ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

CызэплъэкIыху къэсащ щIымахуэр

2018-09-04

  • Ацкъан Руслан и тхыгъэщIэхэр
  • * * *
  •  Слъагъу хуэдэщ, хъуащ щытепщэ гъатхэр
  • сызыхуэзэш адэжь щIыналъэм.
  • Дяку къыдыхьауэ щытми гъэхэр,
  • сигу езэшар абыкIэ маплъэ.
  •  

  • Гъэхэм яку дэкIыу сиIэщ лъагъуэ,
  • абы щIэх-щIэхыурэ сытохьэ.
  • Си гъуэгур кIыхьщ, теуэгъуэу плъагъуми,
  • хэзгъэщIым нэхъ нэхъыбэ хохъуэ.
  •  
  • Сыщалъхуа пщIантIэм сыдыхьэжми,
  • сыкъэкIуэжауэ абы къикIкъым.
  • СыкъыщIэкIынущ ещхьу хьэщIэм,
  • сыщыпсэу щIыпIэр сигу пымыкIыу.
  •  
  • Къэлъэтэж бзурэ пэт къыстокIуэ, —
  • щопсэу си лъахэм щIыIэ хъухукIэ.
  • Сэ сытохьэж сыпIащIэу гъуэгум,
  • къыхэзгъэхъуауэ стелъа щIыхуэм.
  •  
  • Слъагъу хуэдэщ, нэр щIесыкI хужьыгъэм,
  • щоуэркъри гъатхэр адэжь лъахэм.
  • Зэ догуэт, сыщыуа си гугъэщ,
  • сызэплъэкIыху къэсащ щIымахуэр…
  •  
  • * * *
  •  
  • СыдэкIуэтейри Iуащхьэ гуэрым,
  • акъужьыр здепщэмкIэ сыплъащ.
  • Нэсауэ жыжьэ дыгъэр кIуэжти,
  • и бзийуэ хъуар зришэлIэжт.
  •  
  • Абы иужьым иувауэ
  • мы дунеижьыр сэ къысфIэщIт.
  • ГужьеигъуафIэ занщIэу хъуауэ
  • зашийти удзхэм — щIыр къыщIэщт.
  •  
  • ЗыхэсщIэрт Iуащхьэр зэрыбауэр,
  • къысфIэщIу зэм сытриIэтыкI.
  • ЖиIэну хэтт зыгуэр гувауэ,
  • абы и Iуэхури мытыншт.
  •  
  • Гур кIэлъыIэбэу, псэр кIэлъеIэу
  • дыгъэр уэгу гъунэм йобэкъуэж.
  • Сыщытщ, гурыщIэхэр къыстекIуэу,
  • псэ зыпыт псори хъуащ си къуэш.
  •  
  • Дэтхэнэ зыми сыщогугъыр,
  • къысхуейуэ псори къысщохъуж.
  • Апхуэдэу псэхэр зэрыIыгъыу
  • сымылъэгъуам, си фIэщ мыхъунт.
  •  
  • СхэщIари, къысхэхъуари сщIыгъуу
  • сэ Iуащхьэ задэм сыкъохыж.
  • ИкIащ акъужьым и щIэщыгъуэр,
  • здепщэ лъэныкъуэри ехъуэж.
  •  
  • ИгъэупщIыIужу щIыр, къежыхьыр.
  • Мывэм къелыгъуэри — зопщэж.
  • Сэри сыщыщщ мы зэрызехьэм,
  • абы сыхэпшмэ — сыгъуэщэнщ…
  •  
  • * * *
  •  
  • Ныбжь гуэрхэр къыщIоувэ нэгум,
  • къысфIэщIрэ слъагъурэ сымыщIэу.
  • УвыпIэ куэд си гъащIэ тIэкIум
  • абыхэм щаубыдащ, мыупщIэу.
  •  
  • Щопсэу а ныбжьхэр бгъуэнщIагъ нэщIхэм,
  • щахуэмыхьыжым деж къыщIэкIыу.
  • Дунейм къытохьэ ахэр жэщкIэ,
  • къурш ныбжьым зыхагъапщкIуэ щIыкIэу.
  •  
  • Заплъыхьыр, сакъыу, жыжьэ даIуэу,
  • къапкърыкI нэхури согъэщIагъуэ.
  • Зи ныбжьхэр ахэр — къызгуроIуэ —
  • дунейм тетыжкъым Iэджэ щIауэ.
