ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ислъамым и нур

2019-06-29

  • Уаз
  • Хьэж щIыным ехьэлIа  Iуэхугъуэхэр
  • Хьэж щащI мазэр къызэрыблагъэм ипкъ иткIэ, ар къызыхуэтыншэу гъэзэщIа хъун папщIэ, а къалэным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр фигу къэдгъэкIыжынщ.

  • Хьэж зыщIыну къызытехуэхэр
  • И гъащIэм къриубыдэу зэ нэхъ мыхъуми хьэж ищIыну и къалэнщ:
  1. муслъымэным;
  2. балигъым;
  3. акъылкIэ узыншэм;
  4. щхьэхуитым;
  5. зи гъуэгуанэр шынагъуэншэу щытым;
  6. мылъку зиIэм.
  • Хьэж зыщIыну къызытехуэм абы хухихын мылъку бгъэдэлъу, ауэ езыр хьэжыщI кIуэну Iэмал имыIэмэ, псалъэм и хьэтыркIэ, ныкъуэдыкъуэу е сымаджэу, къарууншэу щытмэ, апхуэдэм и мылъкур ириту и пIэкIэ нэгъуэщIым хьэж иригъэщI хъунущ, ауэ щыхъукIи, хьэж зригъэщIыну цIыхум езым нэхъ пасэу хьэж ищIауэ щытын хуейщ.
  • ЦIыхубзыр и закъуэ ежьэ хъунукъым, абы и гъусэн хуейщ мэхьрэм. МэхьрэмкIэ зэджэр цIыхубзым щIыгъуну хуит цIыхухъуращ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, и щхьэгъусэр, и къуэр, и адэр, и анэкъилъху дэлъху хуэдэхэращ. Ауэ апхуэдэ имыгъусэмэ, цIыхубз гупым яхэту ежьэми хъунущ.
  •  
  • Хьэжыр къабыл хъун папщIэ
  • Хьэжыр къабыл хъун папщIэ мы къалэнитхур Iэмал имыIэу гъэзэщIапхъэщ:
  1. Ихьрам фащэр щыщыптIагъэм и деж нет тыныр (нет жыхуэтIэр мурадыр, гухэлъырщ);
  2. Зуль-хьиджэ мазэм и ебгъуанэ махуэм Хьэрэфат щIыпIэм ущыIэныр;
  3. Кэхьбэм и хъуреягъыр къэкIухьыныр;
  4. Ас-Сафэ Iуащхьэмрэ аль-Марвэ Iуащхьэмрэ я зэхуакум къыщыкIухьыныр;
  5. Щхьэцыр е упсын е щIэщэн (щхьэц налъищ нэхъ мыхъуми техыпхъэщ).
  6. ЗэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу хьэжым ехьэлIа Iуэхугъуэхэр гъэзэщIэныр.
  • КъищынэмыщIауэ, хьэжым ехьэлIауэ «уаджиб» щыIэщ. «Уаджиб» жиIэмэ, къалэн жиIэу аращ. Уаджибыр гъэзэщIапхъэщ, ауэ абы щыщу языхэзыр ямыгъэзащIэ щхьэкIэ хьэжыр къутэркъым, ауэ а блигъэкIа уаджибхэр къызэрыхуэгъун мылъку щхьэщытыкIын хуейщ (хьэж щищI зэманым къриубыдэу).
  • Зуль-хьиджэ мазэм и ебланэ махуэм «Аль-Хьэрам» мэжджытым уаз щат, хьэжым ехьэлIа Iуэхугъуэ псори щызэпкърах. Еянэ махуэм, зрикъун псы къыздащтэри, Хьэрэфат Iуащхьэм макIуэхэр (а Iуащхьэр километр 25-кIэ Мэчэм пэжыжьэщ). ХьэжыщI кIуахэр еянэ жэщым щегъэжьауэ ебгъуанэ пщIондэ Минэ Iуащхьэм щыIэщ. Ебгъуанэ махуэм Хьэрэфат Iуащхьэм къалэныр щагъэзащIэ. Зуль-хьиджэ мазэм и епщIанэ махуэм, пщэдджыжьым жьыуэ нэмэзыр ящIа нэужь, Минэм ягъэзэжри, абдежми къалэным щыпащэ, — мывэ цIыкIуиблыр ядз. АдэкIэ, зуль-хьиджэ мазэм и епщIанэ махуэр муслъымэн псоми ди зэхуэдэ Къурмэн махуэ лъапIэращи, абдежым къурмэныр щаукI.
  • Щапхъэ
  • Дызэрыгушхуэ Цей Джэудэт
  • Зи щIэныгъэкIэ, зи гупсысэкIэкIэ, зи IущыгъэкIэ дуней псом щыцIэрыIуэ адыгэхэр дызэрыгушхуэхэм ящыщщ. Насыпщ апхуэдэ цIыху щэджащэ уи лъэпкъым къыхэкIыныр.
