IуэхуфI зылэжьхэм ядызекIуэнымкIэ зэзыгъэуIу центрхэр, дэтхэнэми а унэтIыныгъэм хэзыщIыкI, абы хуагъэхьэзыра цIыху зыбжанэ егъэщIылIауэ. ЖыпIэ хъунущ, гъащIэм къигъэув къалэнхэр жыджэ- ру зэфIэхыным яужь ит, псоми гу ялъызытэ цIыху гуащIафIэхэм но- бэ мыбдежым дащыхуэзауэ. Властым и дэтхэнэ IэнатIэри, экономикэм, хьэрычэтым пыщIа сыт хуэдэ IуэхущIапIэри хуабжьу хуэныкъуэщ щхьэх зымыщIэ, пщэрылъ къыщащIахэр и чэзум зэригъэзэщIэным акъыл жанкIэ бгъэдыхьэ цIыхухэм. Къыхэгъэщыпхъэщ, волонтёрхэм я бжыгъэр ди къэралым мы зэма-ным мелуан 14-м зэрыщынэблэгъари. Ар, зэрыфщIэщи, УФ-м цIыхуу исым я проценти 10-м ноблагъэ. КъимыдэкIэ, Кавказым мыхьэнэшхуэ щызиIэ унэтIыныгъэхэм ящыщщ экологием ехьэлIахэри цIыхухэм я узыншагъэр хъумэным хуэгъэзахэри. Аращи, фыкъыхудоджэ, фи IуэхущIафэ дахэхэм-кIэ къыдэфхьэхыу, фи сатырхэм цIыху нэхъыбэ къызэрыхэфшэным фыхущIэкъуну.
  • — Мыбдежым къыщызэхуэсахэм, хьэщIэхэми ди республикэм щыщхэми, псоми, сынывохъуэхъу мы иджырей ди зэхыхьэм фIы къыфхудэкIуэну, — жиIащ КIуэкIуэ Казбек. — Сыт зищIысыр сэркIэ мыбдежым къыщызэхуэса фщыщ дэтхэнэри? ЖысIэну сызыхуейр аращи, фэ, псори, фIым фриджакIуэщ, псапэ зыпылъ Iуэхухэр лэжьыным гукIи псэкIи еувэлIауэ. Сыт хуэдэ IэнатIэ фыпэрымытами, гуапагъэ хэлъу абдежым щывгъэзащIэ IуэхущIафэхэм фэ езыхэр фригуфIэжрэ къапэкIуэну берычэтым, фIыгъуэм фи деж нигъэзэжыну сыфхуохъуахъуэ! Властым щыщхэм къабгъэдэкIыу мыри зэхывэзгъэхынут: фи лэжьыгъэм ехьэлIауэ сыт хуэдэ жэрдэм къыхэвмылъхьами къывдэтщтэнущ, вдэтIыгъынущ.
  • ЗэIущIэм къыщызэхуэса волонтёрхэм упщIэ зыбжанэкIэ лIыщхьэхэм зыхуагъэзащ. Ахэр теухуат езыхэм яфIэфIу IуэхуфI зылэжьхэм я зэщIэхъееныгъэм нэхъри зиужьынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэр зыхуэдэм, нэгъуэщIхэми.
  • ЕтIуанэ Iуэхугъуэу лIыщхьэхэр кIуащ Тегенекли къуажэм къыщызэрагъэпэща, «Iуащхьэмахуэ-19» зыфIаща хэщIапIэм. Ар Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я зэпыщIэныгъэр гъэбыдэным хуэгъэпса, а хэгъэгуитIым социально-экономикэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ я ехъулIэныгъэхэр зыхуэдэр щагъэлъагъуэ утыкухэм ящыщ зыщ. Абы мы зэманым щыIэщ зи ныбжьыр илъэс 15-м къыщыщIэдзауэ 18-м нэс зи ныбжь щIалэ, пщащэ 100-м нэблагъэ.
  • Тхыгъэри сурэтхэри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.