  •  
  • ДымыщIэ гуэр абыхэм ящIэ,
  • ар зыхызощIэ сэ гукъуэпскIэ.
  • Iуэхушхуэ дэлъщ абыхэм я пщэм,
  • къэтщIэнщ ар, и зэманыр къэсым.
  •  
  • Къысхуэнэр зэкIэ, псэху сымыщIэу,
  • къэкIуэнум сежьэу зезгъэсэнырщ.
  • Еухыр жэщыр. Щэхуу ныбжьхэр
  • щIохьэж бгъуэнщIагъхэм, гупсысэну…
  •  
  •  
  • Сабиигъуэм щыщ
  •  
  • И макъыр псыежэхым псыхъуэм дэзщ.
  • Абы хохьэжри жыгхэм къаIущэщыр,
  • щызгъакIуэу хым и Iуфэм
  • къысфIощI жэщыр,
  • уэгу гъунэр къысщохъужыр хым и нэз.
  •  
  • Мы гъатхэ жэщыр слъэгъуа псом емыщхь,
  • къиубыдым нэм хэпхъащ иджы
  • хужьыгъэр,
  • сымыщIэ къэгъэгъауэ фIэкI кIыфIыгъэр.
  • Балигъ сыхъунум къэнар зым щымыщ.
  •  
  • Ди къуажэм дэкI гъуэгу закъуэм сытехьэнщ,
  • къысхуэгумащIэ ди хьэр ныскIэлъыжэу.
  • Абы, зрилъэфыхьрэ, игъэзэжым —
  • зэшыгъуэ куум ещхь гуэр
  • къыспкърыхьэнщ.
  •  
  • АрщхьэкIэ къэзгъэзэнкъым. Сыхыхьэнщ
  • зэм-зэмкIэ уэгур зыгъэтхытх гъащIэшхуэм.
  • СызыпIа лъахэм къыстенэнщ и щIыхуэ.
  • Ар япшыныжым щыщкъым, щIы уи фIэщ.
  •  
  • 253-нэ сонет
  •  
  • Си нэр зэтеспIэм, нэхъыбэ солъагъу,
  • кIуар къыхыхьэжу, къэкIуэнур къыхыхьэу.
  • Си псэр джэгужкъым — ещIэж къызэлар,
  • макIуэ си гъащIэр, пэщIэту ухыгъэм.
  •  
  • Хыр зи инагъыр щызоуэ си нэгу,
  • зэми икIуэтрэ уэгу гъунэр илъэсу.
  • Лъэтэж кърухэм хагъэщIыр я гъуэгу,
  • я хъуреягъыр джэ макъкIэ пхагъэзу.
  •  
  • Абыхэм ягу щыщIэр зымыщIэр сэра?
  • ПщIэжмэ, тепхъащ дунеижьым
  • си лъэпкъыр.
  • Си нэр зэтеспIэм, щIы щIагъри солъагъу,
  • уафэм и къуагъым щигъэпщкIури
  • солъагъур.
  •  
  • Куэд щызэблокIыр аргуэру си нэгум.
  • Си нэр зэтесхмэ, Iэпхъуэнухэщ си гум.
  •  
  • 254 нэ сонет
  •  
  • Щопсэу зы цIыху иджыри
  • си Iэпкълъэпкъым,
  • ар зэм сэ сщыщщ, зэм хамэм хуэдэ гуэрщ.
  • Езым зебжыж си гъэру — сэ ар сIыгъкъым,
  • сыIэщIэкIыну сыщыхэтри куэдщ.
  •  
  • Щымыхъун дыдэм деж ар къыспоувыр,
  • къемызэгъ псалъэ кърилъхьэнщ утыку.
  • Абы жиIар къалъытэурэ нэхъыфIу,
  • нэхъыбэр си гурыщIэхэм хуэдэгущ.
  •  
  • Абырэ сэрэ диIэр зы гъуэгуанэщ,
  • зэгъусэу дылIэжынуи къыщIэкIынщ.
  • КъытхужаIэнущ: — ЗэрытегъэкIуакъым,
  • зыр течыгъуеймэ, адрейр тэмакъкIэщIт.
  •  
  • Ар сигу нэхъ ирохьыж, кIуэтэху
  • си ныбжьыр.
  • ЩIэх-щIэхыурэ аращ гуитIщхьитI
  • сызыщIыр.
  •  
  • 255-нэ сонет
  •  
  • Жэщыр ибг иуащ щыжысIэ дыдэм,
  • блэкIа махуэр гум къыщIитхъыу хуожьэ.
