ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Iулъхьэм  зэрыпэщIэт Iэмалхэр

2018-12-18

  • КъБР-м щыIэ МВД-м иджы япэу щекIуэкIащ Iулъхьэ тын-къеIыхыным пэщIэтыным, апхуэдэхэр къэмыгъэхъуным теухуа «Прямая линия» зэIущIэ.

  • Фигу къэдгъэкIыжынщи, коррупцэм пэщIэтынымкIэ 2018 — 2020 гъэхэм тещIыхьа Лъэпкъ планым теухуа унафэм мы гъэм мэкъуауэгъуэм и 29-м Iэ щIидзащ Урысейм и Президент Путин Владимир.
  • ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м экономикэ шы­нагъуэншагъэмкIэ, коррупцэм пэщIэтынымкIэ и управ­ленэм и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Дудов Расул, КъБР-м щыIэ МВД-м я щхьэ шынагъуэншагъэмкIэ ­ОРЧ-м и аналитикэ къудамэм и унафэщI, полицэм и майор ­Щомахуэ Анзор, КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэм я щхьэ шынагъуэншагъэмкIэ ОРЧ-м и ОРО-м и унафэщI Къэшэж Арсен, КъБР-м щыIэ МВД-м и УРЛС-м и инспекцэм и унафэщIым и къуэдзэ Къардэн Алим, КъБР-м щыIэ МВД-м экономикэ шынагъуэншагъэмкIэ, корруп­цэм пэщIэтынымкIэ и управленэм и къудамэм и унафэщI Жантуев Залым, КъБР-м щыIэ МВД и УГИБДД-м и        КПО-м и инспектор нэхъыжь Анахаев Рэмэзан, республикэ МВД-м и УРЛС-м и ИЛС-м коррупцэ, нэгъуэщI хабзэншагъэхэр къэмыгъэхъунымкIэ и гупым и инспектор нэхъыжь Алборэ Тимур, КъБР-м щыIэ МВД-м и ОИОС-м и унафэщI Ткаченкэ Ольгэ, республикэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Балъкъыз Валерэ.
  • Министерствэм и IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр тепсэ­лъыхьащ Iулъхьэм теухуауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм, «Прямая линия» телефонымкIэ къэпсэлъахэм жэуап иратащ.
  • 2018 гъэм республикэ МВД-м экономикэ шынагъуэншагъэмрэ коррупцэм пэщIэтынымкIэ и IэнатIэхэм Iулъхьэ тын-къеIыхыным ехьэлIа щIэпхъаджагъи 170-рэ къыщIагъэщащ. Абыхэм ящыщу 149-р щIэпхъаджагъэ хьэлъэ, хьэлъэ дыдэхэу къалъытащ, 48-р мылъкушхуэм ехьэлIат, 2-р зэгъэуIуа гупым е ипэкIэ зэгурыIуауэ ялэжьащ. Зриплъэж пIалъэм къриубыдэу IэнатIэм и лэжьакIуэхэм сэтей къащIащ коррупцэ щIэпхъаджагъэ 76-рэ, судым ягъэ­хьащ уголовнэ Iуэху 64-рэ, Iулъхьэ къызэрыIахам теухуауэ дэфтэр 74-рэ ятхащи абыхэм ящыщу 2-р ахъшэшхуэм пыщIащ (сом мин 300, сом мин 350-рэ), — жиIащ Дудов Расул. АдэкIэ къызэрыхигъэщащи, республикэм и министерствэхэм я зым и унафэщIыр и ­къулыкъу къалэнхэм ебакъуэу къэрал зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ ямыгъэзэщIа, псыIуфэр гъэбыдэным ехьэлIа лэжьыгъэм ахъшэ ­хуиутIыпщащ дэфтэр нэпцIхэм Iэ щIидзри. Абы кърикIуэу къэралым сом мелуани 4-м щIигъу хэщIыныгъэ игъуэтащ.
  • — Ятха щIэпхъаджагъэхэм къыщыхьа бжыгъэхэм ятеп­щIыхьмэ, КъБР-м щызекIуэ Iулъхьэр ику иту сом мин 26,5-рэ мэхъу, КИФЩI-м Iулъхьэр сом мин 500-м щыноблагъэ,- къыхигъэщащ Жантуев Залим.
  • Къэшэж Арсен къыщыпсалъэм къытеувыIащ республикэ МВД-м и лэжьакIуэхэм я шынагъуэншагъэмкIэ къудамэм сыт щыгъуи и нэIэ зэрытетым Iулъхьэ тын-­къеIыхыным пыщIа щIэпхъаджагъэхэр къэмыгъэ­хъу­ным, апхуэдэхэр щыIэмэ къыщIэгъэщыным. 2018 гъэм ап­хуэдэ щIэпхъаджагъэу 10 сэтей къащIащ икIи абыхэм ехьэлIауэ следственнэ IэнатIэхэм уголовнэ Iуэхуу 7 къаIэтащ.
  • Къардэн Алим къызэрыхигъэщамкIэ, Iулъхьэ тын-къе­Iыхыныр щымыIэным хуэунэтIащ я лэжьакIуэхэм я хэ­хъуэр, мылъкуу яIэр къыщыгъэлъэгъуа гъэ къэс къатын зэрыхуейр, абы пцIы хэзытхэм и IэнатIэр зэрыфIэкIуэ-дыр.
  • ЗэIущIэм къызэрыщыхагъэщащи, я щхьэ шынагъуэншагъэмкIэ IэнатIэм Iулъхьэ тын-къеIыхыным теухуауэ ­къаIэта уголовнэ Iуэхухэм ехьэлIа къэпщытэныгъэхэр ирагъэкIуэкIащ икIи абы кърикIуахэмкIэ жэуапым ирашэлIащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэ 21-рэ, абыхэм ящыщу 10-р унафэщIхэщ, лэжьакIуэу 10 ­IуагъэкIыжащ.
  • ЗэIущIэм къриубыдэу «Прямая линия» телефонымкIэ ГИБДД-м, Iэпхъуэшапхъуэ IуэхухэмкIэ управленэм яхуэгъэзауэ республикэм и цIыху зыбжанэ къэпсэлъати, IэщIагъэлIхэм абыхэм я упщIэхэм жэуап иратащ.
  • — ЗанщIэу телефонымкIэ къыдэпсэлъэныр иджы япэу екIуэкIауэ арати, нэхъыбэм я Iуэху къыдахьэлIэну дыпэплъат, ауэ дыщыгугъынщ къэкIуэнум абы зиубгъуну, дэри мазищ къэс ар къызэдгъэпэщыну ди мурадщ — жиIащ Къардэн Алим.
  • Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Балъкъыз Валери къыхигъэщащ зэкIэ зыми зыкъызэрыхуимыгъэзар.
  • ЗэIущIэм и кIэухыу абы хэтахэм журналистхэм я уп­щIэ­хэм жэуап иратащ.
  • Къардэн Алим республикэм щыпсэухэр къыхуриджащ нэхъ жыджэру Iуэхум къыхыхьэну, КъБР-м щыIэ МВД-м дзыхь зрагъэз и телефоным — 40-50-62 — къэпсэлъэну, хэтми зимыбзыщIыну, зыщIэупщIэм и жэуап игъуэтын  пап­щIэ.
  • УАРДЭ  Жантинэ.