ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«ДыгъафIэ къалэм» икIахэр токIуэ

2019-04-16

  • КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ «Черкесский ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ къыдаIыгъыу КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм иригъэкIуэкIа «Ди Iуэху еплъыкIэхэмкIэ адыгэбзэкIэ дызохъуажэ» зэпеуэр иджыблагъэ зэхуащIыжащ.

  • Зэхьэзэхуэм хэтащ щIыналъэ зэхуэмыдэхэм къикIа гуп 24-рэ. Абыхэм ящыщу финал ныкъуэм кIуар гупиплIт. Ахэр Налшык къалэ дэт «ДыгъафIэ къалэ» сабий творчествэмкIэ академием, Сэрмакъ дэт 2-нэ курыт еджапIэм, Абейкъуажэ, Аруан дэт школхэм я гупхэрщ.
  • КъэпщытакIуэ гупым хэтащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм ЛъэпкъыбзэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Табыщ Мурат, Арщыдан дэт 3-нэ курыт еджапIэм и унафэщIым егъэджэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ Мэшыкъуэ Радимэ, КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм хэт Сэрахъэ Алан, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Хьэрэдурэ Аллэ, Къэбэрдей шууей Хасэм и тхьэмадэ Къудей Аслъэн, «Шэрджэс ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм щыщ Гугъуэтыж Артур, КъБКъМУ-м и лэжьакIуэ Гугъуэтыж Ахьмэд сымэ.
  • «Зэныкъуэкъуныгъэр гъащIэр ипэкIэ зыгъэкIуатэщ», «ЩIыуэпс къэгъэсэбэпыкIэр (зехьэкIэр) ди къэкIуэнум зэран хуохъу» — темэхэмкIэ финал ныкъуэм щызэдэуа гупиплIым я деж пашэныгъэр щаубыдат Сэрмакъ къуажэм къикIа еджакIуэхэмрэ, «ДыгъафIэ къалэм» щыщ цIыкIухэмрэ.
  • АдэкIэ къыкIэлъыкIуэну Iыхьэр теухуауэ щытынут «Зыуэ щыт къэрал экзаменым» хуаIэ Iуэху еплъыкIэм, абы зыхуагъэхьэзырынуи дакъикъэ щэщIт яIэр.
  • Зэманыр мащIэ дыдэми, еджакIуэхэм я гупсысэхэр дахэу, екIуу, гъэхуауэ утыкум къралъхьащ. Сэрмакъ жылагъуэм къыдэкIа цIыкIухэм зыуэ щыт къэрал экзаменхэм фIагъыу хэлъыр, еджакIуэхэм ябгъэдэлъ щIэныгъэр нэсу къэпщытэнымкIэ ар IэмалыфIу зэрыщытыр къыжаIащ, я дэтхэнэ псалъэри щапхъэкIэ щIагъэбыдэжу-                     рэ.
  • Апхуэдэ экзаменхэм дыхуэмейуэ, ар ди гъащIэм хэмытмэ нэхъ тынш зэрыхъунум трагъэчыныхьащ мыдрей гупми. Зыуэ щыт къэрал экзаменхэм зыхуигъэхьэзыркIэрэ сабийм щIэныгъэ нэхъыбэ зэрызримыгъэгъуэтыр, атIэ экзамен зэритыну а предмет щхьэхуэхэм фIэкIа, адрейхэр зэремыгугъур, езыхэм я мызакъуэу адэ-анэхэри гузавэм хэмыкIыу зэрыщытыр, а псор я узыншагъэм зэран зэрыхуэхъур, нэгъуэщI куэди щапхъэу къахьащ «ДыгъафIэ къалэм» къикIа еджакIуэ цIыкIухэми.
  • АдыгэбзэкIэ я гупсысэр къызэраIуатэм и мызакъуэу, къэпщытакIуэхэр кIэлъыплъырт гупым хэт дэтхэнэми и къалэныр  зэригъэзащIэ щIыкIэм — еджакIуэхэм къахь щапхъэхэр темэм зэрехьэлIам, я Iуэху еплъыкIэхэр зэрыпхагъэкIыфым, я бзэм и къабзагъым, я упщIэ зэхэгъэувэкIэхэм, зэманым къызэритIасэм.
  • А псомкIи нэхъ зэпэщу, дагъуэ щIахуэпщIын щымыIэу тетауэ къалъытэри, къэпщытакIуэ гупым «ДыгъафIэ къалэ»  академием и еджакIуэ цIыкIухэм япэ увыпIэр хуагъэфэщащ.
  • Зэхьэзэхуэм хэтахэм псалъэ дахэхэмкIэ зыщыхуагъэзэжым нэхъыжьхэм жаIащ гъэфIэж пшыхьыр мы мазэм и кIэм КъБР-м и Парламентым и унэм щрагъэкIуэкIыну зэрамурадыр.
  • ИСЛЪАМ Нащхъуэ.