  • Си дунейм щыщ Iыхьэ нэщI хъуа хуэдэщ,
  • ар си гъащIэ кIэщIым зэрыхэщIрэ.
  •  
  • Сыт дыгъуасэ, адрей псом емыщхьу,
  • къыщыхъуар си гъащIэм? — согупсысыр.
  • ЩыIэу сэ апхуэдэ гуэр сымыщIэ,
  • йокIуэкI псори а зэрыщытыпсу.
  •  
  • Ауэ щыхъукIи — дыгъуасэрей махуэр
  • къысфIоувэ махуэ куэдым япэ.
  • Зэм ар къыщIэкIыну си фIэщ мэхъур
  • зы Iуэхушхуэ гуэрхэм я щIэдзапIэу.
  •  
  • Нэху зэрыщыр хъуа нэужькIэ IупщI,
  • си къэкIуэнум и джэ макъ къэIунщ.
  •  
  • 256-нэ сонет
  •  
  • Аращи, согъэзэжыр си хэщIапIэм,
  • щыIэжкъым си псэм къыщимыкIухьа.
  • Зэхэздзыжынущ хуэму сиIэр псапэу,
  • къэсхьар гуэныхьу, лейуэ къыстехьар.
  •  
  • Изгъэзэгъэжрэ и пIэ мис а псори
  • зы гугъэ гуэрхэр къысхуэнэж нэужь,
  • нэхъ ерыщыжу щIэздзэжынщ сыпсэууэ,
  • гъуэгу кIыхьхэм щамылъагъуми си лъэужь.
  •  
  • ДэкIыгъуэр сыт, егъэзыхыгъуэрщ гугъур,
  • зыгуэркIэ урихьэжьэм — зэфIэкIащ.
  • Сыщыхуеинур дяпэкIэщ си гугъэм,
  • гъусэ нэхъ пэжыр ара къыщIэкIынщ.
  •  
  • Сыплъыхъуэжынущ уэри — ар зэгъащIэ.
  • Езым сымыщIэу ухэтащ си гъащIэм.
  • * * *
  •  
  • Я куэбжэпэм деж щыт жыг закъуэм
  • зыкъом щIауэ ар теплъэ хъужкъым,
  • ауэ и гур бгъэм имызагъэ,
  • къыщIигъэхьэм и нэгу ар гъужу.
  •  
  • Закъуэныгъэ щапхъэу а жыгыр
  • къилъытащи абы зэгуэрым,
  • къыщытекIуэм и деж зэшыгъуэр,
  • ар здэщыIэ лъэныкъуэмкIэ кIуэркъым.
  •  
  • ЗыщIэхъуэпсыр мэхъур куэдыIуэ.
  • И щIалэгъуэщ, мэпабгъэ и гур,
  • псым елъэнущ тету кIуэрыкIуэм,
  • ауэ быдэу епхащ и щIыгум.
  •  
  • Зэпичынщи, узу, къуэпс гуэрхэр,
  • гъуэгу техьэнщ ар махуэу е жэщу.
  • СощIэ, ар сыздэщыIэм къэкIуэнущ,
  • дяку дэлъ гъуэгум псынщIэу хигъэщIу.
  •  
  • Ар къэсынкIэрэ хъунщ пасэIуэу,
  • сымыхьэзыру сыхуэзэну.
  • Ар къэкIуэнкIэри хъунщ кIасэIуэу,
  • сыщимыгъуэтыжынум зэи.
  •  
  • Ар къэкIуэнущ — аращ нэхъыщхьэр.
  • IэщIэкIар зэшым зым хуэубыдкъым.
  • СфIэфIт къыщхьэпэмэ си лъэужьыр,
  • къэскIуащ сэри а гъуэгу дыдэр…
  •  
  • * * *
  •  
  • ГумащIэ сохъу, сахуэзэмэ унэжьхэм,
  • зысIэжьэу, сыздежьам сыкъыкIэрыхуми.
  • Унэжьхэр щытщ, тегупсысыкIым ещхьу,
  • сэ сфIэфI пхъэм и мэ гуакIуэр
  • къакIэрихыу.
  •  
  • ГъущI Iэджэ зыхэлъ унэхэр мэлыдыр,
  • я напщIэм телъщ абыхэм я лъагагъыр.
  • УнэщIэхэр къызжаIэми нэхъ быдэу,
  • унэжьхэм къыхызох я гумахагъыр.