  •  
  • Джэудэт Сэхьид Сирием щыщ Бирхьэджэм къуажэм 1931 гъэм къыщалъхуащ. Мысырым и къалащхьэ Каир дэт «Аль-Азхар» университетыр къиухащ. Ауэ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзгъэгъуэтащ жиIэу, и еджэныр абдеж щиухакъым, атIэ ислъамыр нэхъри куууэ иджын мурадкIэ илъэс куэдкIэ щIыпIэ зэхуэмыдэхэм щеджащ. Уеблэмэ нобэр къыздэсми и щIэныгъэм хигъахъуэу жыпIэ хъунущ. ЩIэныгъэлI цIэрыIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIащ тхылъ щхьэпэ куэд. Абы и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэри и гъащIэ псор тыхь зыхуищIари ислъам диныр зэрыкъабзэм хуэдэу, щымыщ хэмылъу, цIыхубэм я деж нигъэсынырщ.
  • Джэудэт Сэхьид мылъкуми былымми дихьэхакъым. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъхэмрэ статьяхэмрэ бзэ зэхуэмыдэ куэдкIэ зэдзэкIауэ дунейм къытехьащ.
  • Сыт хуэдэ упщIэми и жэуапыр КъурIэн IэятхэмкIэ е хьэдискIэ къущитыр нэхъыбэщ абы. «ЦIыхум, унагъуэм, къэралым фIы и лъэныкъуэкIэ захъуэжын папщIэ сыт лэжьын хуейр?» упщIэмкIэ зыщыхуагъэзам, КъурIэным щыщ мы IэятымкIэщ жэуап зэраритар: «Шэч хэлъкъым, цIыхум езым зимыхъуэжауэ, и щытыкIэми зэхъуэкIыныгъэ зэримыгъуэтынум».
  • Езы Джэудэт и хьэл-щэным утепсэлъыхьмэ, си насыпым кърихьэкIри, илъэс зыбжанэкIэ и дерсхэми седэIуэну, я унагъуэ дахэми сахэсыну Iэмал сиIащи, жысIэфынущ ар зэрыцIыху щабэр, гуапэр, «сыщIэныгъэлIщ» жиIэу и щхьэр зэи зэримыIэтыр. КъыщинэмыщIауэ, дэтхэнэ зы цIыхуми и ныбжьым, и акъылым къиубыдым хуэфащэу жэуап зэхэщIыкIыгъуэ иретыф, нэгъуэщIу жыпIэмэ, щIэныгъэлIхэмрэ цIыху къызэрыгуэкIхэмрэ зэрепсалъэр зэхуэдэкъым. АбыкIэ жысIэну сызыхуейращ: дэтхэнэ зы цIыхум и ныбжьми и гупсысэкIэми йохьэф щIэныгъэлI цIэрыIуэр. Джэудэт къыщамыцIыхурэ пщIэ къыщыхуамыщIрэ зы муслъымэн къэрали щыIэу къыщIэкIынкъым.
  • Абы къыхуащI пщIэм и щыхьэту куэдрэ сигу къокIыж Сирием сыщыщеджам щыщ теплъэгъуэ. ДызыщIэс ислъам институтыр егъэлеяуэ ткIийуэ щытащ сыт и лъэныкъуэкIи. ЕгъэджакIуэхэр димыгъусэу зы лъэбакъуи дагъэчыртэкъым. Дыщыпсэу общежитым и пщIантIэм хэлъ бжэ закъуэр IункIыбзэкIэ гъэбыдауэ, IункIыбзэIухыр езы егъэджакIуэхэм фIэкIа нэгъуэщIхэм зыми ямыIыгъыу, егъэджакIуэхэри зэблэкIыу ди гъусэу абы дыщыпсэууэ арат. Дыщеджэ институтымрэ дыщыпсэу общежитымрэ зэгъунэгъут. ЕджапIэм дыщыкIуэмрэ мэрем къэс абы щат уазым дедэIуэну дыщыкIуэмрэ фIэкIа общежитым зэи дыкъыдагъэкIыртэкъым.