  •  
  • Сэ жьы хъуа цIыхухэм изогъэщхъ
  • унэжьхэр,
  • къэсахэм нобэм, гугъуехь Iэджэм къелу.
  • ТекIыжа пыIэм ещхьу слъагъу унащхьэм
  • къыщIэплъ щхьэгъубжэ къэскIэ гущIэм
  • къоплъэ.
  •  
  • Я гъащIэм пшэм хэт пэшхэм щыпсэу
  • цIыхухэм
  • бзу мылъэтэфым и дунейщ хэслъагъуэр.
  • Губзыгъэт ди адэжьхэр: унэр абыхэм
  • щытакъым ящIу жыгым нэхъ нэхъ лъагэу.
  •  
  •  
  • * * *
  •  
  • Сыту лIыфI куэд мы дунейм тета.
  • ГъащIэр яхьами зэхэзехуэну,
  • Я нэхъ шынагъуэм пимыкIуэта.
  • Нобэ допсэур ахэр къытхуэту.
  •  
  • Нобэ допсэур. Зэм къысфIощIыж
  • дымыпсэуами — зы къэмыхъуну.
  • ЛIыфIхэм къахьахэр куэдрэ дощэж,
  • мылъкуу къэтлъытэм къыхэдгъэхъуэну.
  •  
  • Сыту лIыфI куэд мы дунейм тета.
  • Уафэм сыхоплъэ, гурыщIэр къеблу.
  • ЛIыфIхэм я псэхэр щыпхылъэтам
  • къэна гъуанэхэм вагъуэхэр къоплъыр…
  •  
  • * * *
  •  
  • Щыуагъэу сщIар къызолъытэжыр,
  • зырызу щызгъэвыжу гущIэм.
  • Яхэтщ къыщысхь си гукъыдэжым,
  • къахокIыр зыхуэсщIыни фIыщIэ.
  •  
  • Абыхэм куэдрэ си гъащIэр
  • зэтраухуащ, ираIуэнтIэкIыу.
  • СымыщIэ гуэр аргуэру къасщIэрт,
  • къызэжьэу нэхъыбэж къыщIэкIырт.
  •  
  • Сопсэур зэкIэ, сыщIихьауэ,
  • къикIуэтыжыкIэ лъэпкъ сымыщIэу.
  • Зэбгъэзэхуэн мыхъун щыуагъэр
  • лIэныгъэ закъуэрщ — ар иужькIэщ.
  •  
  • * * *
  •  
  • Гум ихуа псалъэм солъыхъуэж,
  • ар псом нэхъыщхьэу къыщIэкIынут.
  • Абы епхауэ къысщохъуж
  • къысхуэна гъащIэм хулъэкIынур.
  •  
  • Ихуащ ар си гум. Дэнэ кIуа?
  • зэрыгъунэгъур зыхызощIэ.
  • Псалъэ лей къомыр къыстекIуэху,
  • а зым сылъыхъуэжынущ, сощIэ.
  •  
  • Ар мыкIуэдын. Къигъэзэжынщ,
  • сыпэмыплъэж зэгуэрым хъумэ,
  • къызэщIикъуауэ уафэм щыщ
  • е къыкIэрихыу псыхъуэм и мэ.
  •  
  • Дэ дызэщIыгъуу дыпсэунщ,
  • зы къэмыхъуа нэхъей, аргуэру.
  • ИтIанэ сыткIи къызэупщI,
  • усхуэмылъыхъуэ сыздэкIуэнум.
  •  
  • * * *
  •  
  • Гур здэплъэм нэскIэ си дунейщ,
  • жызоIэ, ауэ къыслъысыжыр
  • сэ сыздэкIуэфым нэс къудейщ,
  • нэхъ къасщтэу унэм сынэсыжым.
  •  
  • СыпIащIэу пщIантIэм сыдохьэж,
  • сыщIэсщ мамыру ди жыг щIагъым.
  • БлэкIауэ хъуар къысщхьэщохьэж,
  • къысщохъур зэрызехьэу къуаргъыу.
  •  
  • Къесынущ уэс — сэ согупсыс,
  • ирокIуэ щIыIэр си Iэпкълъэпкъым.
  • Жыг тхьэмпэр жьыбгъэм егъэсыс,
  • зэрыпыхунур сигъэлъагъуу.
  •  
  • ЗыщIыпIэ деж щIым къыщыпхоплъ
  • нэм къыщIэплъэну хэт жыг лъабжьэр.
  • Абы и плъэкIэм Iэджи хэлъщ —
  • я зэхуэдитIу щIым, уэгу лъащIэм.
  •  
  • Псэм пэгъунэгъухэм согупсыс,
  • зырызу сигукIэ сеубзэжу.
  • Яхэтыр мис а псоми зыщ
  • зэгуэр сщIа гугъэм ехъуэпсэжу.
  •  
  • А зыр си гъусэу сэ сыхуейщ
  • псэр здэкIуэм нэс пхысшыну лъагъуэ.
  • Гур здэплъэм нэскIэ си дунейщ,
  • арщхьэкIэ гури мэхъур набгъэ.
  •  
  • * * *
  •  
  • Ди къуажэкхъэм ситщ сэ аргуэру.
  • Къызопсалъэ жыг тхьэмпэ гъущэр.
  • КъызоупщI сыкъызыхуэкIуамкIэ,
  • Iущащэ защIэу, акъужьыр.
  •  
  • Сын зэхуакухэм сыдокIыр щэхуу,
  • сыдэт хуэдэ уэрам зэвым.
  • Щхьэгъубжэхэм къыдэплъ къысщыхъуу,
  • нэ сакъхэр къыхоплъыр мывэм.
  •  
  • Къуаргъ гуэр аддэ жыжьэу щохъущIэ.
  • Кхъэр ещхьщ жейм хилъэфа хьэблэм.
  • Бгъэм щIикъузэ фэкIа умыщIэу,
  • кхъащхьэ къэс илъщ щIым и IэплIэм.
  •  
  • ЩIым щIэлъхэм сепсалъэурэ сокIуэ,
  • зэм-зэмкIэ си гур къилъэту.
  • — Си анэм фыхуэсакъ, — жызоIэ, —
  • си адэми хуэфщI гулъытэ…
  •  
  • * * *
  •  
  • Сыт щыгъуи сегъэгушхуэ псы къиуам,
  • сышынэми лей гуэрхэр зэрихьэнкIэ,
  • Мес, жыгри здихьу, нэпкъыр къыгуэуащ,
  • мывэшхуэхэр, зэрышхыу, ирехьэхыр.
  •  
  • ЩымыIэу хуэдэ зи фIэщ хъужа псым
  • ищIам хущIегъуэжыну и гум къэкIкъым.
  • И гуащIэ уафэм хэлъщи мис а псом,
  • къыхуоплъыхыж, зигъэпщу, и зэфIэкIым.
  •  
  • И жапIэм, зыри къэмыхъуа нэхъей,
  • пщэдей дэувэжынущ псыежэхыр.
  • Уэгу къащхъуэ зы пшэ закъуэ щымыхъейм
  • зищIынущ псыр къиуауэ имыщIэххэу.
  •  
  • ИкIыхукIэ махуэр гущIэм щызесхьэнщ
  • зы пIейтеигъэ гуэр, ескъух мыхъуну.
  • Аргуэру, кIуэрэ пэткIэ, сигу къихьэнщ
  • псым и къежьапIэм нэс сыдэкIуеину…
  •  
  • Насып
  •  
  • — УздэщыIар уэ дэнэ, жэщыр
  • и сахуэу махуэм къыщысщыхъум,
  • дыгъэр, си гуауэр къыщIигъэщу,
  • и гъуэгу щытеувэжым щыгъуэ?
  •  
  • УкъысхуэкIуакIэ сыт имыгъуэу,
  • сыпхуэмеижу къыщыслъытэм.
  • Иджы нэгъуэщIхэм сахуолъыхъуэ
  • хъуэпсапIэу сиIа уи гулъытэм.
  •  
  • — Инщ мы дунейр. СызыхуэкIуэну
  • зи натIэм итыр Iэджэ мэхъур.
  • Сагъэгуващ сэ тIэкIу зыгуэрхэм,
  • сыджакIэ, бжэр къысхуIуамыхыу…
  •  
  • * * *
  •  
  • Хэт сыт жиIэми — лъэщщ упсэуну,
  • ар иджыщ щызыхэсщIэр нэсу.
  • СыкъокIуэлIэж пIейтейуэ си унэм,
  • си гъащIэ кIыхьыр зэуэ си гъусэу.
  •  
  • Мы си щытыкIэр — насыпышхуэщ.
  • СыIукIыжынукъым зэкIэ жыжьэ.
  • ДэнэкIи гъази, — псэр ягъэгушхуэу,
  • хэIэтыкIа нагъыщэщ жыгхэр…