  • Мэрем махуэ гуэрым уазым седаIуэу сыщIэст. Ди институтым пэмыжыжьэу щыпсэу Джэудэт Сэхьиди а махуэ дыдэм и унэм уаз щитырт. Цейм жиIэхэм седэIуэным си гур апхуэдизкIэ хуэпабгъэти, сызыщIэсым щыжаIэм щыщу зы псалъи зэхэсхыртэкъым. Уазым едаIуэр минипщIым щIигъурти, «сэ зы закъуэр мы къомым сыкъыхалъагъукIынкъым», — жысIэри, мурад сщIащ сыкъыщIэкIуэсыкIыу, Джэудэт и дерсхэм седэIуэну. Си ныбжьэгъухэм яхэтт Китайм щыщ зы бзылъхугъэ, си дзыхь нэхъ езгъэзу. Си мурадыр щыжесIэм, абыи занщIэу гъусэ зыкъысхуищIащ. Джэудэтхэ я унэм дыщIыхьэну Iэмал дгъуэтакъым, апхуэдизкIэ цIыхур Iувти, ауэ пщIантIэм дыдэту дерсхэм дедаIуэри, дыкъыщIэпхъуэжащ. Алыхьым и фIыщIэкIэ, зыми дыкъащIакъым жытIэри, гупым дахэтIысхьэжащ. Псори зэфIэкIауэ общежитым дыкъыщыкIуэжым, ди егъэджакIуэхэм ящыщ зыр къыдбгъэдыхьэри, щэхуу къыдэупщIауэ щытащ: «Дауэ къыфщыхъуа Джэудэт Сэхьид и дэрсхэр?» Апхуэдизу ткIийуэ дызыIыгъхэр къыдэшхыдэныр щыгъэтауэ, къыпыгуфIыкIа мыхъумэ, зы псалъи къыджаIатэкъым, апхуэдизкIэ пщIэ лей хуащIырт абыхэм Джэудэт Сэхьиди.
  • Ислъам динымрэ мамырыгъэмрэ хуэлэжьэным зи гъащIэ псор тыхь хуэзыщIа адыгэлI щыпкъэр адэкIи узыншэу псэуну Тхьэм жиIэ.
  • АФIЭУНЭ Лусанэ.
  • Мэжджыт цIэрыIуэхэр
  • Къэбус сулътIаным и цIэр зэрехьэ
  • Мы мэжджытыр дунейм щынэхъ инищым ящыщу ябж. Ар щаухуащ Оман и къалащхьэ Маскат.
  • Тхьэм и унэр езым и мылъкукIэ иригъэщIащ Къэбус сулътIаным. Мэжджытым илъэсихкIэ елэжьащ, 2001 гъэм, ухуэн яухри, къызэIуахащ. Абы цIыху мин 20-м зэуэ нэмэз щащIыфынущ. Азэн джапIэм метр 90 и лъагагъщ. Мэжджыт кIуэцIым фIэлъ зы уэздыгъэм тонни 8 и хьэлъагъщ. И кIуэцIым иубгъуа алэрыбгъум метр 70 и кIыхьагъщ, 60 и бгъуагъщ. Ар сменитIузэблэкIыулажьэуцIыхубз 600-м илъэсиплIкIэзэIуащащ.
  • Адэ-анэмрэ бынымрэ
  • Алыхьым и псалъэу КъурIэным къыщыкIуащ адэ-анэм яхуэгъэзауэ быным и хьэкъыр зэригъэзэщIапхъэр.
  • Алыхьым жиIащ: «Сэ цIыхум къалэн фщысщIащ фи адэ-анэм сыт и лъэныкъуэкIи фи сэбэпынагъ евгъэкIыну, анэм гугъуехьыр телъу ныбэкIэ фыкърихьэкIащ, бэлыхьыр телъу фыкъилъхуащ».
  • «Алыхьым къалэн фщищIащ Езым фIэкIа нэгъуэщIым щхьэщэ хуэвмыщIыну, адэ-анэм фIыуэ фахущытыну». Апхуэдэ Iэятхэр куэд мэхъу. Хьэдисми къыщыкIуащ адэ-анэм я хьэкъыр зэрыгуащIэр. Хьэдисым къызэрыщыкIуамкIэ, адэ-анэм я хьэкъыр зыгъэзащIэр хьэжышхуэри хьэж цIыкIури (хьумэращхьэж цIыкIу жыхуиIэр) ищIам хуэдэщ. Алыхьыр арэзы щIыныр адэ-анэм я арэзыщIыныгъэм пыщIащ.
  • Абы и щыхьэтщ мы хъыбар дахэри: Малик ибн Динар хьэж щIын иухри жеяуэ, пщIыхьэпIэу елъагъу Тхьэм къыжриIэу: «Уа, Малик! Мы гъэм хьэж зыщIахэм яхэтщ лIы гуэр — абы и цIэр Абдурэхьманщ, и адэцIэр Мухьэмэдщ, абы и теплъэр мыпхуэдэщ… Зи гугъу сщIы лIым и хьэжри къабыл сщIакъым, и тобэри къабыл хъуакъым».
  • Малик къэушри, пщIыхьэпIэм Алыхьым зи гугъу къыщыхуищIа лIыр къилъыхъуэн мурадкIэ хьэжыщIхэм яхыхьащ. А цIыхухъур КъурIэн еджэу щысу щилъагъум, Малик абы бгъэдыхьащ. Малик къызэрыIуплъэу, Абдурэхьман къэмэхащ. Тэлай дэкIыу зыкъыщищIэжым, абы жиIащ: «Ныжэбэ пщIыхьэпIэу сыкъэплъэгъуауэ къыщIэкIынущ, си хьэжри си тобэри къабыл мыхъуауэ къызжепIэну арауэ къыщIэкIынущ укъыщIысхуэкIуар». Малик зэхихар икъукIэ фIэтелъыджэ хъури, щIэупщIащ: «Уэ си пщIыхьэпIэр къыщыпщIакIэ, Алыхьым хиIэтыкIахэм уащыщщ, дауи, атIэ, сыт уи хьэжри уи тобэри къабыл щIэмыхъур? Сыт апхуэдизу хьэрэму блэжьар?» Абдурэхьман къыIэщIэщIар къиIуэтэжын щIидзащ:
  • «Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, сэ муслъымэну сыщытакъым, ислъам динми сыпэжыжьащ. Фадэр хуабжьу фIыуэ слъагъурт, дуней гъащIэм сыдихьэхат. Рэмэдан мазэм и жэщхэм ящыщ зым чэф сыхъури, унэм секIуэлIэжатэкъым, уэрамым сыщыжеят. Си адэ тхьэмыщкIэр сэр щхьэкIэ гузавэри, мыжейуэ си лъыхъуакIуэ къежьат. Сыкъигъуэтри, унэм сишэжыну сыкъыщигъэушым, сычэфти, сщIэр сымыщIэжу, си адэм и нэкIум хуищIэу сеуащ. А жэщым си адэр губжьри, и ней къысщыхуащ. Удын ездзам и зэранкIэ си адэр нэф хъуащ. Нэху щыуэ чэфыр стеужа нэужь, зэхэсщIыхьа псори къызгурыIуэжащ, арщхьэкIэ, си жагъуэ зэрыхъунщи, зыми къысхуегъэгъэзэжынутэкъым. А махуэм мурад сщIащ сыпсэуху фадэ зыIузмылъхьэну, ислъам динми сихьащ, арщхьэкIэ, си адэм есщIар иджыри щыгъупщакъым, сэри къысхуигъэгъуркъым. СщIам апхуэдизкIэ сыхущIегъуэжащи, мылъкуу сиIэр сщэри, сэдэкъэуэ стащ, зы илъэс къэмынэу хьэж сощI, арщхьэкIэ хьэж щащI мазэм и иужьрей жэщым уэ пхуэдэу Алыхьым хиIэтыкIа цIыхухэм ящыщ гуэрым пщIыхьэпIэу селъагъу, си хьэжри, си тобэри къабыл зэрымыхъуар Тхьэм къыжриIэу».
  • А хъыбарыр зэхэзыха Малик мурад ищIащ Абдурэхьман и адэр къигъуэту, и къуэм къыхуигъэгъуну елъэIуну. ЛIыжьыр хуабжьу къыщыгуфIыкIащ Тхьэм фIыуэ илъэгъуа Малик икIи къыжриIащ сыт хуэдэ и лъэIури къыхуищIэну. Малик лIыжьым зыхуигъэзащ: «Ди адэ, уи нэгу къыщIэгъэхьэт нобэ Къемэт махуэу, уи щIалэр жыхьэнмэм яшэу. Уи щIалэр мафIэм хебгъэдзэнут?» ЛIыжьым псалъэмакъыр къыщIежьар къыгурыIуати, и нэпсыр къежэхыу жиIащ: «Уэ ущыхьэту Тхьэ соIуэ, Малик, си щIалэм къызищIар зэрыхуэзгъэгъумкIэ!»
  • А хъыбар гуапэмкIэ Абдурэхьман ягъэгуфIэну адэри Малики щIалэм и деж кIуащ, арщхьэкIэ Абдурэхьман и псэм еджэу телът. И адэр щилъагъум, абы елъэIуащ къыхуигъэгъуну. «Си щIалэ, шэч къытумыхьэ зэрыпхуэзгъэгъуам. Алыхьым къыпхуигъэгъу», — адэм щыжиIэм, Абдурэхьман шэхьадэр къихьри, жиIащ: «ХьэзрэIил псэхэхыр къысщхьэщыуват мастэр иIыгъыу, си нэр ирищIынкIэ сышынащ, ауэ си адэм «пхузогъэгъу» щыжиIа дакъикъэм абы и сэфэтым зихъуэжащ, жэнэтым къриха щэкI удзыфэ щабэмкIэ си пщIэнтIэпсыр схуилъэщIащ», — жиIэри, Абдурэхьман и псэр тыншу хэкIащ.
  • Аращи, адэ-анэм я хьэкъым дыхуэвгъэсакъ, Алыхьым и арэзыщIыныгъэр къэдлэжьыну дыхуеймэ.